ТХЫДЭДЖ НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭХУЭС

Налшык къалэм дэт, щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ Центрым иджыблагъэ тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхуэс гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Тхыдэр фIыуэ зылъагъу, ар куууэ зыджыну хуей щIалэгъуалэм Iэмал ягъуэтащ къэралми, щIыналъэми, жылагъуэхэми я блэкIам зэрыхащIыкI щIыкIэр утыку къащIыну, я щIэныгъэр здынэсыр IэщIагъэлIхэм ирагъэлъагъуну.

«ТекIуэныгъэ иныр къэзыхьахэм я щIэблэ» фIэщыгъэ дахэр зыгъуэта щIэныгъэ зэIущIэр теухуат Хэку зауэшхуэм и тхыдэм, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм къикIуа гъуэгуанэм. «Зы шуудзэм и тхыдэм зауэмрэ мамырыгъэмрэ къызэрыхэщыжыр» жылагъуэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ къыхалъхьа жэрдэмыр екIуэкIыным икIи зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным я гуащIэ халъхьащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ «ЦIыхубэ фронт» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэмрэ.

Зэхуэсым и ублапIэм деж къызэхуэсахэм «115-нэ шуудзэр» фильмым ирагъэплъащ. Абы тегъэщIапIэ хуэхъуащ шуудзэм и къекIуэкIыкIар къэзытIэщIыж тхыдэ къэхутэныгъэхэр, ар къызэгъэпэщыным теухуауэ архив хъумапIэхэм хэлъ дэфтэрхэр, а лъэхъэнэм траха видеохэр. Гъэлъэгъуэныгъэр зэфIэкIа нэужь, ар тезыха Пщыгуэш Тимуррэ Коломийцев Вячеславрэ къыхагъэщащ зыщымыгъуазэ икIи зэи зримыхьэлIа Iуэхугъуэ куэд къызэрыкъуэкIар, зыр къэбгъанэмэ, адрейр нэсу къэIуэта мыхъункIэ шынагъуэ иIэу дэтхэнэ зы тхыдэри зэрапхын хуейуэ щытыкIэ зэриувар.

 – Тхыдэм ущыхуеплъэкIыжым деж, уапэщыт мыхъуу, ищхьэкIэ укъеплъыхыу ухэплъэн хуейщ, екIуэкI псори зэуэ уи нэ къыщIидзэн папщIэ. Хэку зауэшхуэм и тхыдэр къанэ щымыIэу джа хъуауэ жыпIэфынукъым. ДызылъэмыIэса Iэджэ щыIэщ, къыщIэгъэщын, щIэблэми ябгъэдэлъхьэжын хуейуэ. 115-нэ шуудзэм и Iуэхур зэи щэхуу щытакъым. Абы хэтыну щIалэхэр къызэрыхашам, жылэр зэхыхьэурэ ахэр Iэщэ-фащэкIэ зэрызэщIаузэдам, Тэн губгъуэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм зэрыхэтам мыбзаджэу дыщыгъуазэщ. Абы къыдэкIуэу, дымыщIэхэри щыIэщ. ЩIэныгъэлIхэр иризодауэ, псалъэм и хьэтыркIэ, шуудзэр топкIэ зэщIэузэда танкыдзэм щIыпэщIагъэувам, хэщIыныгъэшхуэ зэрагъуэтынур ящIэ пэтми, псэзэпылъхьэпIэ бзаджэм щIрагъэувар, нэгъуэщI Iуэхухэри. Къыхэгъэщын хуей бжыгъэхэр щыIэщ. ЗэуапIэм Iухьэну шуудзэм цIыху 4508-рэ хуэдиз хэтащ. Абы щыщу цIыху 3382-рэ къызэрыкIуэ зауэлIт. 1942 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу шуудзэм щыщу цIыху 878-м я щхьэр зауэ мафIэсым халъхьащ, 928-р хъыбарыншэу кIуэдащ, 5-р гъэру яубыдащ, 846-р – уIэгъэ хъуащ. Пэжу, иужькIэ къызэрыщIэщыжамкIэ, цIыху 219-р псэууэ къыкъуэкIыжащ, арыххэуи, зи хъыбар ямыщIэу кIуэдахэм къыхагъэщхьэхукIыжащ. И ныкъуэм нэхърэ нэхъыбэр зыхэщIа шуудзэр 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м зэхагъэкIыжащ, нэгъуэщI дзэпакIэмрэ шуудзэхэмрэ хагъэхьэжащ. 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм щапхъэ щIытепхын лIыгъэшхуэ ягъэлъэгъуащ. Бийм и щIыбыр хуэгъэзэныр напэтехыу къэзылъытэ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ икIуэт ямыщIэу зэуащ, хэщIыныгъэшхуэ зэрыпхъуакIуэхэм иратащ. Дэ ди къалэнщ нобэ къытщIэхъуэ щIэблэм блэкIам и пэжыр наIуэу ябгъэдэтлъхьэныр, абы хуэунэтIа сыт хуэдэ Iэмалри нэсу къэдгъэсэбэпыныр. Дэ фильмыр щыдгъэхьэзырым тIэкIу дызыщыгугъыжагъэнущ – куэдым хэтщIыкIыу къытщыхъурт. Ауэ лэжьыгъэр кIуэтэху, дызыIэпишэрт, упщIэбэр къэувырт, жэуапхэр зэхуэдгъакIуэрт. ЕбгъэфIакIуэ мыхъун щыIэкъым, ауэ иджыпсту утыку къитлъхьа фильмыр егъэджэныгъэм хэплъхьэ хъуну къыдолъытэ, тхыдэ дерсхэм нэрылъагъу Iэмалу щызепхьэ хъунуи къытщохъу, – жаIащ фильмым елэжьахэм.

Зэхуэсыр егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмщIакIуэ хъуа, жылагъуэ-щэнхабзэ пэхуэщIэхэмкIэ «Мирт» Центрым и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Уэрдокъуэ Юлэ зэрыжиIамкIэ, зэIущIэм кърихьэлIащ Бахъсэн, Шэджэм, Аруан икIи КъалэкIыхь щIыналъэхэм ит курыт еджапIэхэм я гъэсэнхэр. Апхуэдэу зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ Налшык къалэ дэт 7-нэ икIи 11-нэ курыт еджапIэхэм я щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм хэт щIалэгъуалэр.

 – ГукъэкI зыхуэтщIа IуэхумкIэ щIыналъэхэм егъэджэныгъэ Iуэхур щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм дащыдэугуашэм, къыддаIыгъащ икIи абы хуэгъэза щIэнгъасэ лэжьыгъэ зыбжанэ щрагъэкIуэкIащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, мыхьэнэшхуэ иIащ ЛIыгъэм и дерскIэ дызэджэ Iуэхугъуэхэм. Ахэр псори 115-нэ шуудзэм и тхыдэм тещIыхьауэ щытащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт пэIудза дерсхэр зэредгъэкIуэкIами. Апхуэдэу дэ запытщIащ Ростов щIыналъэм щыIэ Мартыновкэ къуажэм. 115-нэ шуудзэм и цIыхушхуэ щыкIуэдар абдежщ. КъищынэмыщIауэ, дэ далэжьащ Къалмыкъым щыIэ курыт еджапIэхэм. Шуудзэм хэта щIалэхэм я цIэр а щIыналъэм ит зы къуажэ уэрамым зэрехьэ. Ди щIэнIуатэр жэрдэмыр зэхуэзыщIыж Iуэхугъуэщ. Дерсхэм щызэхахамрэ видеогъэлъэгъуэныгъэм къарита щIэныгъэмрэ зэхалъхьэжри, цIыкIухэм лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр ди пащхьэ къралъхьащ. Языныкъуэхэр шуудзэм и тхыдэм тотхыхь, ауэ ныбжьыщIэхэм къахэкIащ абы хэта зауэлI щхьэхуэхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIам гупсэхуу тетхыхьахэри, зэрахьа лIыгъэм къэхутэныгъэхэр тезыщIыхьахэри. Ахэр, ипэжыпIэкIэ жыпIэмэ, къанэ щымыIэу щIэщыгъуэт, зэи тхыдэ щIэныгъэм и утыку имылъа псалъэмакъ щхьэпэт. Шэч къытетхьэркъым, апхуэдэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм я бжыгъэм дяпэкIи зэрыхэхъуэнум, – жиIащ Уэрдокъуэ Юлэ.

ЩIэнIуатэм щыщ зы Iуэхугъуэт бэрэIущ зэхьэзэхуэри. УпщIэхэм жэуап иратыж къудейм къыщымынэу, ныбжьыщIэхэр хущIэкъуащ я гупсысэкIэри джэгум халъхьэн, абыкIэ тегъэщIапIэ ящI лэжьыгъэхэри я цIэкIэ къраIуэн.

ЩIэнIуатэм и кIэухым къэпщытакIуэхэм къыхагъэщащ щIалэгъуалэм лэжьыгъэшхуэ къызэрызэранэкIар, ар лъэпкъ щIэжыр хъумэным, Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалэхэм я фэеплъыр мыгъэкIуэсэным хуэунэтIауэ зэрпыщытыр, апхуэдэ зэхьэзэхуэхэмрэ щIэнIуатэхэмрэ щIэх-щIэхыурэ щIыналъэм щегъэкIуэкIын зэрыхуейр.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ