ЩIЭБЛЭР СПОРТЫМ ДРАГЪЭХЬЭХЫН МУРАДКIЭ

 Хъыбар гуапэ

Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №11-м иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Авангард» баскетбол клубыр. Абы и  къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ а спорт лIэужьыгъуэм щIалэгъуалэр драгъэхьэхынымкIэ, я узыншагъэр ягъэбыдэнымкIэ а клубыр къагъэщхьэпэну.

         Клубыр къызэIуахащ Налшык къалэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу икIи абы зыщызыгъэсэнур езы курыт еджапIэм щIэсхэрщ.

         Къыхэдгъэщынщи, Налшык и курыт еджапIэ №11-м къыщIэкIащ Урысейм и супер-лигэм хэт «Пересвет-ЮФУ» баскетбол клубым щыджэгухэу Ерёминэ Дарьерэ Дмитриенкэ Вероникэрэ. Аращи, ныбжьыщIэ цIыкIухэм яIэщ щапхъэ зытрахын, зыдэплъеин, зыхущIэкъун.

 

                                                                      АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ