ЩЫТЫКIЭМ ЩЫГЪУАЗЭ ЗИЩIАЩ

Урысей ФСИН-м и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэт Аристов Илья щыIащ республикэм тезырхэр щагъэзэкIуэж и IэнатIэм и колоние №1-м. Абы суд зытращIыхьахэр зэраIыгъ щытыкIэм  щыгъуазэ зищIащ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщIым и къуэдзэхэу Къанкъул Аслъэнрэ Никитин Николайрэ, УИС-м цIыхум и хуитыныгъэхэр ­щагъэзэщIэнымкIэ и управленэм и унафэщIым и дэIэ­пыкъуэгъу Текаевэ Ритэ сымэ ящIыгъуу.

 Аристов Илья зригъэлъэгъуащ колонием суд зытращIыхьахэр зэрыщаIыгъ щIыкIэхэр. Абы къыдэкIуэуи, я щхьэ IуэхукIэ къыхуэзэну хуейхэми я упщIэхэм жэуап иритащ. ИК-1 и деж щыIэ УФИЦ-м ар щепсэлъылIащ абы щаIыгъхэм, IуэхущIапIэм и пэшхэр къызэпиплъыхьащ, лэжьакIуэхэр къызэрызэгъэпэщам гулъытэ хуищIащ.   

 Iуэхум и кIэухыу Аристовыр хуэзащ Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Демидов Александр. Ахэр хэплъащ я щхьэ IуэхукIэ зыхуэзахэм къаIэтахэм, апхуэдэуи суд зытращIыхьахэм жылагъуэм пэмыIэщIэу я тезырхэр егъэпшыныным, ахэр республикэм и предприятэхэм лэжьыгъэкIэ къыщызэгъэпэщыным.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.