БАГЪ ИДАР УРЫСЕЙ ФЕДЕРАЦЭМ ТIЭУНЕЙРЭ И ЧЕМПИОНЩ!

Мейкъуапэ къалэм къикIыу иджыблагъэ хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. ФокIадэм 23 - 29-хэм абы щокIуэкI Урысей Федерацэм щыщ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ тхэквондомкIэ (ВТФ - Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) я чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен, «Пять колец» спорт академием и гъэсэн Багъ Идар.

Килограмм 58-рэ зи хьэлъагъхэм ди щIалэм къыпэлъэщын къахэкIакъым - абы и зэIущIэхэр дахэу, Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къигъэсэбэпу икIи ерыщу иригъэкIуэкIащ. КIэух зэхьэзэхуэм Идар къыпэщIэтар и ныбжьэгъу, и гъусэу «Пять колец» академием зыщызыгъасэ, налшыкдэс Яхненкэ Даниилщ. Абыхэм я тренерыр Ахъмэт Амирщ.

Къыхэдгъэщынщи, Багъ Идар УФ-м тхэквондомкIэ тIэунейрэ и чемпион хъуащ. Нэгъабэ, фокIадэм, Налшык щекIуэкIа чемпионатым республикэм щыяпэу дыщэ медаль къихьауэ щытащ абы. ЩIалэр илъэс 19 хъууэ аращ, ауэ и Iэзагъэр мызэ-мытIэу къигъэлъэгъуащ.

Идар чемпионатым кIуэну щежьэну махуэм ипэ къихуэу зыхуэзгъазэри интервью къеIысхауэ щытащ. Зэрыспортсмен Iэзэм и мызакъуэу, ар псэлъэгъу гъэщIэгъуэнуи зэрыщытыр ди газетеджэхэми мыгувэу къедгъэщIэнщ – тхыгъэр къытеддзэну догъэхьэзыр.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.