Зэхыхьэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

Кавказ инвестицэ форумыр 2024 гъэм егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэм я япэ зэIущIэм видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар иригъэкIуэкIащ Урысей ­Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ­Новак Александр. 

Кавказ инвестицэ форумыр 2023 гъэм япэу къызэрагъэ­пэщауэ щытащ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, ар илъэс къэс ирагъэкIуэкIыну траухуащ. Абы ­щагъэлъэгъуэнущ Урысейм и хэгъэгухэм, хамэ къэралхэм, дунейпсо зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэм, хьэрычэтыщIэхэм я инвестицэ Iэмалхэр.  
Зэхуэсым утыку къыщрахьэнущ туризмэмрэ мэкъумэш ­IэнатIэмрэ зэрызиужьыр, гъуэгу хозяйствэр, промышленностыр, энергетикэр, банк секторыр, бжыгъэхэр зи лъабжьэ экономикэр, щIалэгъуалэ Iуэхухэр. Апхуэдэуи ди къэралым и щIыналъэхэм лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэмрэ 2030 гъэ пщIондэ я Iуэхухэр зэрырагъэфIэкIуэну планхэмрэ ягъэлъэгъуэнущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ