ИРИПIЕЙТЕЙМ И IУЭХУ ЕПЛЪЫКIЭ

Адыгэхэм «испы унэ» зыфIаща мывэ джей пIащIэхэу КъухьэпIэ Кавказымрэ Абхъазымрэ я бгылъэ щIыпIэхэм куэду узыщрихьэлIэхэр зы щIыкIэм тету щIащIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. 
Абыхэм ящыщ зыр щызэпкърыха хъуауэ къыдолъытэ адыгэ гъащIэмрэ щэнхабзэмрэ хуэгъэпса «Псынэ» журналым 2009 гъэм дунейм къытригъэхьа и 8-нэ къыдэкIыгъуэм Шыкъ Феррухь «Испы унэ» зыфIища и тхыгъэу къытехуам. 
А къэхутакIуэм къызэрилъытэмкIэ, испы унэхэр хы ФIыцIэм къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и Iуфэхэм илъэс мини 5 ипэкIэ щыпсэугъа пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм я щIэинщ. 
Зи гугъу тщIы тхыгъэм Шыкъ Феррухь щызэпкърихыну яужь йохьэр а ухуэныгъэ телъыджэхэм адыгэхэр «испы унэ»-кIэ щIеджэу щытамрэ езыр абы зэреплъымрэ. 
Тхыгъэр зейм зэрызэкIэлъигъэкIуауэ дытепсэлъыхьмэ, языныкъуэ лъахэджхэм зэрыжаIэмкIэ, дольменхэр иныжьхэм зэтралъхьащ, цIыху хэмыхъуэ цIыкIухэм абдежым шынагъуэмрэ уэлбанэмрэ зыщахъумэн хуэдэу. А цIыкIужьейхэр гуащIэмащIэт, псэуалъэ зэраухуэн къаруи ябгъэдэлътэкъым. Псысэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, ахэр, зэрылъахъшащэм къыхэкIыу, тхьэкIумэкIыхьхэм шэсырти, абыкIэ зэхэзекIуэрт. А цIыху цIыкIухэм зэреджэр испыт. Зи гугъу тщIы лъахэджхэм къызэралъытэмкIи, «испы унэ» фIэщыгъэр къызыхэкIари аращ – «испыхэм я псэупIэ» мыхьэнэр кърагъэкIыу. НэгъуэщIу жытIэмэ, «цIыху хэмыхъуэхэм я унэ». 
АрщхьэкIэ, Шыкъ Феррухь зэрытригъэчыныхьымкIэ, а хъыбарыр къагупсысащ адыгэ лIыжь гушыIэрейхэм, псалъэрыIэзэхэм, испы унэхэр пасэрей лIакъуэхэм я кхъэхалъэу зэрыщытыр ящIэу, япэ къэс цIыху нэплъыс-нэIусым абыхэм ящхьэщыт псэхэр зэримыгъэпIейтеиным щахъумэу. АрагъэнкIи мэхъу, иныжьхэмрэ цIыкIужьейхэмрэ ятеухуа шыпсэ гуапэ цIыкIур дунейм къытехьэн хуей щIэхъуари. 
АдэкIэ Шыкъым и Iуэху еплъыкIэр зэрызэкIэлъыкIуэу къэтIуэтэнщи, дольмен хъужыр кхъэлэгъунэщ, иджыри я псэр пыту абы щылIэжын папщIэ, цIыхухэр кIуэуэрэ щIэтIысхьэу щытауэ. А лъэбакъуэм тегушхуэфынур жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIэхэрт (гупым я пашэхэрт, лъэпкъым я тхыдэтххэрт, лIыхъужьыгъэкIэ адрейхэм къахэщхэрт, тхьэхуэлажьэхэрт). Апхуэдэхэм я унафэкIэ, зи блынхэри унащхьэри мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа, зы пэш фIэкIа мыхъу унэхэр яухуэрт. 
А хабзэм къежьапIэ хуэхъуар нарт Бадынокъуэ и адэр зэригъэпщкIуам теухуа хъыбарыжьым къыщылъыхъуапхъэщ. Дызэрыщыгъуазэщи, Бадынокъуэ и адэр Жьыгъеибг щидзын хуейт, ар зекIуэ ежьэхэм ядэмышэсыфу, щакIуэ мыкIуэжыфу, и кIэр арауэ унагъуэм къыщымысэбэпыжыфу жьы зэрыхъуам къыхэкIыу. Арат нартхэм я хабзэр. Ауэ Бадынокъуэ апхуэдэу ищIакъым, икIи и адэр игъэпщкIури псэууэ къигъэнащ. Дэнэ ар абы щигъэпщкIуар? Кхъэлэгъунэм ещхь, блын джабипIлIрэ унащхьэрэ зиIэ унэрщ. Ар пэж дыдэу кхъэлэгъунэт икIи Псатхьэм щымышынэу зы цIыху абы еIусэфынутэкъым. 
«Си гугъэмкIэ, мис арат япэу яухуа дольменыр, – щетх адэкIэ Шыкъ Феррухь зи гугъу тщIа и тхыгъэм. - ИужькIэ мывэ джейхэм къыхэщIыкIа унэм ису нарт Бадын и чэнджэщ IущхэмкIэ цIыхухэм ядэIэпыкъуащ, лъэпкъым къытепсыха мыгъуагъэ куэдым къригъэлащ, и псалъэ фIэкIа хэмыту. Бадынокъуэм и щэхур адрей нартхэм къыщащIэм, абыхэм зыханащ жьы хъуа я адэхэр бгым щадзын хабзэр. ИкIи абы ипIэкIэ мывэ скъар унэхэр яухуэу къаублащ, жылагъуэ цIыхубэм яхэмызэгъэжу жьы хъуахэр я ажалыр къэсыху абыхэм щIэсын папщIэ. АбыкIэ унафэр зейри езы нэхъыжьхэр арат». 
Сытыт, атIэ, зи дуней зыхъуэжхэм гулъытэшхуэ хуащIу, кхъэлэгъунэ къызэрымыкIуэхэр щIыхуагъэхьэзыру щытар? Абы и жэуапри телъыджэщ! 
Мывэ унэм ису зи ажал къэсым лIэныгъэ къызэрымыкIуэ, адрейхэм ейм емыщхь и нэгу щIэкIырти аращ. Дунейм зэрытетыну и иужьрей махуэхэр испы унэм щигъэкIуэну унафэ зыхуэзыщIыжар къеплъэкI имыIэжу къызэрыгуэкI цIыхухэм яхэкIыжырт, и щхьэр, и гупсысэр, и псэкупсэ къуэпсхэр щIэблэм и къэкIуэнур нэхъыфI зэрыхъунум хуигъэлэжьэн папщIэ. Дунеягъэ Iуэхухэр къыжьэхэмыуэу, гупсысэ мыфэмыцхэм трамыгъэплъэкъукIыу мывэ джей унэм ис тхьэмадэм къыгурыIуэрт цIыхухэм яхыхьэж зэрымыхъунур. Пэш кIыфIыбзэ даущыншэм исщи, нэкIи тхьэкIумэкIи илэжьыжын щыIэкъым, псэлъэгъу иIэкъыми, и жьэр зэщIихыркъым. Ауэ иджыри и псэр Iутщ, хьэдрыхи нэсакъым, и зэхэщIыкIыр бзыгъэщи, зэфIэкIыу иIэ псор КъэзыгъэщIам хуеунэтI. КъэхъукъащIэхэм, цIыхухэм я зэхэтыкIэм, дунеягъэм щалэжьым, гугъуехьхэм я хэкIыпIэм, нэгъуэщIхэми егупсысырт кхъэлэгъунэм псэууэ итIысхьар. Нэхъыщхьэжрати, дунеягъэр апхуэдэ щIыкIэкIэ къызэзынэкIар къехъулIа и IущагъымкIэ къыхуэкIуэхэм ядэгуашэрт. 
Шыкъым зэрытригъэчыныхьымкIэ, «испы унэ» псалъэхэр зэрызэхэтыр «ис» – «пIы» – «унэ» пычыгъуэхэущ. КъызэрыхигъэщымкIи, пасэрей адыгэхэм цIыху хэмыхъуэхэм папщIэ къагъэсэбэпу щытар «хьэцIыкIу» псалъэрщ, атIэ «испы»-къым. 
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ иджырей цIыхухэми яхэтщ испы унэхэм уэгум къыхэкI къару ябгъэдэлъу зи фIэщ хъухэр. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, дольменхэм убгъэдэту уигу щIэныкъуэ Iуэхум уегупсысмэ, и хэкIыпIэхэр уи щхьэм къохьэр, узыгъэпIейтейм и жэуап къыбогъуэт. Языныкъуэхэм зэраукъуэдиймкIи, дольменхэр адрей уафэщIхэм зэпыщIэныгъэхэр щыдаIыгъ щIыпIэщ, зыухуари абыкIэ къикIахэрщ. 
Пасэрей цIыхухэм ябгъэдэлъа фIэщхъуныгъэмрэ испы унэхэм хуэгъэзауэ ягъэзащIэу щыта хабзэхэмрэ зыхуэдар нобэр къыздэсми ирикъуу джа хъуакъым. Уеблэмэ, иджырей археологхэр а Iуэхум пыщIа хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм щаIууэкIэ, къагъуэтар зищIысыр нэгъэсауэ яхузэхэгъэкIыркъым. 
Арауэ щытми, дольменхэм къыдагъащIэ зыщIахэм я щэнхабзэ псэкупсэм теухуауэ куэд, ухуэныгъэм хэзагъэу, гъущIми, къупщхьэми, мывэми, ятIагъуэми я щэхухэм щыгъуазэу зэрыщытари абы хэтыжу. Дяпэ итахэм я псэукIам теухуауэ тщIэ тIэкIур зы къэухьым иту иджыри къэс екIуэкIащ.
«КъызэрыслъытэмкIи, - къыпещэр адэкIэ и псалъэм Шыкъым, - испы унэхэр хъумэным гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыпхъэщ. Абыхэм ящыщ щэ бжыгъэхэр лъабжьэкIэ ирахащ, гъуэгухэр, пшахъуэ-мывэ къихыпIэхэр, псэупIэхэр щаухуэм, мэзым пыщIа лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIым, зауэ хуэIухуэщIэхэм зыщыхуагъасэ щIыпIэхэр къыщыхахым. 
Iуэху мыхъумыщIэм зэрахузэфIэкIкIэ «хэлIыфIыхьащ» археолог нэпцIхэр, цIыху къызэрыгуэкIхэм ящыщу щыIам пщIэ хуэзымыщIхэмрэ къэкIуэнур къызыфIэмыIуэхухэмрэ. Нэхъ шынагъуэжращи, илъэс дэкIыркъым пасэрей щэнхабзэм къигъэщIа зи гугъу тщIы испы унэ телъыджэхэм ящыщ гуэрхэр ямыкъутэу. Уигу къемыуэнкIэ Iэмал зимыIэщ ди лъэхъэнэгъухэм лIэщIыгъуэ минхэм къапхрыкIа дольменхэр щIым щыщ зэращIыжыр. Шэч зыхэмылъыжыр аращи, а псоми къахэкIыу зэхэлъхьапхъэщ къэрал хабзэкIэ ахэр къэзыхъумэ программэщIи. Ауэ псом хуэмыдэжу а Iуэхум егугъун хуейр езы адыгэхэмрэ абхъазхэмрэщ. Дэращ ахэр зи щIэиныр, дэращ ахэр къэкIуэну щIэблэм яхуэзыхъумэфынур». 
Тхыгъэр зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ