ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къратащ «УФ-м щIыхь зиIэ и артист» щIыхьыцIэр.

90 гъэхэм къэунэхуа уэрэджыIакIуэм и уэрэдхэр зымыцIыху, ахэр фIыуэ зымылъагъу зы адыги иджы дуней псом тебгъуэтэну фIэщщIыгъуейщ. АдыгэбзэкIэ, адыгеибзэкIэ, абазэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, осетиныбзэкIэ уэрэдхэр зыгъэзащIэ Нэхущыр нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми ягу нос. Илъэс 25-рэ хъуауэ утыку ит уэрэджыIакIуэм Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я гуфIэгъуэ махуэм, ИлъэсыщIэм, цIыхубзхэм, адыгэ фащэм я  махуэшхуэхэм ирихьэлIэу ит концертхэм цIыху куэд къезышалIэр абы хэлъ адыгагъэмрэ и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэ мыкIуэщIымрэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Москва и «Крокус-Сити Холл» залышхуэм иужьрей илъэсхэм ехъулIэныгъэхэр иIэу концертхэр щет. Абы, хабзэ хъуауэ, и концертхэр щокIуэкI Краснодар, Мейкъуапэ, Налшык, Черкесск, Владикавказ, Тырку Республикэм и Анкара, Къайсэр къалэхэм. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, ар щыцIэрыIуэщ адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэми.  Концерт гукъинэжхэр абы щригъэкIуэкIащ Сирием, Тыркум, Германием, Израилым, Голландием, Великобританием, нэгъуэщI щIыналъэхэми.

Адыгэ хабзэм, нэмысым щIапIыкIа Чэрим хьэл-щэн дахэ, дуней тетыкIэ екIу дыболъагъу. Аращ абы цIыхухэм пщIэ лей къыщIыхуащIыр. Нэхущым и уэрэдхэм купщIэ ящIэлъщ, адыгэбзэр, хабзэр, нэмысыр, бзэр хъумэным, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыным цIыхухэр къыхураджэ, абыхэм едаIуэхэм я псэм дахагъэ, гуапагъэ къыщегъэуш. А псом къыдэкIуэу, Чэрим и творчествэм дихьэх, зи узыншагъэм къимыхь сымаджэхэм я Iыхьлыхэр къыщелъэIукIэ кIуэурэ я гукъыдэжыр къеIэт. Апхуэдэу и утыку итыкIэр зигу дыхьэ нэхъыжьхэри гулъытэншэ ищIыркъым.

Нэхущым республикэм и макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуищIа, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьа, лъагапIэхэм дэкIуея пэтми, махуэ къэс и зэфIэкIым хегъахъуэ. Чэрим Адыгэ Республикэм и Улап къуажэм щIыхь зиIэ и цIыхущ, Къандур Мухьэдин и цIэкIэ Иорданием щагъэува дунейпсо саугъэтыр, «Илъэсым и цIыху», нэгъуэщI саугъэтхэри къратащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа «Илъэсым и уэрэд» фестивалым «УэрэджыIакIуэ нэхъыфI» цIэр къыщыхуагъэфэщащ. И уэрэдхэр щызэхуэхьэса альбом зыбжанэ зэкIэлъыкIуэу къыдэкIащ.

«Звезды Северного Кавказа», «Рекламный калейдоскоп» журналхэр, «RONDE» сабий журналыр къыдэзыгъэкI «Амадеус» рекламэ агентствэм и унафэщI Къудей Фаридэ 2014 гъэм дунейм къытригъэхьащ «Черим: «Дарю добро» зыфIища тхылъыр. Ар тыркубзэкIэ Истамбыли къыщыдэкIащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.