Щэмейм и лэжьыгъэхэр

«Гранд-Кавказ» хьэ­щIэ­щым къыщызэIуахащ республикэм и сурэтыщI цIэ­рыIуэ Щэмей Руслан и лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхуэхьэса «О прошлом» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар къы­зэрагъэпэщащ художникыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ. 

КъатитIми я пэIущIэ пэш­хэм щагъэлъагъуэ сурэты­щIым и лэжьыгъэ 20-м ­щIигъу. Щэмейм зэрыжиIэмкIэ, сурэт ищIынымкIэ абы гукъыдэж къезытыр цIыху гъащIэрщ. 
ХьэщIэщым гъуазджэ лэ­жьыгъэхэр щыгъэлъэгъуэ­ным теухуа хабзэ дахэр Щэ­мей Руслан и Iэдакъэ­щIэкIхэмкIэ яублауэ щытащ. Ноби а Iуэхум зэрыпащэр ­гуапэщ. Руслан и лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэщ, гупсысэ куу зыщIэлъщ, плъыфэбэщ. «Анэ», «Бжьыхьэ», «ГукъэкIыжхэр», «Мэзым и Тхьэ», «Сэхуран», «Пшэ», «Дыгъэ», «Кхъужь» зыфIища и сурэтхэр дэтхэнэри гум дохьэ, гукъэкIыжхэм ухашэ. 
Щэмей Руслан Ленинград къыщиухащ Репиным и цIэр зезыхьэ Художественнэ училищэр. Къэрал, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм художникым жыджэру зэрызыкъыщигъэлъагъуэр и щыхьэтщ зы пIэм имыту абы и зэ­фIэкIым зэрыхигъахъуэмрэ зэрызиужьымрэ. Ди хэкуэгъу щIалэм и ехъулIэныгъэхэм дэри дрогушхуэ.
Выставкэм зыкърагъэ­хьэлIащ икIи псалъэ гуапэхэр сурэтыщIым хужаIащ и лэ­жьэгъухэмрэ, ныбжьэгъу­хэмрэ. 

Бжьыхьэ Розэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.