ЕМЫЗЭШ МЭШЫБЭ ЕЩIЭ

Бахъсэн къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм я зэIущIэ иджыблагъэ ядригъэкIуэкIащ.

Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм лэжьэн зэрыригъажьэрэ куэд щIакъым, ауэ и Iуэху зехьэкIэм удимыхьэхынкIэ, зыхуигъэувыжа мурадхэмрэ зыщищIыжа къалэнхэмкIэ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ имыхьэхункIэ Iэмал иIэкъым. Япэ лъэбакъуэхэр зыч зэщIэхъееныгъэм и гуращэхэр щIэблэм я къэкIуэнум хуэгъэпсауэ икIи абыхэм гъуэгу къезыт Iуэхугъуэхэмрэ жэрдэмхэмкIэ лэжьыгъэр гъэнщIауэ зэрыщытым адэ-анэхэри зыIэпешэ.

УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къызэрагъэпэща «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм жылагъуэ жэрдэмщIакIуэу къэралым щыпсэу сабийхэмрэ щIалэгъуалэхэмрэ зэригъэуIуныр и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Къэралпсо икIи хэгъэгупсо зэхьэзэхуэхэмрэ щIэнIуатэхэмрэ я утыкум зи зэхэщIыкIыр щIагъуэ, зи гупсысэкIэр куу, зи дуней лъагъукIэр щIэщыгъуэ щIалэгъуалэ куэд къохьэ. Сыт хуэдиз гуращэм ахэр зэримышалIэми, абыхэм къыхалъхьэ пэхуэщIэхэр (проектхэр) зэзыгъэуIу, унэтIыныгъэ пыухыкIа езыт зэгухьэныгъэ зэрыщымыIэм зы Iуэху зыщIэхэр зэпэжыжьэ ищIырт, уеблэмэ зэрымыцIыхуххэу къэгъуэгурыкIуэрт. ЩIэныгъэм дихьэх, дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ я щэхур къэзыхутэ, жылагъуэ зэхэтыкIэм и зыужьыныгъэм зыIэпишэ щIалэгъуалэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр къэрал къулыкъущIэхэм гъэщIэгъуэн къащохъу, щыIэ щытыкIэм зэрыхаухуэнэным, зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэным и Iэмалхэр къалъыхъуэу хуожьэ. Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм щIалэгъуалэм я гупсысэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр, жэрдэмхэр, къэхутэныгъэхэр гъащIэм хэпщэнымкIэ зэфIэкI зиIэхэм я деж нихьэсыну IэмалыфIхэр иIэнущ.

Бахъсэн къалэм щекIуэкIа зэIущIэр «Уи хъуэпсапIэхэм фIэщхъуныгъэ яхуиIэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщащ. Ар къызэзыгъэпэщахэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэхуаку дэлъ уэршэр нахуэм тету ягъэпсат. ЗэIущIэм и кIуэцIкIэ щIалэгъуалэр утыкум къихьэурэ мыхьэнэ зиIэу къилъытэ Iуэхугъуэр утыкум кърилъхьэрт, ар нахуэу адрейхэм зэпкърахырт. Псалъэр зрата ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх икIи зи ужь ит Iуэхугъуэхэм, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щызригъэгъуэту еджапIэхэм къаритыну Iэмалхэр зыхуэдэм, лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуным, нэгъуэщI куэдми я гугъу ящIырт.

 - «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэр» къызэрыунэхурэ куэд щIакъым, Урысейм и щIыпIэхэм щылажьэ сабий икIи ныбжьыщIэ зэгухьэныгъэ 24-р къызэщIэзыубыдэ зэгухьэныгъэщ. Абы и лэжьыгъэр зыфIэхьэлэмэт дэтхэнэ зыми Iэмал иIэнущ и зэфIэкIхэр унэтIыныгъэ I2-м щигъэунэхуну, и жэрдэмхэр абдеж къыщыхилъхьэу пэхуэщIэ нэсу зэфIигъэувэну. Хэти езым и гум пэблагъэ, и псэм ехуэбылIэ Iуэхур зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм хигъуэтэну къытщохъу. Шэч хэлъкъым - къэралпсо мыхьэнэ зиIэ зэщIэхъееныгъэм ущыхыхьэкIэ, къалэн пыухыкIахэри пхьынущ. Псалъэм папщIэ, щIалэгъуалэм тхылъымпIэхэм Iэ щIадзынущ, абыкIэ хьэкъ зэриIэм, утыку зэрихьа Iуэхугъуэхэр зэфIихыну и фIэщу зэрыщытым щыхьэт техъуэу. Абы, арыххэуи, щIалэгъуалэр балигъ щытыкIэм ирегъэувэ, щыпсэу къалэм, хэгъэгум, къэралым мыхьэнэ зэрыщиIэр зыдищIэжу къегъэтэдж. ЩIалэгъуалэм я закъуэу, щIэгъэкъуэн ямыIэу зэи закъыщыхъуж хъунукъым. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» хэтхэр зэкъуэт гупышхуэш, дэтхэнэ зы еджакIуэм е студентым и щIыб ар къызэрыдэтыр зыхезыгъащIэ хасэщ. Гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу зи гуращэм жану хуэкIуэ, ар зэщIа хъун папщIэ жыджэру лажьэхэм ящыщ фыхъуну, къывэпщIэкIа фи ныбжьэгъу-лъэгуажьэгъухэм фэркIэ фIэщхъуныгъэ яIэу зывужьыну. Дэ сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн дыфхуэхъунущ, – жиIащ Шыпш Аслъэн, утыкум къыщыпсэлъахэри зэIущIэм кърихьэлIахэри игъэгушхуэу.

Зэхуэсым цIыху 600-м щIигъу кърихьэлIащ. Шыпш Аслъэн зэрыжиIамкIэ, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» къыхилъхьэ Iуэхугъуэхэр яфIэкъабылу къахыхьэхэм я бжыгъэм хохъуэ.

 - Къыхэзгъэщынут тIэкIу дэкIмэ, ди зэIущIэм дыкъыхуеплъэкIыжу, абы и мыхьэнэм дрипсалъэу зэрыхъунур. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щызэхаша IуэхузегъакIуэ къудамэхэм узэрыгушхуэ хъуну лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэрызэфIахынур, ахэр жылагъуэм дежкIэ пщIэ зиIэуи зэрыщытынур. Мызэ-мытIэу зэрыжысIащи, сыт щыгъуи гугъущ ипэ уитыну, уи гупсысэрэ Iуэху еплъыкIэрэ псом япэ утыкум къипхьэну. Ауэ цIыхубэм ягу къинэри, занщIэу къамыщтэми, иужькIэ гунэс ящыхъури япэ кърахьа гупсысэрщ, уеблэмэ зэувэлIэжри аращ. Дызэрыщыпсэунум, дызэрыщылэжьэнум, ди гугъэ куэдрэ зэрыщызэдгъэхъулIэнум къыхэкIыу, ди адэжь щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнум фIыкIэ хуэмыхъуапсэ къытхэткъым. ЩIэблэр гъуэгу захуэ тедгъэувэкIэрэ фIэкIа а хъуэпсапIэхэр къызэрыдэхъулIэн нэгъуэщI хэкIыпIэ щыIэу къэслъытэркъым. Дэ мы лъэхъэнэм иужь дитщ къэралым къыщыхалъхьэ сабий икIи ныбжьыщIэ пэхуэщIэхэм ди щIалэгъуалэр хэтшэным, абыкIэ псоми Iэмал зэхуэдэ яIэным. Дыхуейщ щIэблэм гукъэкI зыхуищI, и гуащIэр ирихьэлIэурэ зэхигъэувэ пэхуэщIэ гъэщIэгъуэнхэр езыхэм утыку кърахьэфу, ахэр зэрыIэмалыншэр ди фIэщ ящIрэ пхагъэкIыфу зэфIэкI яIэну. Аращ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэри, абы и щIыналъэ къудамэхэри зыхущIэкъунур. Узэкъуэтмэ, улъэщщ, жаIащ ди нэхъыжьхэм. ИтIанэщ дызыхуейхэр къыщыдэхъулIэнур, – жиIащ Шыпш Аслъэн.

ЗэIущIэм «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и мурадхэмрэ къалэнхэмрэ къэзыIуатэ икIи зэпкърызых видеотеплъэгъуэхэр щагъэлъэгъуащ, езы еджапIэм щеджэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм я уэрэдхэмрэ къафэхэмкIэ ягъэдэхащ.

Зэхуэсыр и кIэм щынэблагъэм, Шыпш Аслъэн ныбжьыщIэхэм фэеплъ тыгъэхэр яритащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.