ЩIэныгъэлIыр лъэпкъым и дамэщ

Алыхьталэм и нэфI лъэпкъым зэрыщыхуар кърипщIэну зы нэщэнэ щыIэщ: щIэныгъэм хуэщIахэр нэхъыбэ мэхъу. Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и егъэджакIуэ нэхъыжь, «Мансур» мэжджытым и Iимам Щхьэны­къуэ Анзор шэрихьэт щIэ­ныгъэхэмкIэ доктор зэры­хъуа хъыбарым щымыгуфIыкIа, зи щхьэ лъагэу зримыгъэIэта цIыху куэд къинэжа къыщIэкIынкъым мы махуэхэм ди республикэм. 

Иорданием и щыхьэр Амман къалэм Iустаз Анзор щыпхигъэкIа диссертацэр теухуат Кавказ Ищхъэрэм XIX лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ дызэрыт зэманым нэс муслъымэн щIэныгъэм зэрызыщиужьам. Iустаз Анзор до­хъуэхъу и щIэныгъэм и ­хъер и щхьэкIи, и унагъуэкIи къекIыну. Къэбэрдей-­Балъкъэр жылагъуэри Алыхьым хьэлимыншэ димыщIкIэ. 
Зэман гугъум гур зыIэтыф псалъэ­кIэ утыку къихьэфахэм язщ Щхьэныкъуэ Анзор. КъуэкIыпIэ ­Гъунэгъум щыпсэу муслъымэнхэм къатехьэ лейм дызэрыхущытынумрэ нобэрей щытыкIэм арэзы дыкъызэримыщIым ди лъэр щIедгъэх зэрымыхъунумрэ щIэныгъэлIыр щытепсэлъыхьа и ­хъутIбэм щыщ пычыгъуэмкIэ дывдэгуэшэныр тфIэигъуэщ. 
- Тенджыз куум кхъухь тетщ. А кхъу­хьым зыгуэр къыщыщIамэ, ар щIилъэфэнкIэ шынагъуэ щыIэмэ, сыт тенджыз Iуфэм Iут цIыху IэпцIанэ-лъэпцIанэхэм, зи Iэмалхэр мащIэ­хэм абы хуащIэфынур? «Ситхьэлэнуми, сыхыхьэнущ», - жыпIэныр губ­зы­гъагъэ? «Сыхыхьэмэ, сыщи­тхьэлэнукIэ, сыхэмыхьэу мыбде­жым псы Iуфэм зыщытезгъэунщ, сыщыджэгунщ», - жыпIэнри захуа­гъэ? «Иджыпсту салъэмыIэсыфми, пщэдей салъэIэсыфын хуэдэу, е мыбыхэм садэмыIэпыкъуфми, пщэдей апхуэдэ утыку нэгъуэщI ихуэмэ, сыхуэщхьэпэфын хуэдэу зызгъэ­хьэ­зырынщ», - жыпIэныр аракъэ Алыхь­талэр ­зыхуейри акъыл къабзэм укъызыхуриджэри? Алыхьышхуэм щыжеIэ КъурIэн ­лъапIэм: «ЯжеIэ абыхэм: влэжь фи лэжьыгъэри, ­ялъагъунщ ар Алыхьми, Алыхьым и лIыкIуэми, муIминхэми. ИужькIэ щэхури нахуэри зыщIэм и деж вгъэзэжынщи, влэжьам и мыхьэнэр флъа­гъужынщ, къыпэкIуэ псапэ­ри къыфIэрыхьэжынщ». Зыгуэр пху­зэфIэмыкIмэ, абы уигъэщхьэжагъуэу, адрей пхузэфIэкIыр къэбгъэнэн хуейкъым. Абы нэхърэ нэхъ Iеижращи, зыгуэр пхузэфIэмыкIмэ, гуэныхь къэпхьу, тегъэупIэ, джэгупIэ улъыхъуэу удэувэж хъунукъым. ШейтIаныр аращ зыхуеих­хэр. Уи Iэр еб­дзыхыжыну, зыри уримыщIысу, пщIэми зыри къимыкIыу къыпщигъэ­хъуу, гуэныхьым уригъэтхьэлэну, езым къыщыщIам ещхьу. Нобэ муслъымэнхэм куэд яшэч, лей куэди къатохьэ. Ауэ ар нобэ къежьауэ нобэ иухыну, зыухынури дэрауэ къытщыхъуж хъунукъым. Къытщыхъужми, ди тхыцIэр зэпищIыкIынурэ, гугъи димыIэжу дыкъызэхэнэнущ. ЩыIэжкъым мус­лъымэнхэр псори зы къэралы­гъуэу, зы унафэм щIэту щыщыта зэманыр. ЩIым и гъунэм деж зы муслъымэным лей къыщытехьэмэ, щIылъэр ягъэсысу муслъымэны­дзэр къыщысу щы­тар. Нобэ мус­лъымэнхэр зэбгрыдза хъуащ, къэрал цIыкIу-цIыкIуу загуэшащ е ягуэшащ, я муслъымэныгъэми фIыуэ кIэрыхуащ, зыр адрейм хущытын зэрыхуейми икъу­кIэ зихъуэжащ. Абы хэлъхьэж я зэхуаку дэлъ зэгурымыIуэныгъэ къомыр, суннитрэ шииту зэригуэшыр, адэкIэ суннитхэм зэрызагуэшыжыр, я зыгуэшыным политикэ куэдрэ щхьэзыфIэфIыныгъэрэ къызэрыхэзэрыхьыжыр. А псом иужь­кIэ догъэщIагъуэ иджыри ­муслъымэн куэд дунейм зэрытетыр, я гур адрей муслъымэнхэм щхьэкIэ узу, сыт хуэдэ щытыкIэ яIэу щытми, абыхэм ядэувыну хьэзыру. Апхуэдэ гу къабзэ-псэ къабзэхэращ гугъэ къыдэзытыжри, муслъымэнхэм я къэкIуэнур нэхуу къытщызыгъэхъури. 
Пэжращи, цIыху къэскIэ езым хузэфIэкIынур къыгурыIуэжу, ­нэхъ зыхэзэгъэнури зэхигъэкIыжу, и ­гъащIэр абы триухуатэмэ, а лъэныкъуэр иригъэфIакIуэу псэуатэмэ, апхуэдэу декIуэкIатэмэ, абы нэхърэ нэхъыфI нобэ тхуэлэжьынутэкъым. Ауэ дэ ди зэхэтыкIэр апхуэдэкъым. Дэ тщыщ куэд зэгъусэу зы лъэны­къуэмкIэ ды­щIопхъуэ, ар мыхъумэ, аргуэру зэ­гъусэу нэгъуэщIыпIэкIэ дожэ, ауэ, икIэм-икIэжым, ­зыми ­ды­щымыщу дыкъыщIокIыж. Е дин щIэныгъэм до­хъуапсэри, куэд дин щIэныгъэлI ды­хъуну дыхуей­уэ дожьэ, къытте­хьэлъэмэ, дыкъо­кIуэтыжри, дин щIэ­ныгъэми дуней щIэныгъэми дыщымыщу дыкъонэж, а зэдгъэщIа мащIэмкIэ зыр адрейм депыджу дызэхэсщ. Сату Iуэхум ехьэлIауэ ­къащти, апхуэдэ дыдэщ. Зыгуэрым зыгуэр къехъулIауэ зэхэтхмэ, хэзэгъэнури хэмызэгъэнури абы дыхохьэ, дызыхыхьар зэIыдощIэ, дэри дыкъызэIещIэри, зыр зым дыхукIэщIэплъыжу, дыхуэпсэлъэжу дызэхоувэж. 
Ауэ муслъымэн Iумэтыр хъе­рыншэ зэи хъунукъым. Щапхъэ дахэ зыгъэлъэгъуэфхэр диIэщ икIи сытым дежи диIэнущ. Нобэ зэхэтхар Алыхьталэм сэбэп тхуищI. Алыхь ину псори зи IэмыщIэ илъым, зи унафэм зыри щIэмыкIыфынум зыхудогъазэри, долъэIу ди къуэш муслъымэнхэу лей къызытехьэхэм жьауэ яхуэхъуну, я гущIэгъум химыныну, я насыпыр тригъэкIуэну, я хъыбарыфI зэхыдигъэхыну. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр