КъардэнгъущI Зырамыку ягу къагъэкIыж

КъБР-м и Музыкэ театрым фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ ­КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ, адыгэ уэрэ­дыжь­хэр, хъыбархэр зэхуэхьэсы­жыным, абыхэм цIыхубэр ­щыгъэгъуэзэным ­теухуауэ куэд зыщIа щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж, тха­кIуэ, уэрэджыIакIуэ, драматург, артист КъардэнгъущI Зы­ра-мыку къызэралъхурэ илъэ­сищэрэ тхурэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Фэеплъ пшы­хьыр къызэригъэпэщащ КъБР-м Щэн­хабзэмкIэ и министерствэм. Ар ирагъэкIуэкIащ Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей къэрал драмэ теат­рым и артист пажэхэу Хьэ­мырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. 

- ПщIэ зыхуэсщI ныб­жьэгъухэ! ФIэхъус гуапэ фызох адыгэ IуэрыIуатэр джы­ным и лъабжьэр зыгъэтIы­-лъа, адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр зыгъэбея КъардэнгъущI Зы­рамыку и фэеплъ пшыхьым къэкIуахэм. Ар цIыху телъы­джэу щытащ. И гурыхуагъым, зэрытхьэкIумафIэм икIи макъыфIэм къыхэкIыу ар адыгэ художественнэ щэнхабзэр ­зе­зыгъакIуэ иужьрей джэ­гуакIуэ хъуащ, Зырамыку ­СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми хэтащ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - Зырамыку къыщIэна къэ­ху­тэныгъэ лэжьыгъэхэр, зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэр лъэпкъ щэнхабзэм и гъэтIылъыгъэ лъапIэ хъуащ. Ди адыгэ уэрэ­дыжьхэр, хъыбарыжьхэр, ­псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр ­хъума зэрыхъуар абы и фIы­щIэщ. КъардэнгъущI Зыра­мыку и Хэкумрэ и лъэпкъэгъу­хэмрэ фIыуэ илъагъуу, пщIэ­шхуэ яхуищIу щытащ. Мып­хуэдэ пшыхьхэр уасэншэщ блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэ­пызыщIэ цIыхубэ уэрэдыжь­хэр хъума хъунымкIэ, къэ­кIуэну щIэблэм я деж нэхьэ­сынымкIэ. ЦIыхубэ творчествэр щытхуэхъумэныр ди нэ­хъыжьыфIхэм къащIэна лъа­пIэныгъэхэм захуэдгъа­зэ­мэщ, ахэр къэдгъэщIэ­рэ­щIэж­мэщ.
КъардэнгъущI Зырамыку Псыгуэнсу къуажэм (Жан­хъуэтхьэблэ) 1918 гъэм щIы­шылэм къыщалъхуащ. Ленин и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIур (ЛУГ) къиуха нэужь, 1940 гъэм Москва ГИТИС-м актёр IэщIагъэ щызэригъэ­гъуэтащ. КъардэнгъущIым КъБКъУ-м и филологие фа­культетыр, 1956 - 1959 гъэм къэрал пединститутыр къиу­хыжащ. ЩоджэнцIыкIу Алий      и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей Къэ­рал драмэ театрым щы­лэжьащ, кIэлъыкIуэу ар щытащ Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым Iуэры­Iуатэмрэ литературэмкIэ и ­къудамэм и унафэщIу. Тхылъ пщIы бжыгъэхэр, щIэныгъэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ щэ бжыгъэхэр и Iэдакъэ къы­щIэ­кIащ. IуэрыIуатэр (таурыхъ­хэр, хъыбархэр, Iуэтэжхэр) щы­зэхуихьэса и тхылъ зыбжанэ Налшыкрэ Москварэ къы­щыдэкIащ. Апхуэдэщ «Адыгэ IуэрыIуатэ», «Народные песни и инструменталь­ные наигрыши» (щIэныгъэлI гупым я гъусэу зэлэжьар) тхылъхэр. Радиомрэ телевиденэмрэ я фондхэм щахъу­- мэ КъардэнгъущI Зырамыку зыхэта нэтынхэр, цIыхубэ уэ­рэдхэр игъэзащIэу ирагъэтха дискхэр. Абы щыщ пычы­гъуэхэм пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэр ирагъэдэIуащ.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 - 80 гъэхэм абы иригъэтхыжауэ щытащ «Сэрмахуэ», «Жэщ­теуэм и уэрэд», «Къущхьэ Жамбот и уэрэд» жыхуиIэр, нэгъуэщIхэри. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, ди лъэпкъэгъу­хэр щыпсэу Адыгэ, Къэрэ­-шей-Шэрджэс республикэ­хэм, Тыркум, Сирием, Иор­данием, Израилым, Аме­рикэм и Штат Зэгуэтхэм, Гер­манием абыхэм ноби щIэ­уп­щIэ щаIэщ. КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэри гуа­щIэри триухуащ лъэпкъ Iуэ­рыIуатэм, щэнхабзэм, гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуэ­щIы­нымрэ зегъэужьынымрэ, цIы­ху­бэ уэрэдыжьхэм щIэблэр щыгъэгъуэзэным. 
Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ гъэхуауэ ­къеджащ КъардэнгъущI Зы­рамыку зэхуихьэсыжа Iуэры­Iуатэм щыщ хъыбар кIэщI­-хэм. Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ уэрэд­жыIа­кIуэ­хэу Бэч Азэмэт, Хьэкъул Оксанэ, ШыкIэбахъуэ Ислъам, ДыщэкI Артур, ХьэхъупащIэ Амырхъан, БатIитI Мухьэмэд, Мэршэнкъул Резуан, Молей Алихъан, Тэхъу Мухьэмэд, Тэмазэ Юрэ, «Кавказ», «Шэ­джэм псыкъелъэ», «Джэгуа­кIуэ», «Нартан», «Лэшын­къей» цIыхубэ уэрэджыIакIуэ ансамблхэм. Апхуэдэу пшы­хьыр ягъэдэхащ республи­-кэм и къалэхэмрэ районхэм­-рэ щы­щу ирагъэблэгъа уэ­рэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм. Иужьрейхэм уздедаIуэм, щIэб­лэр цIыхубэ уэрэдыжь­хэм зэрыдихьэхыр сыту фIыгъуэшхуэ, жыпIэу уогупсыс.
ЗэIущIэм щыжаIащ КъардэнгъущI Зырамыку и гуа­щIэм и пщIэр къызэрып­хуэ­мы­лъытэнур, мылъку мы­­кIуэ­дыжын лъэпкъым къы­зэ­рыхуигъэнар. Ар зэрытхуэ­хъумэн къарурэ зэ­рыд­гъэ­бэгъуэн акъылрэ Тхьэм къы­дит! Лъэпкъым щыгъуп­щэнукъым Зырамыку и гушы­Iэ дахэхэмрэ лъэпкъым хуилэжьа фIыгъуэхэмрэ. КъардэнгъущIхэ я лъэпкъым щыщ нэхъыжьхэм пшыхьыр къызэ­зыгъэпэщахэмрэ абы къэ­кIуахэмрэ фIыщIэ хуащIащ. 
ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.