Налшык, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щекIуэкIащ Къэбэрдей- Балъкъэрым и тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэ. «ТекIуэныгъэ Иным и щIэблэр» Iуэхур къызэрагъэпэщащ «ЦIыхубэ фронтым» и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ социощэнхабзэ проектхэмкIэ «Мирт» зэгухьэныгъэмрэ. ДэIэпыкъуэгъу хъуащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэхэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэр. НыбжьыщIэхэм я зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм жылагъуэ проектхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Куэцэ Эльберд, Нало Залым и цIэр зезыхьэ «Техник ныбжьыщIэхэм я станцэ» центру Нарткалэ щыIэм и лэжьакIуэ Гулэжын Беслъэн, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, «Боевое братство» зэгухьэныгъэм и унафэщI Абэнокъуэ Владимир, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и журналист ДыщэкI Альберт, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм хэт Мыкъуэ ФатIимэ. Iуэхум къеблэгъауэ хэтащ полковник МацIыхъу Хъусен.
Зэхыхьэр къызэIуихащ «Мирт» центрым и унафэщI Уэрдокъуэ Юлие.
- Ди зэхуэсыр теухуащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и тхыдэм. Мы Iуэхур къызэдгъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэм-рэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министертвэм и грант къэтхьамкIэ. Нобэ ныбжьыщIэхэр 115-нэ шуудзэм теухуауэ зэпеуэнущ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, мыбы ипэ къихуэу, дызытепсэлъыхьым теухуауэ «ЛIыхъужьыгъэм и дерс» зыбжанэ республикэм и школхэм зэрыщедгъэкIуэкIар. Абы къинэмыщIауэ, Ростов областым видеозэпыщIэныгъэкIэ дерсищ, Калмыкъ Республикэм щыщхэм - зы дерс ядедгъэкIуэ-кIащ. Ростов и Мартыновкэ щIыналъэм шуудзэр зэрыщыIам и хъыбархэм куэду дыщыгъуазэми, Къалмыкъым щыIэ Цаган-Нур жылэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ уэрам зэраIэм куэдым ящIэркъым. Жылэ цIыкIум дэт ку-рыт еджапIэм хэт музейм щIэлъщ шуудзэм ехьэлIа хьэпшыпхэр. Дерсхэм къадэкIуэу, иджыблагъэ едгъэкIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и лэжьакIуэхэмрэ республикэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэмрэ зыхэта щIэнIуатэ. Нобэ Iуэхур къызэщIыдокъуэж тхыдэдж ныбжьыщIэхэр зыхэт зэхыхьэкIэ. А Iуэхугъуэ псори къредгъэубыдащ «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ зы шуудзэм и тхыдэм къызэрыхэщыр» фIэщыгъэр зиIэ лэжьыгъэм, - жиIащ абы.
НыбжьыщIэхэр зэпеуэным ипэ къихуэу, ягъэлъэгъуащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм теухуауэ Коломийцев Владислав- рэ Пщыгъуэш Тимуррэ проектым и зы Iы- хьэу траха фильмыр. Ар дяпэкIэ щагъэлъэгъуэнущ республикэм и курыт еджапIэхэм.
- Фильмыр тетхащ ныбжьыщIэхэм нэхъ яхуэгъэзауэ - 115-нэ шуудзэм и тхыдэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ щIэдзапIэ яхуэхъун, зауэлIхэм я фэеплъыр хъумэным къыхуигъэушын хуэдэу. Гу зэрылъыттэмкIэ, ди щIалэгъуалэм тхыдэм теухуа тхыгъэ кIыхьхэм еджэ нэхърэ, видео кIэщIхэм еплъмэ нэхъ къащтэ. Мис мы фильмри абы тещIыхьащ. Си гугъэщ, шуудзэм теухуауэ мыбы щыжытIэхэм щIалэгъуалэр дихьэхыну икIи нэхъ куууэ абы зыщагъэгъуэзэну Iэмал къаритыну. Къапщтэмэ, 115-нэ шуудзэм и щхьэм кърикIуам теухуауэ интернетым укъызыщеджэфынур мащIэ дыдэщ. Пэжщ, ди фильмым хэтщ нэхъ зебгъэубгъунуи къыщезэгъа теплъэгъуэхэр. Ауэ дэ дыпылъащ зэманымрэ абы къидгъэзэгъэн хуей Iуэхугъуэхэмрэ зэдгъэкIуным. ИужькIэ, фильм кIыхь тетхынуи ди мурадщ, сыту жыпIэмэ, тетхын, дгъэлъэгъэун, дызытепсэлъыхьын куэду диIэщ, - жиIащ Коломийцевым.
- Шуудзэм и тхыдэм щыгъэгъуэзэн хуейщ щIалэгъуалэр. Нобэ фызэплъыну ди лэжьыгъэри щIэблэр хэкупсэу къыдэгъэкIуэтеиным теухуауэ хэлъхьэныгъэ хъуну си гугъэщ. Дыщогугъу, фильмыр гъуазэ яхуэ- хъуу, иджыри нэхъыбэ зыщагъэгъуэзэн гукъэкI ящIыну, - жиIащ Пщыгъуэш Тимур.
- Ди блэкIар дымыджыжмэ, къэкIуэнум дыхуэхьэзыру дыпсэуфынукъым. Мартыновкэ щIыналъэм щалъытэ, щадж Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и тхыдэр, сыту жыпIэ- мэ, къалъытэ абы и фIыгъэкIэ дяку къуэшыгъэ къыдэхъуауэ. Республикэм щытхъумэн хуейщ абы хэта ди зауэлIхэм я щIыхьыр, ди щIэблэм дежкIи а лIыхъужьхэр щапхъэу щытыпхъэщ. Абы папщIэ мыпхуэдэ Iуэху- хэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Проектым къыхэлэжьыхьащ министерствэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, школхэр, - жиIащ зэпеуэм и мыхьэнэм теухуауэ Гулэжын Беслъэн.
Республикэм и щIыналъэхэм къикIа школакIуэхэр 115-нэ шуудзэм и тхыдэм, абы хэта лIыхъужьхэм я гъащIэм теухуа тхыгъэхэр ягъэхьэзырри зэхыхьэм къыщеджащ. Республикэм и школхэм къикIа гупхэр шуу-дзэм теухуа тхыдэ щIэныгъэкIи зэпеуащ. Абы щытекIуащ Бахъсэн щIыналъэм и лIыкIуэ гупыр.
115-нэ шуудзэм и тхыдэм теухуауэ ягъэхьэзыра Iуэхур зыхуэдэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъ къыдагъэкIынущ. Ахэр ягъэщIэрэщIэнущ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Аккизов Керимрэ дизайнер Сибиряков Никитэрэ.
ГУГЪУЭТ Заремэ,
Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.