ЦIЫХУР УЗЫНШЭМЭ, КЪЭРАЛРИ УЗЫНШЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иджыблагъэ хэтащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэ хэхам. Абы щыхэплъэжащ «Къэралым исхэр хъумэн, цIыхухэм я узыншагъэмрэ псэукIэмрэ егъэфIэкIуэн» къэрал проектыр зэрагъэзэщIам кърикIуахэм, зэлэжьыпхъэхэм, апхуэдэуи абы щаубзыхуащ 2030 гъэ пщIондэ къапэщылъ къалэнхэр.

         ЗэIущIэр къыщызэIуихым Мусуков Алий къыхигъэщащ цIыхухэр узыншэу псэун папщIэ спортым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Урысей Федерацэм и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къалэн нэхъыщхьэу къыщыхигъэщащ къэралым и цIыхухэм я процент 70-м мынэхъ мащIэм спортымрэ физкультурэмрэ зэпымыууэ зыхуагъасэу щытын хуейуэ. Ди деж нэгъабэ абы и лъэныкъуэкIэ щыщыIа бжыгъэхэр къэбгъэлъагъуэмэ, ар процент 56-м мащIэу щIегъу. Урысейм ику иту щыщыIэхэм нэхъри, лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу къалэн зыщытщIыжахэм нэхъри нэхъыбэщ ар», - жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам апхуэдэ щытыкIэм и щхьэусыгъуэфIу къигъэлъэгъуащ илъэс къэс спорт инфраструктурэм зэрызрагъэужь зэпытым, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр зэрагъэхьэзырым, цIыху куэд къызэщIэзыубыдэ спорт зэхьэзэхуэхэр зэрырагъэкIуэкIым, ведомствэхэр зэуIуу зэрызэдэлажьэм. Къыхигъэщащ цIыхубэ спортым нэхъ куэд къыхэшэнымкIэ муниципалитетхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.

         Хьэсанэ Ислъам къызэхуэсахэм яжриIащ 2023 гъэм республикэм и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щыщ цIыху мин 76-рэ ГТО-м и мардэхэр гъэзэщIэным зэрыхэтар, абыхэм ящыщу цIыху мин 56-м къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм пэкIуэу бгъэхэIу дамыгъэхэр зэрыратар.

2018 гъэм щегъэжьауэ спорт ухуэныгъэу 66-рэ щIыналъэм къыщызэIуахащ. Физкультурэмрэ спортымрэ зыхуагъэсэну абы къекIуалIэ цIыху бжыгъэм илъэс къэс къыхэхъуэ зэпытщ. Нэхъыбэу ахэр дэзыхьэхыр псы есынырщ, фитнесырщ, футболырщ.

Къапэщылъ къалэнхэм ящыщу нэхъыщхьэу къалъытар тренерхэм я бжыгъэм къыхэгъэхъуэнымрэ абыхэм улахуэ тэмэмхэр яхуэгъэувынымрэщ, нэгъуэщI щIыналъэхэм щызэхэтыну зэхьэзэхуэхэм кIуэ спортсменхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъунырщ, бжыгъэр зи лъабжьэу щыт IэнатIэу лажьэу егъэжьэнырщ, спорт резервхэр гъэхьэзырынырщ, цIыху нэхъыбэ спортым къыхэшэнырщ. Абыхэм къадэкIуэу, республикэм и спорт ухуэныгъэ зэхуэмыдэу 120-м щIигъур зэрагъэпэщыжын, апхуэдэхэр къызэмэщIэкIхэм яхуэухуэн хуейщ.

                                               ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ