Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ Дзэгъэл Iэуес «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу» зыфIища и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
Дзэгъэлыр ди щIыналъэм фIыуэ къыщацIыху сурэтыщIщ. ар илъэс къэс гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэм ирагъэблагъэ, хэтщ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм и сурэтыщIхэм я «Колесо» зэгухьэныгъэм. Абы илъэс куэд щIауэ щрегъаджэ Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын дэт ГъуазджэхэмкIэ сабий школым.
Iэуес иужьрей илъэситхум ищIа сурэт 70 щыфIэдзат музейм и пэшхэм. СурэтыщIым зэрыжиIамкIэ, абы и лэжьыгъэхэр зы щIыпIэм щызэхуэхьэсауэ езым иджы япэу илъагъуу аращи, зыкъомым гу лъитэжащ, иригъэфIэкIуэфыну къыщыхъужу. Абы къикIращи, а сурэтыщIым зиужь, и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпытщ.
Дзэгъэл Iэуес Владикавказ къыщиухащ художественнэ училищэр, 2012 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ.
Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьа сурэтхэр Москва щекIуэкIа дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтащ, ар и щыхьэтщ сурэтыщIым зэфIэкI, и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ зэраIэм.
Иджырей зэхыхьэр къызэIуихащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ.
- Дзэгъэлым цIыхугъэшхуэ зэрыхэлъым и мызакъуэу, зэфIэкI лъагэ зиIэ сурэтыщIу зэрыщытыр нобэ хьэкъ тщищIащ. Ар и фIыгъэу къызолъытэ Iэуес щIыуэпсым хуиIэ бгъэдыхьэкIэ. Дунейм и IэфI зыщIишэр абы и IэдакъэщIэкIхэм IупщIу къытощыж.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ Дзэгъэлым и лэжьыгъэ дахэхэм, плъыфэбэхэм папщIэ фIыщIэ ин хуищIащ.
Художникым хэлъ цIыхугъэм, зэчийм а зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Кулешов Сергей. Абы игу къигъэкIыжащ Iэуесрэ езымрэ зэрызэрыцIыхуауэ щытар, я зэныбжьэгъугъэм ар зэрыригушхуэр.
«Кавказский маршрут» проектым Дзэгъэлым и гъусэу хэтхэри сурэтыщIым ехъуэхъури, фэеплъ саугъэтхэри тыгъэ хуащIащ.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.