Битокъумрэ Къудеймрэ я шыр къэралым щыпашэщ

Краснодар и шыгъэжапIэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм шы щагъэхъу и заводхэм я Бжьыхьэ кубокымрэ шыгъажэ лъэхъэнэр зэрызэхуащIыжым ехьэлIа зэхьэзэхуэмрэ. 

МахуитIкIэ екIуэкIа къызэдэжэхэм хэтащ шы лъы къабзи 196-рэ. Ахэр щIэбэнащ сом мелуан 28-рэ зи куэдагъ саугъэт фондым. Мы гъэм Налшык шыгъэжапIэм икIыу Краснодар зэхьэзэхуэм кIуащ шы 15. Ди шууейхэмрэ шыхэмрэ зэфIэкI лъагэхэр къагъэлъэгъуащ. Псори зэхэту КъБР-м икIахэм зыIэрагъэхьащ зы япэ увыпIэ, етIуанэу щы, ещанэу тIу. 
Шыгъажэм дихьэххэр куэдкIэ зыпэплъа «Налшык» хьэлвэ ­щащI заводым и шитIым гугъэхэр къагъэпэжакъым. Ар хуэпхь хъунущ ахэр сытым щыгъуи къэзыгъажэ мастер-шууей Улубаев Хьэмзэт и пIэкIэ япэу ятесар мастер-шууей Кулинич Юрий арауэ зэрыщытыр. 
Апхуэдэу, илъэситI зи ныбжь шыхэр метр 1600-м къыщызэдэжа «Саугъэтышхуэ» зэпеуэм етIуанэу къыщысащ Быф Руслан иш мастер-шууей Иванский Александр зытеса Жамал Чойс пцIэгъуэплъыр. Шыр егъасэ Самохинэ Ольгэ. 
Ику ит кIыхьагъ гъуэгуанэм къыщыжэхэм я кубокым (метр 1600-рэ) щIэбэнащ илъэсищ ныбжь зиIэ шыхэр. «Налшык» хьэлвэ щащI заводым и Советник шыр секунд иримыкъукIэ къыкIэрыхуащ япэ увыпIэр зыубыдам. КилометритIыр къыщызэрэнэкIами зымащIэкIэ къыщыхагъэщIащ Битокъу Мухьэмэдрэ Къудей Хьэсэнрэ я гъэсэн Прауд Мейкер. Краснодар крайм и шы завод №711-м къыщагъэхъуа Паганини абы къызэрыщхьэщыкIар пщэ къудейкIэщ. 
Лъэхъэнэр зэрызэхуащIыж «Бжьыхьэ» зэпеуэм метр 1600-м къыщызэдэжащ илъэситI зы ныбжь шыхэр. Абы ещанэу къыщысащ «Малкинский» шы заводым къыщагъэхъуа пцIэгъуэплъ Модератор. Шым тесащ мастер-шууей Улубаев Хьэмзэт. Тренерыр Самохинэ Ольгэщ. 
Къызэдэжэхэм пщIэ нэхъ лъагэ дыдэ зиIэ, сом мелуанищрэ мин 400-рэ зи саугъэт фондыр хъу, Супердерби (Лазарев М. и цIэр зезыхьэм) метр 2400-рэ зи кIыхьагъым здытеуващ илъэсищ зи ныбжь шыхэр. Абы ещанэу къыщысащ мастер-шууей ­Кулинич Юрий къигъэжа «Налшык» хьэлвэ щащI заводым ей ­Терек Стар. 
«Бжьыхьэ марафон» зэхьэзэхуэм щызэдэжащ къэралым гъуэ­гуанэ кIыхьым къыщыжэнымкIэ шы нэхъыфI Битокъумрэ Къудеймрэ я гъэхъун Даймон Линк. ХакIуэ гъуэзэджэр нэхъапэхэми щытекIуат Павловскэ, Краснодар, Налшык шыгъэжапIэхэм. Нэгъабэ а саугъэт дыдэр Краснодар щызыIэригъэхьат. Мы гъэми къикIуэтакъым. Метр 3200-м абы жыджэру къы­щыпэщIэтащ «Волгоградский» шы заводым и гъэхъун пцIэ­гъуэплъ Брайтман. АрщхьэкIэ зы щхьэкIэ ди шыр япэ ищащ. Даймон Линк тесащ дунейпсо класс зиIэ мастер-шууей Каппушев Мырзэбэч.
«ЗэрызэхуащIыж» саугъэтым щIэбэнащ илъэсищ зы ныбжь шыхэр. Метр 1800-м ещанэу къыщысащ Битокъумрэ Къудеймрэ яш, мастер-шууей Шыгъушэ Айдэмыр зытеса Блессед Кинг. 
Къызэдэжэхэр щызэпагъэум, шыгъажэм кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ котильонкIэ (шы балет), кавказ лъэпкъхэм я ­къафэхэмкIэ, уэрэдхэмкIэ. 
Къэхъун  Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.