Япэ адыгэ тхакIУЭ Къаз-Джэрий СулътIан

Урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ ину зыщаужьа, лъэпкъ щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм лъэщу зыкъыщиIэт лъэхъэнэм ирохьэлIэ Кавказыр къэгъазэ имыIэжу Урысейм щыгухьар. Урыс щэнхабзэм и нэхур ятепсащ 1917 гъэм и пэкIэ тхыбзэ зимыIауэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм. ХIХ лIэщIыгъуэм абыхэм ­къахэкIащ япэ щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, жур­налистхэр. Я цIэ къитIуэнщ урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ зи гупэр хуэзыгъэзахэу Нэгумэ Шорэ (1794 - 1844), Къуэдзокъуэ Лэкъумэн (1818 - 1883), Къаз-Джэрий (1807 - 1863), ХьэтIохъущокъуэ Къазий (1841 - 1899), Хъан-Джэрий (1808 - 1843), КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий, 1840 - 1872), Ахъмэтыкъуэ Къазибэч (1872 - 1902) сымэ. Ахэр псори Урысейм щеджащ. Я тхыбзэ зэрагъэпэ-щын зэралъэмыкIам къыхэкIыу, зэрытхэуи щытар урысыбзэщ. Пушкиным зэрыжиIащи, абыхэм урысыбзэр «Iэзэу, жьэнахуэу икIи шэрыуэу» къагъэIурыщIэрт.
А лъэхъэнэм езы урыс дыдэхэм яфIэгъэщIэ­гъуэн хъурт, Белинский В. Г. зэритхауэ, «адыгэр урыс тхакIуэхэм я сатырым зэрыхэувэр икIи ар пщIэ зыхуащI литератор куэдым нэхърэ нэхъ Iэзэу урысыбзэм зэрыхуэшэрыуэр».
Япэ адыгэ тхакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм щIэ­ныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр куууэ яджщ, дуней­псо, урыс классикэ литературэхэр фIыуэ зра­гъащIэри, къызыхэкIа лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ ­къалъыхъуащ, адыгэр Урысейм и щэнхабзэ пэрытым ешэлIа хъуным я къару ирахьэлIащ. АбыкIэ сэбэп къахуэхъуащ лIакъуэлIэш революционер Грибоедов А. С., декабристхэу Кюхельбекер В. К., Одоевскэ А. И., Бестужев-Марлинскэ А. А., Якубович А. И. сымэ, ермэлы зэкъуэшхэу Бебутовхэ, куржыхэу Чавчавадзе Ильярэ Орбе­лиани Григолрэ. Кавказым и цIыху пэрытхэр ­Урысейм и лIакъуэлIэш революционерхэм я телъ­хьэт. Кавказым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ псынщIэу заужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэфIхэр ­яубзыхуурэ, абыхэм къагъэлъагъуэрт мамырыгъэ щыгъэIэным, урысхэмрэ бгырысхэмрэ ныбжьэгъугъэкIэ зэшэлIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Сенат утыкум къыщыхъуа зэщIэхъееныгъэм и ужькIэ декабрист куэд, я офицерыгъэр трахыурэ, Кавказым щыIэ дзэхэм къагъэкIуат. Абыхэм я ­гъуэгур адыгэхэм я щIыналъэм кIуэцIрыкIырт. ИкIи Бестужев-Марлинский Александр зэрыжиIауэ, «Кавказ курыкупсэм щалъагъу дахагъым и за­къуэтэкъым декабристхэр дэзыхьэхыр, абыхэм «зрагъэщIэну хуейт бгырысхэм я зэхэтыкIэр, я хабзэхэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ».
Адыгэхэм я гукъэкIыжхэм фIыкIэ къахощыж урысхэмрэ бгырысхэмрэ зэпэгъунэгъу хъуныр зыфIэкъабылу щыта декабристхэр. Абыхэм яубырт пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI хъун­щIакIуэ зауэр, бгырыс лъэпкъхэр зыгъэулъий политикэ мыхъумыщIэр.
«Кавказыр мамыру вгъэпсэуи, дуней жэнэтыр Евфрат къыщывмылъыхъуэ… Ар мыбдежращ здэщыIэр», - жиIэрт Бестужев-Марлинскэм. Де­кабрист Розени и хэку щыкIуэжым итхыгъащ: «Узыншэу, Кавказ! Уэ узыгъэбжьыфIэ дахагъэм къыхрехъуэ уи деж щыпсэухэм я зэIузэпэщ гъащIэри».
Адыгэ тхакIуэшхуэ КIэрашэ Тембот «Революцэмрэ бгырысымрэ» журналым 1932 гъэм тридза тхыгъэм пэжу къыщигъэлъэгъуащ Iэмалыншагъэм ирихулIэу зы зэман лъэпкъым игъуэта дуней тетыкIэр абы и хьэл-щэну пIуатэ зэрымыхъунур, шэрджэс лъэпкъыр, и щхьэхуитыныгъэр ихъу­мэжурэ, зауэ Iуэхум нэхъ хуэгъэпса зэры­хъуар, и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ заригъэужьыну Iэмал зэримыIэр езым зэримызэраныр.
АтIэ, илъэс куэдкIэ Урыс-Кавказ зауэм и пэ­жы­пIэр зэрыщIауфэным хэтащ, пащтыхь генералхэм Шэрджэсым, Дагъыстэным, Шэшэным щызэ­рахьэ залымыгъэр ягъэзахуэу, мысэр хей ящIу буржуазнэ тхакIуэхэм Iуэхур зэрыщымыту ятхырт, Кавказ лъэпкъхэр лъыифхэу икIи гущIэ­гъуншэхэу жаIэурэ Iэджэ пцIыи яIуатэрт, уеблэмэ бгырысхэм гущIэгъуншагъэр я хьэлу къыщIрагъэдзыну хэтт.
Езы пащтыхьыр хэтыт абы щыгъуэ? Аратэкъэ бгырысхэм я лъыр щысхьыншэу зыгъажэр? Абы и генералхэратэкъэ цIыхухъу зыдэмысыж къуа­жэхэм сабийхэмрэ жьыкIэфэкIэхэмрэ щызэтезыукIэр? Бгырысхэм фIыуэ ялъагъу хуитыныгъэр. Ар яхъумэжу ирагъэкIуэкIырт бэнэныгъэ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ урысхэм пыщIэныгъэ ­хуаIэныр яфIэкъабылт бгырысхэм. Ауэ пащ­тыхьымрэ лъэпкъ псомрэ зыкъым, езы урыс лэ­жьакIуэбэри арат зыгъэпщылIыжыр.
Кавказми пащтыхьыр къэкIуат и пщылIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIыну. Адыгэхэм Iэщэр яIэщIэлъу зауэм IукIуадэмэ нэхъ къащтащ, пщылI хъу нэхърэ.
Марксрэ Энгельсрэ я нэIэ къытрагъэтт Кавказым зауэр зэрыщекIуэкIым икIи зэрахуэфэ-щэнкIэ пщIэ къыхуащIащ адыгэ лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжым. Маркс а зэманым мыпхуэдэу итхащ: «Шэрджэс хахуэхэм аргуэру урысхэм я деж текIуэныгъэфI зыбжанэ къыщахьащ. Лъэпкъхэ, зыщевгъасэ абыхэм я деж, щхьэхуиту къэнэжыну хуей цIыхухэм яху­зэ­фIэкIыр зэвгъэлъагъуи».
Адыгэхэм яхэлъ лIыхъужьыгъэшхуэр дуней псом яфIэтелъыджэт. ИкIи Мэжэрым, Алыджым, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэми къикIа рево­люционерхэри адыгэ шэрджэс мэхъаджэхэм ядэзауэрт.
Грибоедоври, Лермонтоври, Толстой Леви Кавказым щхьэусыгъуэ зырыз яIэу къэкIуат, ауэ ахэр зэдарэгъут пащтыхьым Кавказым щызэрихьэ мыхъумыщIагъэр щысхьыншэу сэтей къыщащIкIэ. Езыхэм пщIэ хуащIырт бгырысхэм, фIыуэ ялъагъурт абыхэм я IуэрыIуатэр.
Пушкиныр тIэуней щыIащ ди хэкум. Ар адыгэ-хэм я гъащIэм нэ жанкIэ кIэлъыплъырт, пщIэшхуэ яхуищIырт хуитыныгъэр фIыуэ зэралъагъум щхьэкIэ, фIэгъэщIэгъуэнт яхэлъ хьэщIагъэр, нэ­мысыр, лIыгъэр. ПщIэнши хъуакъым Кавказым зэ­рыщыIар - ди щIыналъэм теухуа усэхэр, поэмэхэр итхащ.
«ЩIыпIэ узытхьэкъущ. Абы сыт хуэдиз поэзие къыщызгъуэта, сыт хуэдиз гурыфIыгъуи щызгъэунэхуа!» - жиIэу и Iыхьлы Павлищевым хуи­Iуэтэжат здэщыIар къызэрыщыхъуар. Урыс тха­кIуэшхуэр и телъхьэт бгырысхэр фIырыфIкIэ Урысейм гуэгъэхьэным. Зэман кIыхькIэ Кавка­зым щыIащ Лермонтов Михаил. Абы куууэ щы­гъуазэ зищIат бгырысхэм я псэкупсэ щэнхабзэм, я хьэл-щэным, я хабзэхэм, я псэукIэм, дуней тетыкIэм.
«Кавказырыс» зыфIища и очеркым, и щхьэм тритхыхьыжам, усакIуэм щыжеIэ: «ЛIыхъужьыгъэ зыхэлъ лъэпкъым и IуэрыIуатэ усэбзэкIэ тхам ар итхьэкъуат (зи гугъу ищIыр адыгэхэрщ - Хь. М.), бгырысхэм я хабзэхэмрэ я хьэлхэмрэ ­хъарзынэу къыгурыIуат, я пелуанхэр я цIэкIэ зэригъэщIат, я лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къызыхэ-кIахэр игу ириубыдат».
УсакIуэм и тхыгъэхэм увыпIэшхуэ щеубыд ­«Урысеймрэ Кавказым ис лъэпкъхэмрэ» темэм. Лъэпкъхэр пщылIыпIэм иригъэувэн, абыхэм я щIыналъи я хуитыныгъи ятрихын мурадкIэ пащ­тыхьым Кавказым щригъэкIуэкI зауэм ар и бийт икIи зи хуитыныгъэр зыхъумэж бгырысхэм я зэщIэхъееныгъэр диIыгът. Абыи тэмэму къыгурыIуэрт фIырыфIкIэ бгырысхэр Урысейм гуэгъэхьэным лъэныкъуитIми я сэбэп зэрыхэлъыр.
Пащтыхьым и IуэхущIафэм ер къызэрикIым, леймыгъэгъу бгырысхэм шынагъэкIэ зэрыпхудамычыхынум, щхьэхуиту къалъхуар залымыгъэм и бжьым зэрыщIэмыувэнум, адыгэм и лIыгъэр зыхуэдэм - а псоми ятеухуащ Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-Бейр», гупсысэ лъэщыр зи ­къуэпсу усэбзэ къабзэкIэ зэщIэжьыуэжу тхар. Поэмэм удихьэхыу укъеджэ къудейкъым, ар а лъэхъэнэм и гъуджэщ, уиплъамэ, Кавказым щыщыIа щытыкIэр зэрыщыту къищу, зауэм и теплъэгъуэ шынагъуэхэри мамыр гъащIэри уигъэлъагъуу. Абы нэгум къыIуригъадзэхэм нэ­мыщIи гур егъэпIейтей. Куэди зэхыуегъащIэ, къыбгурегъаIуэ. Поэмэм укъоджэ, абы хэт лIы­хъужьхэм ягу зыгъэинри, я псэм щыщIэри, я ­хъуэпсапIэхэри, я губжьри адыгэхэм я хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэ уасэ зимыIэри куууэ уэри зыхэпщIэу, абыхэмкIэ укъызэщIэсту…
ЖыпIэ хъунущ а поэмэр пащтыхьымрэ абы и лIыукI генералхэмрэ суд пащхьэм изыгъэувэ икIи зезыгъэцIыхуж уэчылым и псалъэ гуащIэу. Ауэ а зы поэмэм и закъуэкъым Лермонтовым Кавказым тритхыхьар, бгырысхэр, псом хуэмыдэу адыгэхэр, зэригъэлъэпIар. Апхуэдэ усэхэу, поэ­мэхэу итхахэм - «Мцыри», «Бастунжы къуажэр», «Хьэжы-абрэдж», «Тэрч и тыгъэхэр», «Къамэ», «УсакIуэ», «Кавказ гъэр», нэгъуэщIхэми - укъы­зэщIаIэтэ, поэзие нэсым къуит гухэхъуэр къып­лъагъэс.
Нэмыплъ зрат поручикыр «ауэ сытми теплъэ­гъуэ дахэхэмкIэ тхылъеджэр къыдэсхьэхынщ», жиIэу бгырысхэм ятетхыхьа къудейкъым, ахэр цIыху ахъырзэманхэу, щIыкIафIэхэу, гурыхуэхэу, нэмыс яхэлъу къигъэлъэгъуащ. Абы зэхикъутащ пащтыхьым и пыхъуэпышэхэм Кавказым ис лъэпкъхэм «сэхъуари, Iэлри» къыфIащурэ зэрагъэпцIа Iуэху еплъыкIэ нэпцIхэр, урыс цIыху къы­зэрыгуэкIхэм гукъэкI яригъэщIащ пащты­хьым иуба лъэпкъхэм пщIэрэ нэмысрэ яхуэфащэу, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэри захуагъэу.
Октябрь революцэм хуитыныгъэ къахуихьы­гъащ япэм дэкъузауэ псэуа лъэпкъ псоми. Зэ­къуэш лъэпкъхэм я къэралыгъуэм зы щIыпIэкIэ къыгуэту адыгэ лъэпкъхэми - къэбэрдейхэм, адыгей­хэм, шэрджэсхэм - заужь: щIэныгъэншагъэр гъэкIуэда хъуащ, я щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуащI, я литературэращи, хамэ къэралыбзэ IэджэкIэ зэра-дзэкIыурэ я тхылъ­хэр дуней псом тохьэ.
Дэ Iэмал диIэ хъуащ адыгэ тхыдэр куууэ дджы­жыну икIи телъыджэу ди блэкIам къыщыд­гъуэтыжхэр ди нобэм къыщыдгъэсэбэпыну, псэкупсэ къулеягъыу диIэм дяпэкIи хэдгъэхъуэну. Абы и лъэныкъуэкIи гулъытэ зыхуэфащэ Iуэху­гъуэшхуэщ илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ езыхэм я лъэпкъ литературэ зэзыгъэпэщыну хэта адыгэ тхакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я тхыгъэхэр ди нобэрей гъащIэм къыхуэгъэушыжыныр.
ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэмрэ етIощIанэ лIэ­щIыгъуэм и пэщIэдзэмрэ псэуа адыгэ тха­кIуэхэм я тхыгъэ куэдым я мыхьэнэр иджы нэхъ лъагэ ­хъуащ. Ахэр удихьэхыу тхащ. А тхыгъэхэм хуэныкъуэщ ди нобэрей тхылъеджэр. Адыгэ тхыбзэ зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ, урысыбзэкIэ тхэуэ щыта Хъан-Джэрий, КIашэ Адэлджэрий, Къаз-Джэрий, Инэт Кърым-Джэрий, Адэл-Джэрий, Ахъ­мэтыкъуэ Къазибэч сымэ я къалэмым къыщIэ­кIахэр адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIыжын хуейщ. Ауэ а Iуэхум мащIэу йогугъу; литературэр зыджыж языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ зи гугъу тщIыж тхакIуэхэм я тхыгъэхэр я тхыкIэкIэ зэ­хуэмыдэу, я гъэпсыкIэкIи зэмыщхьу, нэгъуэщIу жыпIэмэ ахэр, иджырей литературнэ гъэпсыкIэмкIэ къэплъытэмэ, нэмыщIысауэ. Ауэ нэмыщIыса гуэрхэр щыIэми, а лэжьыгъэхэм фIагъ яIэщ, Iэзэ дыдэу тхари мащIэкъым. Мыбдеж къыщызгъэ­лъэгъуэну сыхуейщ ди литературэм къежьапIэ хуэхъуауэ узэрыгушхуэ хъун тхыгъэхэр а ямы­дэхэм зэрахэтыр, ахэр ди лъэпкъэгъухэм къегъэцIыхуныр зыщхьэщыпхыж мыхъун къалэну къызэрытпэщытыр.

Сурэтыр Гагарин Григорий

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр