ЩIЫНАЛЪЭР IУЭХУЩIЭХЭМКIЭ БЕЙЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Май щIыналъэм щыIащ. Абы зригъэлъэгъуащ Май къалэм ущыкIуэкIэ метр 90 и кIыхьагъыу Шэрэдж телъ лъэмыжыр зэры­зэрагъэ­пэщыжыр. А лэжьыгъэр «ГъуэгуфI шынагъуэн­шэхэр» лъэпкъ проектым хэту зы­хуей хуагъэзэжу аращ. Нэгъабэ фокIадэм щIадзауэ мы гъэ­ма­хуэм яухыну хуагъэфащэ.

 
Май – Заречнэ - Ново-Ивановскэ гъуэгур, километри 10,3-рэ зи кIыхьагъыр, мы гъэм зэрагъэпэщыжынущ, абы щыщу гъуэгу Iыхьэ километри 2,5-р нэгъабэ хагъэщIащ. Гъуэгур Май ­къалэм кIуэцIрокI, Гагариным и цIэр зезыхьэ уэрамым утету Красная Полянэ, Право-Урванский, Ново-Ивановскэ къутырхэм ухуешэ. Абы хэтщ курыт еджапIэм уезышалIэ гъуэгу Iыхьэри. Ар хьэзыр хъумэ, автобус къэувыIэпIэхэри хуащIынущ, дамыгъэхэр трагъэувэнущ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и телеграм-каналым зэры­щит­хамкIэ, Май щIыналъэм мы гъэм иджыри щызэ­рагъэпэщыжынущ Железнодорожнэ, Совхоз уэрамхэр, Грибоедовым и цIэр зезыхьэр. Ар псори зэхэту километри 2,5-рэ мэхъу.  
Александровскэ станицэм пэщIэдзэ школ щау­хуэ, цIыху 200 щIэхуэну. КIуэкIуэ Казбек зэрыжи­IамкIэ, ар мы гъэм яухынущ, федеральнэ проектымкIэ сом мелуан 206-рэ хухахащ. Абы ­къищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэ 330-рэ зыщIэхуэ курыт еджапIэ щаухуэ «Птицесовхоз» хьэблэщIэм. НэхъапэкIэ 2-нэ, 5-нэ курыт школхэр зэрагъэпэщыжащ.
Республикэ унафэщIым зригъэлъэгъуащ Котляревскэм дащIыхь бдзэжьей гъэхъупIэр. Ар ди республикэм къыщызэIухыным мылъку хэзылъхьар Тюмень областым щыIэ Сладковскэ бдзэжьей гъэхъупIэрщ. Абы уней мылъкуу сом мелуни 150-рэ къыхилъхьащ, лэжьапIэ IэнатIэу 50 къыдитащ. Зыхуей хуэзэу яутIыпщмэ, бдзэжьей тонн 300-м щIигъу зы илъэсым ягъэхъунущ. 
ИджыкIэ IуэхущIапIэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къы­зэрагъэпэщ, псыгуэни 8 ящIащ, абы псы къы­зэрыкIуэну кIэнауэ хуащIащ, метр 300 и кIыхьагъыу. Уеблэмэ япэ бдзэжьейхэр хагъэтIысхьащ. 
КIуэкIуэ Казбек гупым ехъуэхъуащ ирагъэжьа Iуэхур махуэ яхуэхъуну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ