ЩЫНД-МЭУЭТ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭХЭР

Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ къызытехъукIауэ зыхуагъэфащэ Хьэт къэралыгъуэр, дауи, зэуэ кIуэдыжакъым. ЯпэщIыкIэ ар Къэркъэмыш, ТэрхъунтIасэ, Мырэ жиIэу пащтыхьыгъуэ зыбжанэу щэщэжащ. Жыхапхъэр гъэлъалъи, зырызурэ зэпыщIыкI жыхуаIэрати, лъэпкъыр щыхупIэ щыщхьэщыувэм, нэхъри зэрыубыдыным ипIэкIэ, загуэшри, хьэтхэм я лъэр щIэхупащ. Мы пащтыхьыгъуищым щыпсэуахэм здаунэтIари, къащыщIари, натIэ яхуэхъуари зыми ищIэркъым нобэр къыздэсым.

Арами, тенджыз ФIыцIэмрэ Iузэвымрэ я Iуфэм щыпсэуа щынд-мэуэт лъэпкъхэр хьэтхэм къазэрытехъукIыжам шэч хэлъкъым. Абы щыхьэт техъуэ археологие, филологие, генетикэ къэхутэныгъэхэр мызэ-мытIэу ирагъэкIуэкIагъэххэщ, къищынэмыщIауэ, гъущIынэтхым итщ хьэтхэр зэгуэр Кавказым щыпсэуауэ, мыбы икIыу хы адрыщI къэралыгъуэу щытIысыжауэ зэрыщытар. Мэуэтхэм тхыбзэ ямыIами, пасэрей хьэтыжьхэм я бзэри, я хабзэри, я щэнри, я фащэри зыхъумэжар ахэращ. Абы и щыхьэтщ адыгэхэм хьэт лъэпкъхэм епха унагъуэцIэхэр зэрызэрахьэр: Хьэтэ, Хьэткъуэ, Хьэту, Хьэтай, Хьэтыкъуэ, ХьэтIэхъу, ХьэтIэгъур, Хьэтыкъуей лъэпкъ щхьэхуэр, нэгъуэщIхэри. 

Ди лъэхъэнэм и пэкIэ  8-7 лIэщIыгъуэхэм, ищхъэрэ-къухьэпIэ Кавказым къэралыгъуэщIэм зыщиубгъуат. А къэралыгъуэм ис адыгэ лIакъуэхэм мэуэткIэ еджэрт.

Мэуэтхэм ятетхыхьащ ди лъэхъэнэм ипэкIэ япэ лIэщIыгъуэм псэуа  географ цIэрыIуэ Страбон. Археологхэм къатIэщIа къалэжьхэр щыхьэт тохъуэ  илъэс миным нэскIэ мэуэт культурэм зиужьурэ зэрыкIуам.

Абы щыгъуэ, Мэуэтымрэ Алыджымрэ я захуэкум сату гъуэгухэр щыпхашат, алыджхэм санэри, дагъэри, хьэкъущыкъухэри, Iэмэпсымэхэри Кавказым къашэу. Кавказым  исхэм  хадэхэкIхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ я куэдти,  алыджхэм къашэм пагъэкIуэжырт адыгэхэм я хьэцэпэцэхэр, лыр, бацэр, бажафэр, пщылIхэр.

Мэуэтхэр гъунэгъугъэкIэ япыщIат нэгъуэщI  лъэпкъхэм: псалъэм папщIэ, ищхъэрэмкIэ тенджыз Iуфэм къыIутIысхьа кимерийхэмрэ скифхэмрэ, Тэнрэ Индылрэ я зэхуаку щыпсэуа щэрмэтхэм. Ауэ мэуэтхэр нэхъ зыпыщIар Боспор алыдж къэралыгъуэрат.  Керчь псы дэжыпIэм и Кърым лъэныкъуэмкIи щыIэ мэуэтхэм я щIыналъэу Темэн хы тIууащIэмкIи ди лъэхъэнэм ипэкIэ  6-нэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ алыджхэр гуп-гупурэ къитIысхьэу хуежьащ. Кърымым щыIэ Алыдж къалэхэр зэгухьэри, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 480 гъэхэм яухуауэ щытащ БоспоркIэ зэджэ къэрал зэгухьэныгъэр. Абы Боспор пащтыхьыгъуэкIи еджэу тхыдэм хэтщ.

А зэманым Боспор къэрал унафэщIхэр хущIэкъурт щэрмэтхэм, мэуэтхэм, скифхэм зэхущытыкIэ тэрэз хуаIэну.  Боспор къэралыгъуэм, пэжу, зиубгъуат, абы къыхэкIкIэ ди лъэхъэнэм и пэкIэ 4-нэ лIэщIыгъуэм и кIэм мэуэт  лъэпкъхэр Боспор пащтыхьыгъуэм и жьауэм щIохуэ.

Абы щыгъуэщ тхыдэм къыхэщыж адыгэ бзылъхугъэ Тыргъэтауэ Боспор пащтыхьыгъуэм щезэуар. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 388 гъэм къалъхуат Тыргъэтауэ, щындхэм япщ Джэгъэтей и щхьэгъусэу щытар. Боспор пщыгъуэм и тет Щэтир щындхэмрэ мэуэтхэмрэ къезауэрт, я щIыр иубыдыну хуейуэ. Тыргъэтауэ и адэ Шупашэ нэгъуэщI бын иIэтэкъым, езыр жьы дыдэ хъуати, ипхъу закъуэр мэуэтыдзэм и пашэу зауэм щыIащ. Тыргъэтауэ джатэр апхуэдизкIэ Iэзэу игъэIэкIуэт, лIыгъэ абрагъуэ игъэлъагъуэу зауэрти, зауэлI нэхъ лъэрызехьэхэм зыкIи къакIэрыхуртэкъым. Иужьрейуэ зыхэта зекIуэм мэуэтхэм текIуэныгъэр къыщахьауэ, боспорыдзэм щыщу зы зауэлI закъуэ фIэкIа къэмынэу (хъыбарегъащIэу Щэтир деж яутIыпщыжауэ арат), псори зэтраукIэри къагъэзэжат. Тыргъэтауэ и адэр игъэгуфIэри, и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ деж игъэзэжат. Куэд дэмыкIыу, Щэтир дзэ зэхуишэсри, щындхэм къатеуащ. «Уи щхьэгъусэр я пашэу мэуэтхэм си дзэр зэтраукIащ. Силъ сщIэжыну сыкъэкIуащ: е уи щхьэгъусэр дукIынущ, е щындхэм зауэ фыдощIылIэ», - жиIэу, Щэтир щытригъэчыныхьым, и лъэпкъыр ихъумэжу, Джэгъэтей и щхьэгъусэр хытIыгум иригъашэу, лIэжыху абы щIэубыдауэ щаIыгъыну гурыIуащ пащтыхьым. Апхуэдэуи ящIащ. Мамыр зэгурыIуэныгъэ кърищIылIэри, Щэтир и пхъур Джэгъэтей щхьэгъусэу къритащ. Абдежым Щындейр Боспорым и дамэгъу хъуащ.

Зи щхьэгъусэр зэпцIыжа, къызыщхьэщымыжа, лажьэ зимыIэу лей къызытехьа Тыргъэтауэ илъэс зыбжанэкIэ хытIыгум щаIыгъауэ, гъэпцIагъэкIэ абы  къикIыжри, и дыщым игъэзэжащ. И адэр дунейм ехыжауэ ирихьэлIэжри, тетыгъуэр къызылъыса пащтыхьым дэкIуэжащ. Абы илъэс зыбжанэкIэ мэуэтыдзэ зэригъэпэщщ, Щындейм теуэри, илI къепцIыжам и дзэр зэтрикъутащ. Абдежи къыщымыувыIэу, и гъащIэр зэхэзыгъэзэрыхьа Щэтир и къэралыгъуэм ебгъэрыкIуэу щIидзащ. Къэралыгъуэр зэуэ хузэтекъутэнутэкъыми, щIэх-щIэхыурэ теуэу арат. Апхуэдэурэ, боспорыдзэр мащIэ щыхъум, Тыргъэтауэ зэрытекIуэнур къащыгурыIуэм, Щэтир и къуэр гъэру къаритащ икIи мамырыгъэ зэращIылIэну къэлъэIуащ. Нэрыбгейр абы арэзы техъуат, ауэ Щэтир абы  аргуэру къебзэджэкIащ, Тыргъэтауэ деж лъэIуакIуэ кIуа хуэдэу, лIыукIитI щэхуу иутIыпщри. ЛIыукIхэм пщэрылъ къыхуащIа Iуэхур ягъэзащIэу, Тыргъэтауэ теуат, зым и джатэр кърихри цIыхубзым хиIунуи хэтат, ауэ нэрыбгейм бгырыпх бгъуэшхуэ щIэпхауэ къыщIэкIри, абы ихъумат. БзаджащIэхэр яубыдри, къэзыгъэкIуари къыщIэкIуам и пэжыпIэри кърагъэIуэтат.

Абдеж Тыргъэтауэ Боспорым теуэри, Щэтир гуауэмрэ бампIэмрэ ихьыжыху езэуащ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.