ЩIэныгъэ куур зи тегъэщIапIэ зыужьыныгъэ

КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетхэм иджыблагъэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм депутатхэр щы­тепсэлъыхьащ гуманитар егъэ­джэ­ныгъэр зэфIэгъэувэным РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ цент­рым Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ и институтым хуищI хэлъ­хьэныгъэм. 

Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, республикэм и министерствэхэм, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым я лIыкIуэхэр, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щылажьэхэр.
ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIа­лэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Емуз Нинэ жиIащ комитетитIым зэуIуу зэIущIэр къызэ­рызэрагъэпэщам Iэмал нэхъыбэ ­къазэрыритыр къаIэта Iуэхум епха гугъуехьхэм нэхъ куууэ хэплъэну. Къэп­сэ­лъам къыхигъэщащ республикэм гуманитар егъэджэныгъэм зэхъуэ­кIыныгъэфIхэр зэригъуэтам Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институ­тым и гуащIэ зэрыхэлъыр къызэ­ры­лъы­тапхъэр.
ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч жиIащ зи гугъу ящI IуэхущIапIэм цIыхубэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы лъэпощхьэпо хуэ­хъухэр къызэранэкIыным набдзэгубдзаплъэу бгъэдыхьэн зэрыхуейр.
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къас­болэт тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и тхыдэмрэ и зэфIэкIхэмрэ. Ар 1926 гъэм щIышылэм и 6-м къызэрагъэпэщауэ щытащ, щIыналъэм щыпсэухэм я бзэхэр, хабзэхэр, IуэрыIуатэр, тхы­дэр, щIыуэпс къулеигъэр, экономикэр джынымрэ цIыхухэр щэнхабзэ хъугъуэ­фIыгъуэхэм дегъэхьэхынымрэ я мурад нэхъыщхьэу. Мы зэманым ар хабжэ Урысей Федерацэ псом щы­лажьэ апхуэдэ IуэхущIапIэ нэхъыфI дыдэхэм. 
- ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей акаде­мием и комиссэм 2011 гъэм ди институтыр къилъытауэ щытащ адыгэхэмрэ къэрэшей-балъкъэрхэмрэ я бзэхэр, IуэрыIуатэр, литературэр, тхыдэр, археологиер, этнологиер джыным къы­дэкIуэу, дунейпсо, урысей тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зэгъусэу къэзыхутэ щIэ­ныгъэ IуэхущIапIэу абы и закъуэ фIэ­кIа зэрыщымыIэр, - къыхигъэщащ Дзэмыхьым.
Институтым и лэжьакIуэхэр псори зэхэту цIыху 88-рэ мэхъу. Абы щыщу цIыху 21-р щIэныгъэхэмкIэ докторщ, щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэр 43-рэ мэхъу. IэщIагъэлIхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ КИФЩI-м и нэ­гъуэщI республикэхэмрэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэхэр, УФ-м щIэныгъэ нэ­хъыщ­хьэ щетынымкIэ щIыхь зиIэхэр, ЩIэныгъэмрэ техникэмрэ епхауэ ­КъБР-м ит Къэрал саугъэтыр зы­хуагъэ­фэщахэр.
IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщ­рэ тхылъ миным щIигъу къыдагъэ­кIащ, монографие къэхутэныгъэу 650-рэ яхэту. Дзэмыхьыр къытеувы­Iащ къэралым и щIэныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэ хуэзыщIа лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм. Ахэр фIыуэ къызэралъытам и щыхьэту, къэпсэлъам къигъэлъэгъуащ институтым къыдигъэкIхэм мызэ-мытIэу дамыгъэ лъагэ­хэр къызэрыхуагъэфэщар. Ап­хуэ­дэу, 2018 гъэм институтым и лэжьакIуэ гупым къыдагъэкIа монографиеу тIум къыхуагъэфэщат ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ Ждановым и цIэр зезыхьэ XI дунейпсо зэ­хьэзэхуэм япэ нагъыщэ зиIэ и щIыхь тхылъыр.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, институтыр мэлажьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я тхыдэмрэ зыу­жьыныгъэмрэ щIэныгъэ лъабжьэ еты­ным пыщIа гугъуехьхэм гулъытэ хэха хуищIу. Абы къыхигъэщащ институтым и къэхутэныгъэхэр щIэгъэкъуэн зэрахуэхъур республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъума ­хъуным, республикэм, къэралым я со­циально-экономикэ, жыла­гъуэ-политикэ щэнхабзэ зыужьыныгъэ ехьэлIа къалэнхэр зэфIэхыным. Ап­хуэдэ лэжьыгъэхэр республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэми, колледжхэми, курыт еджапIэхэми къыщагъэсэбэп.
IуэхущIапIэр жыджэру хэтщ Урысейм и псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэм я лъабжьэмрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэхэмрэ егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ щыIэ щIыналъэ, федеральнэ прог­рам­мэ щхьэхуэхэр гъэзэщIэнми. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институ­тым, езыми нэгъуэщI IуэхущIапIэхэр къыгуэтуи, щIэныгъэ журнал зыбжанэ щIыналъэм къыщыдегъэкI. Абы и лэжьакIуэхэр диссертацэ советхэм хэтщ, языныкъуэхэр ВАК-м и экспертщ. IуэхущIапIэр ядолажьэ ди къэ­ралми хамэ щIыпIэхэми я еджапIэ нэхъыщхьэхэм. 
Дзэмыхьым дыщIигъуащ институ­тыр илъэси 100-м нэблэгъауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм зэрыхэтыр, абы и щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къэралым и щIэгъэкъуэну зэрыщытыр.
ЗэIущIэм хэтахэм я Iуэху еплъыкIэр жаIащ. Нэхъ тегъэщIауэ тепсэлъы­хьащ аспирантхэр зэрагъэхьэзырым, языныкъуэ IэнатIэхэр IэщIагъэлIхэм зэ­ры­хущыщIэм, IуэхущIапIэм и гъэ­тIылъыгъэхэр компьютерым хъума зэрыщыхъуныр къызэрызэрагъэ­пэщым, щIэ­ныгъэм епхауэ ят ахъшэ саугъэтхэр къэхьыным, институтым и илъэси 100-м зэрызыхуагъэхьэзырыну щIы­кIэм, нэгъуэщIхэми. ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ, зэлэжьыпхъэхэр ягъэбелджылащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.