IЭНАТIЭР КЪЕПЩЫТЭ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат медицинэ IуэхущIапIэхэм унэтIыныгъэм и жыпхъэщIэхэр зэрыщагъэзащIэр къыщипщытэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щIыналъэхэм макIуэ. Мы махуэхэм ар щыIащ Шэрэдж район сымаджэщым и поликлиникэ къудамэм.

         ЩIыналъэм и сымаджэщ нэхъыщхьэм и поликлиникэ къудамэм министрым зыщигъэгъуэзащ абы къекIуалIэ цIыхухэм дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыхуащIэм, диспансеризацэр зэрырагъэкIуэкIым, гупу зэтримыхьэн щхьэкIэ чэзур зэрызэщхьэщагъэкI Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпым. Абы зригъэлъэгъуащ дохутырхэр щылажьэ, цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ пэшхэр, «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектымкIэ къащэхуа иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща лабораториер. Апхуэдэу Къалэбатэм къипщытащ район сымаджэщым и хирургие къудамэм и лэжьыгъэри, клиникэ щытыкIэ хьэлъэхэр зыхуэдэр зригъэщIащ, абы щIэлъхэми епсэлъащ.

         Шэрэдж районым и къуажэхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр къызэрыщызэгъэпэщари зригъэлъэгъуащ министрым. Ар щыIащ Бабугент, Къарэсу, Безенги жылэхэм дэт амбулаториехэмрэ ФАП-хэмрэ. Абыхэм я Iуэхухэр зытетым зыщигъэгъуэза нэужь, пщэрылъ ящищIащ бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу дохутырым и деж зэрызебгъэтх щIыкIэмкIэ лэжьыгъэр нэхъ тэмэму зэтраублэну.

         Къалэбатэ Рустам Шэрэдж щIыналъэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм щилъэгъуахэм япкъ иткIэ, IэнатIэм адэкIи зегъэужьынымкIэ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм чэнджэщ зыбжанэ иритащ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.