Малика и проектыр токIуэ

Ди къэралым илъэс зыбжанэ хъуауэ щокIуэкI щIалэгъуалэ ныбжьыщIэхэм я проектхэр утыку къыщрахьэ икIи щыпхагъэкI «Урысейр Iэмалхэр хуиту къыщагъэсэбэп къэралщ» Iуэхугъуэм и «Таврида» зэ­пеуэр. Ар къызэрегъэпэщ УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм.
Псори зэхэту зэпеуэ иным хэIущIыIу щащIащ проект 26-рэ. Абыхэм къыхагъэбелджылыкIащ нэхъы­фIипщIыр. Проектхэр гъащIэм хэп­щэ­ным хухахащ сом 5957000-рэ. Урысейпсо зэ­хьэзэхуэм кърикIуахэр къыщапщытэж зэIущIэ иджы­благъэ къы­щызэра­гъэ­пэ­щащ Къры­мым.
Ди республикэм щыщ, зэфIэкI лъагэ зиIэ Атабие­-вэ Малика хэтащ мыгъэ­-рей зэпеуэм икIи ехъу­лIэныгъэфI­хэр щы­зыIэ­ригъэхьащ. Абы утыку ­ирихьа «Бгыхэм я Iэуэ­лъауэншагъэ» проектыр ­зэ­хьэзэхуэм кърихьэлIа къэп­щытакIуэ гупым гунэс ящыхъуащ. Малика и лэжьыгъэ куп­щIафIэм икIи хьэлэмэтым къыпэкIуащ сом мел­уан. А мылъкур трагъэ­кIуэ­дэнущ проектым къы­щыгъэлъэ­гъуа Iуэху­гъуэхэр ди щIыналъэм щыгъэзэ­щIэ­ным.
- «Бгыхэм я Iэуэлъауэн­шагъэ» си проектым къы­щызгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ­хэм япкъ иткIэ, тетхыну ди мурадщ художественнэ ­фильм ин, балъкъэрыбзэр и лъабжьэу. Абы къыщыдгъэсэбэпынущ Кавказ Ищхъэрэм и иджырей компо­зитор цIэрыIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа макъамэ зэмылIэужьыгъуэ куэд, - жеIэ Малика. - Лэжьыгъэ­хэр зэфIэкIа нэужь, филь­мыр щыдгъэлъэгъуэну ди мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэр­джэ­сым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ставрополь крайм.
Лъэпкъ щэнхабзэр хъу­мэным, абы щIалэгъуалэр де­гъэхьэхыным хуэгъэпса а лэ­жьыгъэр, шэч хэмылъу, куэдым яфIэхьэлэмэтынущ. Жэрдэмыр къызыбгъэдэкIа пщащэм дохъуэхъу и мурад псори къехъулIэну, и цIэр ­фIыкIэ жыжьэ зыгъэIун лэ­жьы­гъэ куэдым я зэхэубла­кIуэ хъуну.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.