КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ XXXII дунейспо хъуромэ (рождественскэ) еджэныгъэхэм щыщ VIII щIыналъэ зэIущIэр. «Динымрэ щэнхабзэмрэ: тфIэкIуэдамрэ къытхэхъуамрэ, къэкIуэнум и теплъэр» - аращ зытеухуауэ щытар. ЗэIущIэм хэтащ депутатхэр, къулыкъущIэхэр, дин, жылагъуэ, егъэджэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, студентхэр, журналистхэр. ЗэIущIэм къеблагъэхэм макъамэкIэ яIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и «Камерата» оркестрыр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым и унафэщI Егоровэ Татьянэ. И гугъу ищIащ динымрэ щэнхабзэмрэ зэрызэпхам.
- Динымрэ щэнхабзэмрэ мыхьэнэкIэ зэпыщIащ, зыр адрейм елъытыжауэ къызэдогъуэгурыкIуэ. ЗэщIыгъуу ахэр сэбэп мэхъу зыр зым илъытэу, пщIэ хуищIу, гущIэгъу хуиIэу цIыхур гъэсэнымкIэ. Мыхьэнэшхуэ щагъэзащIэ унагъуэ Iуэхуми. Дин гупсысэхэр щIэлъщ сурэтыщI Iэзэхэм, усакIуэшхуэхэм, архитекторхэм я IэдакъэщIэкI цIэрыIуэхэм. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм дунейпсо гъуазджэм увыпIэшхуэ щаубыдащ. ЦIыхубэм ялъытэ, ягъэлъапIэ дин мыхьэнэ зиIэ махуэшхуэхэр. Дэри ди къалэнщ ди тхыдэ, щэнхабзэ щIэиныр тхъумэну икIи дгъэкIуэтэну. Ди щIэблэр щытхъумэн хуейщ Iеймрэ щIэпхъаджэмрэ. Абы папщIэ зэхагъэкIыфу егъэсапхъэщ дэтхэнэ Iуэхугъуэр щапхъэми, дэтхэнэм зыщыхъумапхъэми. ЩIэблэм я гъэсэныгъэм и гугъу пщIымэ, абы хэтын хуейщ дин IуэхущIапIэхэр. А псом нобэ дытепсэлъыхьынущ, мурадхэри дгъэбелджылынущ, - жиIащ Егоровэм.
Зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм теухуауэ и гупсысэхэмкIэ зэIущIэм хэтхэм ядэгуэшащ Пятигорскрэ Черкесскрэ я Архиепископ Феофилакт.
- КъБР-м и Парламентым щекIуэкI Iуэхугъуэхэр сыт щыгъуи игъуэщ, щхьэпэщ, зозыгъэужьщ. Сыкъеблэгъэху дызытепсэлъыхьхэр Iэмал имыIэу мэхъу Iуэху дахэ гуэр къызыкIэлъыкIуэ щIэдзапIэ. Къапщтэмэ, мыхьэнэ пыухыкIа зиIэ Iуэхугъуэ щхьэхуэм зэгъусэу утепсэлъыхьыныр щхьэпэщ. Абы къокI а зэIущIэм хэтхэр зы гупсысэм, зы Iуэхум дигъэпIейтейуэ, хэкIыпIэ къэтлъыхъуэу. Пэжщ, щхьэж къегъэсэбэп езым фIыуэ зыхищIыкI Iэмалхэр.
Дин хуэIухуэщIэхэм хэлъхьэныгъэ хуащIащ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм. Диным щэнхабзэм щIелъхьэ гъэсэныгъэ мыхьэнэ, псэр зыузэщI гупсысэ. Къапщтэмэ, щэнхабзэр езыр псэм ехьэлIащ. Дэтхэнэми къыдгуроIуэ цIыхубэм я гъащIэм щэнхабзэм щигъэзащIэ къалэным и инагъыр. Щэнхабзэ зыхэзылъхьэм и псэр егъэнщI дахагъэкIэ. Щэнхабзэмрэ динымрэ зэпэщIахыну и ужь ихьакъэ – тIуми я мыхьэнэр мэкIуэд, - жиIащ абы.
КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Мысыр Хъызыр тепсэлъыхьащ дин гъэсэныгъэм и Iэмалхэм.
- Ди зэманым щэнхабзэр, гущIэгъур, псэ къабзагъэр хъумэным зэпымыууэ утепсэлъыхьын хуейщ. Гъуэгу пхэнжкIэ дамыдзыхыу щIэблэр къыдэгъэкIуэтеиным дызэрелэжьыпхъэр гъэсэныгъэрщ – зэпымыууэ ахэр хуэдущиин хуейщ гущIэгъумрэ зэхэщIыкIымрэ. Дэ жэуап дохь къэкIуэну зэманым абыхэм я IуэхущIафэ, я хьэл-щэн, я цIыху хэтыкIэ хъунумкIэ. Напэр яфIэмыкIуэду гугъуехьхэр къызэранэкIыфу гъэсэнырщ нэхъыщхьэр.
ЦIыхур щыпсэу щIыпIэм, зыщыщ лъэпкъым, зэрихьэ диным емылъытауэ, зыр зым илъытэу, пщIэ хуищIу щытыпхъэщ. Аращ щIалэгъуалэр къызыхуедджэн хуейр щIэпхъаджагъэ ямыщIэн, дин, лъэпкъ зэщыIей къэзыгъэхъуну хуейхэм зыдрамыгъэхьэхын папщIэ. ЦIыхубэм гупсысэкIэ узыншэ яIэмэ, ди къэралым ис лъэпкъхэр зэгурыIуэнущ, - жиIащ Мысырым.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин:
- ЛъапIэныгъэхэр яIэщIэхуу е нэсу къагурымыIуэу къыщытщыхъу иджырей дунейм щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я фIыпIэр хъумэным мыхьэнэшхуэ щиIэщ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ фIэщхъуныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зэкIуу къызэдэгъуэгурыкIуащ. Ар къыхощ литературэм, гъуазджэм, архитектурэм. Псалъэм папщIэ, диныр античнэ литературэм пэджэжри, къэунэухащ пасэрей алыдж мифологиер. Абы къытехъукIыжащ пасэрей театрыр икIи европей гъуазджэми лъабжьэ хуэхъуащ. Шекспир, Цицерон, Моцарт сымэ я IэдакъэщIэкI телъыджэхэми ар къыхощ. Библием мыхьэнэ щигъэзэщIащ гъуазджэм образыщIэхэр къыщыунэхунымкIэ. инджылым ит хъыбархэр щапхъэ яхуэхъуащ усакIуэхэм, сурэтыщIхэм, макъамэтххэм. ЛитературэмкIэ зыдгъазэмэ, щапхъэу къэхьыпхъэщ Библиемрэ КъурIэнымрэ.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зыщыпсэу ди къэралым и щэнхабзэр зэфIэувэным теухуауэ къалэнышхуэ ягъэзэщIащ ислъам, чристэн динхэм.
Ислъам диным и къабзагъым итхьэкъуащ урыс тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэр. Пушкин Александр и «Михайловские ссылки» тхыгъэм усэ Iэрамэ хэтщ «Подражание корану» жиIэу. Толстой Лев и IэдакъэщIэкIхэм къыхощ ислъам диным узыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министерствэм гулъытэшхуэ хуещI Урысейм и щэнхабзэр, псэм зезыгъэужь лъапIэныгъэхэр, тхыдэ фэеплъыр хъумэным теухуауэ. Апхуэдэ къалэнхэр игъэзащIэу ирегъэкIуэкI щэнхабзэ зэхьэзэхуэ куэд - зэIущIэхэр, концертхэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр, фестивалхэр, - жиIащ министрым.
ЩIэныгъэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Абазэ Алексей тепсэлъыхьащ динымрэ щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэм щаIэ мыхьэнэм. Щхьэхуэу къытеувыIащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэуэ щаджыну «Основы российского государства» дерсыр зэрыхагъэхьам, ар зэраджыну тхылъхэри къызэрыдагъэкIам.
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым этнологиемрэ этнографиемкIэ и къудамэм и унафэщI Просолов Дмитрий къытеувыIащ динымрэ щэнхабзэмрэ зэрызэпыщIам теухуауэ я IуэхущIапIэм щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм.
- Нобэ къэтIэтауэ дызытепсэлъыхь упщIэм гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Зи дин зэтемыхуэ лъэпкъ куэд зыщыпсэу ди республикэм зэтеубла щыхъуащ а лъэпкъхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэхущытыкIэ дахэ, пщIэ, гъунэгъугъэ, ныбжьэгъугъэ, зэхэщIыкI. Ар тхъумэну ди къалэнщи, абы папщIэ республикэм щыдогъэкIуэкI Iуэхугъуэ куэд. Ди министерствэр абы и лъэныкъуэкIэ ядолажьэ дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, - къыщыхигъэщащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор и къэпсэлъэныгъэм. Щхьэхуэу и гугъу ищIащ абы теухуауэ министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэми.
Мэльбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Къэрал лъэпкъ библиотекэм щэнхабзэм ехьэлIа дэфтэрхэмкIэ и фондыр щахъумэ къудамэм и унафэщI Кушбокъуэ Зитэ тепсэлъыхьащ фондым диным теухуауэ хэлъ тхылъ гъуэтыгъуейхэм.
Фиофилакт жиIащ Лъэпкъ библиотекэм тыгъэ хуащIыну тхыдэ щIэин къыщыгъэлъэгъуа тхылъ зэрыIыгъ зэрагъэхьэзырар.
ТворчествэмкIэ «Дыгъэпс къалэ» сабий академием и егъэджакIуэ Таз ФатIимэ тепсэлъыхьащ сабий зэчиифIэхэм зезыгъэужь «Свеча» студием, «ЕгъэджакIуэм и лIыгъэ» проектым, езыр зыхэта егъэджакIуэ зэпеуэхэм, абыхэм къыщихьа ехъулIэныгъэхэм.
Тырныауз къалэм дэт гимназие №5-м гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэ Кадниковэ Светланэ тепсэлъыхьащ илъэс къэс я еджапIэм псапэ хуэщIэу къыщызэрагъэпэщ жармыкIэм, а Iуэхугъуэм я еджакIуэхэр жыджэру зэрыхэтым.
Мы зэхыхьэм щагъэлъэпIащ Егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлэжьэным теухуауэ илъэс къэс ирагъэкIуэкI «ЕгъэджакIуэм и лIыгъэ» зэпеуэм 2023 гъэм щытекIуахэр.