БЗЭМРЭ ТХЫДЭМРЭ

 А тIур зэрызэпыщIар щIыпIэцIэхэмкIэ хьэкъщ 

Адзэпш (Адзапш). Апхуэдэу йоджэ иджырей Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэмкIэ щежэх Лабэшхуэ ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ Санчаро псы цIыкIум и зы къуэпсхэм ящыщ зыми а Iэхэлъахэм къыщызыпхив псы пщтыр хущхъуэхэми.

А цIэ дыдэр зэрехьэ а хэгъэгум и къурш щIыбкIэ къегъэщIылIа Абхъаз Республикэм и Бзыбэ тIуащIэ абрагъуэм узэрыщхьэщыхьэ хъу шытх цIэрыIуэми (метр 2496-рэ и лъагагъщ).

         Лъахэхутэхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Адзэпш» псалъэр IыхьитIу зэхэтщ. Япэр «пщтыр» мыхьэнэ къызэрыкI «адзэ» жыIэкIэрщ, етIуанэр, «пш» пычыгъуэр, дэ, адыгэхэм, «псы» зыхужытIэрщ.         

Ажек – Ажы-къуэ - Ажэ-къуэ.  Сочэ псым ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ къуэпсхэм язым а цIэр зэрехьэ. Зи пкъыр IыхьитIу зэхэт псалъэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

«Ажы» - м убыххэм я бзэкIэ къикIыр дэ, адыгэхэм, «уэс» зыхужытIэрщ, «къуэ» - м, дызэрыщыгъуазэщи, ди бзэм мыхьэнэуэ тIу щиIэщ: «и бын» егупсысыкIэри, «къуэладжэ» е «тIуащIэ» къызэрыкIри. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и телъхьэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, фIэщыгъэр къызэрыдгурыIуэн хуейр «уэс джейм къигъэщIа псы цIыкIу» е «уэсыр щIэх зыдэмыбзэхыкIыж къуэладжэ» жыхуиIэущ.

ЩIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита бзэ щIэныгъэлI КIуэкIуэ Жэмалдин зи гугъу тщIы псы цIыкIум зэреджэр зыхуэкIуэжу къилъытар къурш псэущхьэу «ажэ» жыхуэтIэм «я зэхуэсыпIэ къуэбэкъу» мыхьэнэрщ.        

ЩIыпIэцIэхэм ящыщу зэрамыхъуэкIахэм я зэхэгъэувэкIэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита лъахэдж Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья» и тхылъ купщIафIэм зэритымкIэ, фIэщыгъэр щIыпIэдэлъху убыххэм я бзэкIэ зэрыIун хуейуэ щытар «ажэ-къуэ» жыIэкIэм техуэущ. «Ажэ» - р дэ, адыгэхэм, «щыхь» зыхужытIэ псэущхьэм дызэреджэщ. Ауэ щыхъукIи, Ворошиловым къызэрилъытэмкIэ, щIыпIэцIэр «щыхьым и къуэ цIыкIу» е «щыхьхэр щызэхэзекIуэ, щыкуэд псыхъуэ» мыхьэнэхэм язым хуэхьыпхъэщ.

Ажэкъуэ (Ажек) – мы цIэр зэрехьэ Лабэ хэлъэдэж псы бгъунж цIыкIумрэ ар зыблэж хъупIэмрэ. ЗэрыжытIащи, щIыпIэцIэм Сочэ и Iэхэлъахэми дыщрохьэлIэ.

Ажэжьбэкъу – Лабэ адрыщIкIэ щыпсэу къэбэрдей адыгэхэр апхуэдэу йоджэ КIыщейрэ (Киша) Уэрыстэнрэ (Уруштен) я зэхуаку дэт  шытхым зэкъуэшитI фIэкIа умыщIэну зэгъунэгъубзэу зэдытет бгыжьитIымрэ абыхэм я зэхуаку дэт гузэпыщIэмрэ. Хуэдз къэбэрдей жылэм удэту тыншу уолъагъу.

Ажийхэ я псынащхьэ – Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус ПсэукIэдахэ адыгэ-абазэ къуажэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. «Ажий» псалъэр абазэбзэм къытехъукIащ.

         Ажъо хэкужъ. Хы ФIыцIэм хэлъадэ Ашэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къедзащ, «Ажьохэ я хапIэжь» жыхуиIэщ. Лыгъуэтх шапсыгъ къуажэм пэжыжьэкъым.

         Азыкъ – Iузэв – Мыутхъух. Мы псы хъурейм и гугъу щащIкIэ, пасэрей алыджхэм «Меотидэ», «Мэуэт хыжьей» фIэщыгъэхэр къагъэсэбэпырт, урысхэм «Сурож тенджыз» хужаIэрт. Хы цIыкIум адыгэхэр зэреджэу щыта «Азыкъ» псалъэри, зэрынэрылъагъущи, мы зэманым «Азов» зыхужаIэм и гъунэгъубзэщ. 

Тэн зыхэхуэж а псы хъурейм пасэрей адыгэхэр «МыутхъухкIи» («Къэмыутхъуэ хыкIэ») еджэрт. «Мэуэт» лъэпкъыцIэр къызытехъукIар арауэ жызыIэхэри яхэтщ щIэныгъэлIхэм.

Узыгъэгупсысэщ, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыса я хэкужьым «аз» пычыгъуэр зыхэухуэна щIыпIэцIэхэмрэ псыцIэхэмрэ мымащIэу зэрыщыIэри. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Азыгъуч, Азып, Азыпэтх, Азыпэтхахъу (Азыпэ хъупIэ), Азыпс, Азыштау жыхуаIэхэр, нэгъуэщIхэри.

Азыгъуч - кIахэ адыгэ, Псыбэ и сэмэгу лъэныкъуэм Iут лъагапIэщ. Мы жыIэгъуэм и япэ IыхьэмкIэ зэхэухуэна хъуа щIыпIэцIэ зыбжанэ а Iэгъуэблагъэм щызэхэпхынущ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ: «Азипс» - псыпцIэ псы цIыкIур (Апостолов), «Азюпсь» - Убын хэлъадэ псы бгъунжыр (Люлье), «Азжьхе» - Пшышэ хэлъадэр (Хъан Джэрий), нэгъуэщIхэри.

Азып - ШапсыгъымкIэ щыIэ Агуипс (Агупс) и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщызыпхив псынэпс псы цIыкIум апхуэдэу йоджэ. Мы щIыпIэм пэмыжыжьэу ущрохьэлIэ Азыпэтх бгы екIуэкIми,  абы и щхьэщыгу ит Азыпэтха(ы)хъу хъупIэми.

Азыпэ ичIыгъу (икIыгъуэ) - Пшыш псым тыншу ущызэпрыкI хъу щIыпIэм апхуэдэу йоджэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, азы пычыгъуэр абазэбзэм хэт адзы – псы псалъэм къытепщIыкIащ.

Абын - аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр „мэз“ мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм хэт „абнэ“ псалъэм къытехъукIащ.

 

 
ЩIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита Твёрдый Александр «Топонимика Кавказа» и тхылъым зэритымкIэ, «Абын» псалъэр абхъазыбзэм «быдапIэ» мыхьэнэ зиIэу къыщыкIуэ «абаа» жыIэкIэми йокIуалIэ, дызытепсэлъыхь щIыпIэм и Iэгъуэблагъэм щыпсэуа «абун» мэуэт лъэпкъым зэреджэу щытами хуокIуэ, илъэс 2150-рэ ипэкIэ псэуа алыдж астроном, математик, географ Птолемей Клавдий КъухьэпIэ Кавказым хузэхилъхьауэ щыта картэм къыщигъэлъэгъуа Абунис быдапIэжьым и цIэми ирагъэщхь.

Ахупс – Афыпс. Адыгэ Республикэм щежэх псыщ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Афы бгым (метр 738-рэ и лъагагъщ) къыщожьэ, километр 96-рэ и кIыхьагъщ, Шапсыгъ псы хъумапIэм бгъэдэт Афыпсыпэ къуажэм бложри, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Псыжь щыхолъэдэж.

Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, фIэщыгъэр абхъаз-абазэ лъэпкъ зэрыбыным щыщхэр щыблэмрэ уафэгъуагъуэмрэ я тхьэм зэреджэу я IуэрыIуатэм къыхэщ «Афы» цIэм къытехъукIащ. Дызэрыщыгъуазэщи, дэ, адыгэхэм, а псалъэм пэхъуну мы зэманым къэдгъэсэбэпыр «Щыблэ» фIэщыгъэрщ.

Еджагъэшхуэхэм яхэтщ щIыпIэцIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIэ зиIэхэри. Псалъэм папщIэ, бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Къумахуэ Мухьэдин къызэригъэлъэгъуамкIэ, фIэщыгъэм лъабжьэ хуэхъуар лъэхъэнэ блэкIахэм адыгэ лIакъуэхэм къызэдагъэсэбэпу яIа «ахуы» жыIэкIэрщ. Еджагъэшхуэм къызэрилъытэмкIэ, абыкIэ щыхьэтщ къэбэрдей адыгэхэр зи гугъу тщIы псым зэреджэу ди IуэрыIуатэм къыхэна Ахупс псалъэри.

Афыпсыпэ къуажэр, Урыс-Кавказ зауэр екIуэкIыу,1861 гъэм къызэрагъэпэщащ, «Хэкужь-хьэблэ», «Жылэ-унэщIэ» фIэщыгъэхэр зезыхьэ IыхьитIу зэхэтщ.

Агуий. Аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъумкIэ блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ зи лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм ди нобэми къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») фIэщыгъэри. 

«Агуий» фIэщыгъэр къызытехъукIам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар цIыхум хужаIэ «гуей», «гуий» псалъэхэм къытепщIыкIащ. Шапсыгъхэм яхэтщ абыхэм «хахуэ», «гушхуэ зыкIуэцIылъ», «лIыгъэ зыхэлъ», «щхьэмыгъазэ», «шынэ зымыщIэ» мыхьэнэхэр къизыгъэкIхэри. НэгъуэщIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, мы фIэщыгъэр къуажэр бгы зэхуакум дэубыда хуэдэу зэрыщытым къытехъукIащ. Бгыхэм я кум ит: «гу», «а гуий».

XIX-нэ лIэщIыгъуэм Швейцарием щыпсэуа франджыхэм ящыщ, зекIуэлI икIи геолог-тхакIуэ Дюбуа-де-Монпере1833-43 гъэхэм къриубыдэу Кавказым зыбжанэрэ зыщиплъыхьат. И зекIуэхэм триухуа и тхылъым иритха «Aughuie» псалъэр абы ТIуапсы и гъунэгъуу хым хэлъэдэж псым ирипхырт, икIи ар («Агуий» фIэщыгъэр) XVIII-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи лъэужьыр кIуэдыжыпауэ къафIэщIу иужьым къэунэхужа гъуае адыгэ лъэпкъым и цIэм къытехъукIауэ къилъытэрт.

Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, 1864 гъэр къихьэху, ПсыфIыпэрэ (Псезуапсе) Шахэрэ я зэхуаку дэлъ Iэхэлъахэм щыпсэуа шапсыгъхэм яхэтащ «гъуае» фIэщыгъэм къафIытена лIакъуэм щыщхэри.

Мыдрейуэ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ тхакIуэ икIи тхыдэдж цIэрыIуэ Хъан-Джэрий «Агуий» фIэщыгъэр нэхъ зыхуигъакIуэр «Акуе» жыIэкIэрт, къригъэкIыу щытауэ языныкъуэхэм хуагъэфащэри «хыIуфэрыс» егупсысыкIэм техуэу абхъазыбзэм къыхэна «агъауаа» псалъэрщ.            

Агуий цIэр зытеIукIа псы цIыкIур хы ФIыцIэм щыхэлъэдэж и нэзыр ТIуапсы къалэм километри 8-кIэ пыIудзащ. 

АтIэкIум. Адыгэ Республикэм щыпсэуа, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Мерэтыкъуэ Къасым щIыпIэцIэхэм ятриухуа «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъыр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, шапсыгъ адыгэхэм Iущхьэ къэкIыгъэм щхьэкIэ «атIэкIум» псалъэр къагъэсэбэпу щытащ. Ауэ щыхъукIи (Мерэтыкъуэм зэригъэувымкIэ), ищхьэкIэ зи гугъу тщIа пситIым, зэхэлъэдэжа иужькIэ, къагъэщIам зэреджэри а жыIэкIэм къытехъукIагъэнущ.

Мыдрейуэ. Краснодар къалэм щыщ лъахэхутэ цIэрыIуэ Ковешников Владимир «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, щIыпIэцIэр «дэгу» мыхьэнэ зиIэу абхъазыбзэм хэт «адэгууа» псалъэм хуэзыхьахэми уарихьэлIэнущ.                                      

КЪУМАХУЭ Аслъэн.    

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.