Дыгъэгъазэм и 25-м щIидзэнущ сабийхэм я илъэсыщIэ махуэшхуэхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм хэтхэм ядригъэкIуэкIащ хабзэ хъуауэ сабийхэм ­папщIэ зэхашэ илъэсыщIэ зэхыхьэхэр къы­зэрызэрагъэпэщынум теухуа зэIущIэ.

КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я бынхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм къыхэкIа цIыкIухэм, ди щIыналъэм и нэIэ щIэт, Херсон областым хыхьэ Скадовскэ, Голопристанскэ районхэм щыщ сабийхэм гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуащIынур. Республикэ бюджетым къыхэкI мылъкукIэ абыхэм къыхуащэхунущ илъэсыщIэ саугъэту мин 18,8-рэ. КъищынэмыщIауэ, дыгъэгъа­зэм и 25-м щегъэжьауэ республикэ илъэ­сыщIэ псейм иращIэкI махуэшхуэхэр ирагъэкIуэкIынущ, абы хэтынущ сабий мин 14,5-м щIигъу.
2018 гъэм щегъэжьауэ Урысейм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкI «ХъуэпсапIэхэм я псей» псапащIэ Iуэхуми зыхуагъэхьэзыр. Мы илъэсым щы­щIэдзауэ ди республикэм а Iуэхур къыщызэгъэпэщыныр пщэрылъ щащIащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерст­вэмрэ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» щIыналъэ къудамэмрэ. ИджыпстукIэ къаIэ­рыхьащ илъэсыщIэ письмоуэ минрэ щитхум щIигъу, блэкIа илъэсхэм елъытауэ мы гъэм лъэIу тхыгъэхэр нэхъыбэ хъуащ. Сабийхэм я хъуэпсапIэхэр ягъэзащIэу псапащIэ Iуэхум хэт хъунущ жэрдэм зыщI дэтхэнэри.
Апхуэдэу зэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхухэм теухуа упщIэ зыбжанэм, а унэтIыныгъэмкIэ 2024 гъэм зыхуагъэувыжа къалэнхэр, 2025 - 2026 гъэ­хэми я мурадхэр къагъэлъэгъуащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительст­вэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Хъубий Марат, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м про­мыш­ленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйс­т­вэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Къуныжь Вячеслав, республикэм Тарифхэмрэ псэупIэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мэкъуашэ Алим, КъБР-м щIымрэ мылъку IуэхухэмкIэ и министр Тохъу Аслъэн сымэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр