ХЬЭЦЫБАНЭ

ЛатиныбзэкIэ хьэцыбанэр «Rose» - щ. Пэжщ, ар розэм и лъэпкъэгъущ. Уеблэмэ, ботаникэм ехьэлIа языныкъуэ тхылъхэм хьэцыбанэм щхьэкIэ «розэ» жаIэу ятхауэ ущрихьэлIэнкIи хъунущ. Хьэцыбанэ лIэужьыгъуэу дунейм тетщ 400-м щхьэдэх. Урысейм къыщокI лIэужьыгъуи 100 хуэдиз. Абыхэм яхэтщ ди къэралым нэмыщI нэгъуэщI зыщIыпIи узыщримыхьэлIэхэри. Я инагъкIэ ахэр егъэлеяуэ куэду зэщхьэщокI. Языныкъуэ хьэцыбанэ лIэужьыгъуэхэр метри I0 хуэдизкIэ докIей, сантиметритху хуэдизкIэ фIэкIа щIым зыкъытезымыIэтыкIи урихьэлIэнкIэ хъунущ. Хьэцыбанэр чыцэуи жыг лIэужьыгъуэуи щыIэщ. ЗакъуэтIакъуэхэ яхэтщ жыг лъагэу дэкIейрэ илъэс щэ бжыгъэкIэ щIым хэтхэр. Егъэлеяуэ лъагэ хьэцыбанэ жыг нэмыцэ члисэхэм ящыщ зым и хадэм щокI. Абы и ныбжьыр IупщI дыдэкъым, ауэ илъэс 400-м щегъэжьауэ I000-м нэсыну хуагъэфащэ щIэныгъэлIхэм. И лъэдийр сантиметр 50 мэхъу, езым метр I3 и лъагагъщ. США-м щыIэщ «Роза Бэнкс» жыхуаIэ хьэцыбанэ жыг абрагъуэр. Ар XX лIэщIыгъуэр къихьэным илъэс I5 иIэжу хасауэ хуагъэфащэ. КъэкIыгъэм метр зэбгъузэнатIэу 740-рэ еубыд. Гъатхэм деж абы и къудамэхэм хьэцыбанэ розэ мин 200 хуэдиз гъэгъауэ къызэрокI. Кърымым, сурэтыщI Коровин Константин Гурзуф щиIа унэм деж а лIэужьыгъуэм щыщ итщ, илъэси I00 хъууэ. 
Хьэцыбанэхэм я лъабжьэр щIым хокIэ метри 5 хуэдизкIэ. ГъэщIэгъуэнщ хьэцыбанэхэм банэ зытемытыхэ лIэужьыгъуи зэрахэтыр. 
Лъагъуныгъэ, укIытэ, закъуэныгъэ, гуфIэгъуэ, гущIэгъу – зэтехуэркъым лъэпкъ зэхуэмыдэхэм хьэцыбанэр зи нэщэнэу ягъэувхэр. Хьэцыбанэм и гъэгъар жылэ е къалэ щхьэхуэхэм дамыгъэу къыщагъэсэбэпи щыIэщ. Псалъэм щхьэкIэ, хьэцыбанэм пыт гъэгъар Канадэм, Альбертэ штатым и дамыгъэщ. Ар и дамыгъэщ Инджылызым щыIэ Хэмпшир графствэми. 
Хьэцыбанэм хущхъуэгъуэ зэрыхэлъым щыгъуазэу щытащ пасэрейхэр. Хьэрып дохутыр цIэрыIуэ Авиценнэ илъэс минкIэ узэIэбэкIыжмэ хьэцыбанэ дагъэкIэ игъэхъужу щытащ щIыIэ зыхыхьа нэр, дзэл бэгар. Ику ит лIэщIыгъуэхэм щыIа европей дохутырхэр хьэцыбанэ гъэгъам и тхьэмпэхэмкIэ шхалъэ узым еIэзэу щытащ. Апхуэдэу, хьэцыбанэпсымрэ фомрэ зэхэлъу плъыржьэр хъуам иреIэзэрт, хьэцыбанэм къыщIагъэвыкIа псыкIэ уIэгъэр ягъэкъабзэрт. 
Ди зэманым хьэцыбанэр куэду къыщосэбэп медицинэм. Тибетым, Индием, Китаим а къэкIыгъэм шхалъэ узым щроIэзэ. Тибетым хьэцыбанэкIэ пэщIэтщ щыгъупщэхым, тхьэмбыл узым. Китайм къыщагъэсэбэп удз хущхъуэхэр щызэхуэхьэса тхылъым къыщыхьащ хьэцыбанэр зэрысэбэпхэр: лъыр тэмэму зэрегъакIуэ, Iэпкълъэпкъым шыныр къреш, зэзымкIэ сэбэп мэхъу. 
Грозный Иван и тетыгъуэм Урысейм хьэцыбанэр щыхабжауэ хущхъуэгъуэ нэхъыфI дыдэхэм. Ар гъэкIынымрэ къехьэлIэжынымрэ мыхьэнэшхуэ иратырт, уеблэмэ хьэцыбанэ къыпачыжар щахъумэр Кремлырт. ХущхъуэгъуэкIэ къулей къэкIыгъэр мывэ лъапIэхэмкIэ къахъуэжырт. 

 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ