ФIЫМ ХУАУЩИЙ

Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №4-м «Урысейм и сабийхэр-2023» Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хыхьэу щекIуэкIащ «Абыхэм я гъуэгум уримыкIуэ! Уи гъащIэм хуэсакъ!» зыфIаща стIол хъурей. 

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIащи, мы IуэхумкIэ я мурадыр балигъ мыхъуахэр наркоманием демыгъэхьэхынырщ, хьэл мыхъумыщIэхэм зыщадзеиным хуэущиинырщ. апхуэдэуи сабийхэм хабзэ яхэлъхьэнырщ. 
ЗэIущIэм хэтащ Урысей МВД-м и къудамэу Аруан районым щыIэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ, балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ, гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр яхэпщэнымкIэ и лэжьакIуэхэр, апхуэдэуи «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ IэнатIэм и лIыкIуэхэр. 
 ЕджапIэм и класс нэхъыжьхэм щIэсхэр хэтащ Iыхьитхуу зэхагъэува зэпеуэхэм. Абыхэм гупу загуэшри, къыхуагъэува упщIэхэм жэуапхэр иратащ, «Альтернатива» зэхьэзэхуэм псалъэзэблэдзхэр къыщащIащ. 
Iуэхум пащэу школакIуэхэр тепсэлъыхьащ къэрал ныпыр къызэрыунэхуам, «ГъащIэ узыншэ» зыфIаща спектакль цIыкIу ягъэлъэгъуащ. 
Псори къапщытэжри, командэ нэхъыфIхэр къыхахащ. ТекIуахэм иратащ Урысей МВД-м Аруан районым щиIэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр.   
 

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ