НЭРИ ПЭРИ ЗЫХУЭХУ КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭ!

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэ фокIадэм и I4-м щыщIэдзауэ щокIуэкI Москва и Внуковэ международнэ кхъухьлъэтапIэм. Выставкэр мы илъэсым и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ. Iуэхур къызэрагъэпэщащ СКФУ-мрэ кхъухьлъэтапIэмрэ, Кавказ. РФ IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу.
Сурэтхэм къытощ Iуащхьэмахуэ лъапэ и бгы уардэхэр, Кавказ Ищхъэрэм и нэгузыужь щIыпIэ дахэхэр. Лэжьыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуащ щIыналъиблым я дахагъэхэр: гуэлхэр, мылылъэхэр, псынэпсхэр, аузхэр, бгыщхьэхэр, мэзхэр, губгъуэхэр, пасэрей архитектурэ ухуэныгъэхэр, иджырей бгы-лыжэ комплексхэр, зыплъыхьакIуэхэм иджыри я лъэ здынэмыса тхыдэ щIыпIэхэр. Ахэр Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэ телъыджэхэм я Iыхьэм щыщ зы мащIэщ. Шэч къытетхьэркъым ахэр кхъухьлъэтапIэм щызэхуэсхэмрэ къалэм и хьэщIэхэмрэ ягу зэрыдыхьэнум. 
Выставкэм хагъэхьащ Кавказ Ищхъэрэм и сурэтыщI I6-м я IэдакъэщIэкIхэр: Лашков Фёдор, Головин Иван, Агиров Тимур, Гассиев Михаил, Тайбарее Антон, Шапиев Мухьэммэд, Давыдов Къантемыр, Британишский Андрей. ЩIыналъэм щыпсэу художникхэм я лэжьыгъэхэмкIэ нэрылъагъущ я щIыпIэ дахэхэр абыхэм зэралъагъур.
- Зэманыр мытыншми, ди щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр зэрыгъунапкъэншэм и щыхьэтщ мы гъэлъэгъуэныгъэр, - жиIащ кхъухьлъэтапIэм производствэмкIэ и унафэщI Хартунян Дмитрий. – КхъухьэлъэтапIэм и лэжьакIуэхэр дяпэкIи дыхьэзырщ къэралым и щIыналъэхэм яхудиIэ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр едгъэфIэкIуэну. Кавказ Ищхъэрэм туризмым зыщегъэужьынымкIэ выставкэр къэщхьэпэну дыщогугъ! 
Гу зылъытапхъэ: выставкэм хагъэхьа дэтхэнэ сурэтми QR-код иIэщ. Ар IэмалыфIщ дэтхэнэ зы лэжьыгъэм теухуахэм укъеджэу зыхэбгъэгъуэзэнымкIэ е уедэIуэнымкIэ.
«Кавказ РФ» IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Тапаев Рустам зэрыжиIэмкIэ, гукъыдэж зиIэ псоми Iэмал гъуэзэджэ яIэщ Кавказ Ищхъэрэм кIуэным и пэ къихуэу Кавказ Ищхъэрэм зыхагъэгъуэзэну. 
СКФУ-м и ректор, Урыс Географие зэгухьэныгъэм Ставрополь крайм щиIэ къудамэм и унафэщI Беспалов Дмитрий Iуэхум щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ хьэщIэхэм я пащхьэм хэщыпыхьауэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэр къызэрыщ сурэт нэхъыфIхэр зэрыщагъэлъагъуэр, 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.