ЛIЫГЪЭ ЗЫХЭЛЪА ФЫЗАБЭХЭР

Сыту гуауэ икIи хьэлъэ фызабэ псалъэр. Арауэ къыщIэкIынщ дуней псом фызабэу тетым я махуэ хэха щIаIэжри. Сэ нобэ зи гугъу фхуэсщIынур зи щхьэгъусэхэр Хэку зауэшхуэм (I94I-I945 гъэхэм) хэкIуэдауэ, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм дэIэпыкъуэгъуншэу къыдэна, лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэу лъэхъэнэ хьэлъэм лъэ быдэкIэ къикIа фызабэхэрщ. 
Ди къуажэгъухэу, я къару илъыгъуэу щIалэ 246-рэ а зауэ угъурсызым дэкIат. Хэкум, щIэблэ къэкIуэнухэр мамыру псэуным я псэ щIатащ щIали I57-м. А зауэ гущIэгъуншэм зеиншэ ищIащ ди къуажэ сабийуэ I80-рэ. Зеиншэм и дуней Iыхьэр узэмыхъуэпсэнщ. 
А лъэхъэнэм зауэм дэкIахэм жаIэу щыта уэрэдым хэтащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «… Зауэ гуащIэм гъащIэ лъапIэр сIэщIихмэ, лъагъуныгъэр уэ фэеплъ пхурехъу…». Лъагъуныгъэр фэеплъ яхуэхъуащ фызабэ куэдым. Ди къуажэм щыщу цIыхубз 8I-рэ фызабэ хъуат. Къыхэзгъэщыну сыхуейт а фызабэхэм я нэхъыбэр сомым темылажьэу, напэ телажьэу зэрыпсэуар. «Напэ» псалъэм гъащIэм куэд дыдэ къыщызэщIеубыдэ…
Зауэм хэкIуэдахэм я бын зеиншэхэр, IэмалыншагъэкIэ, игъуэ нэмысу балигъыпIэ иуващ, зыщыгугъынрэ къащхьэщыжынрэ зэрамыIэм къыхэкIыу, я анэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун, псэун щхьэкIэ. Ахэр яхэтащ зауэ зэманым фронтым телэжьахэм, зауэм и лъэужь хьэлъэр зыгъэкIуэдыжахэм, выкIэ, жэмкIэ вахэм. Сабиигъуи щIалэгъуи яIакъым абыхэм. Абы щыгъуэ зеиншэу къэна цIыхуи I80-м ящыщу псэужыр 50-ращ. Мысымаджэу, дэIэпыкъуэгъу хуэмыныкъуэу абыхэм зыри яхэткъым, кърат пенсэри мащIэщи, хущхъуэ уасэу яхурикъуркъым, къэралми зыри лейуэ къахуищIэжакъым. Псалъэ щабэ гу щабэщIщ, жаIэ, ауэ абыхэм псалъэ щабэ куэди зэхахакъым. 
Шокъум ГуэщтIасэ (Елокъуэхэ япхъущ) и щхьэгъусэ Шухьиб зауэм хэкIуэдащ сабиих къыхуэнэри. ТемыплъэкъукIыу, зэрыжаIэщи, кIэ дахъуэкIэ псори ипIащ. КъыдэкIуэтейхэри, и щIалэ нэхъыжьхэу Зураб, Бизрэт, МэчрэIил сымэ щIэныгъэ яригъэгъуэтащ, къуажэ колхозым IэщIагъэлIхэу щылэжьащ. Хъыджэбзищри унагъуэ ихьащ.
ХьэкIашэ Теибэт (Хужьокъуэхэ япхъущ) и щхьэгъусэ Жэмболэт зауэм хэкIуэдащ. Бынитху къыхуэнам епха гугъуехь псоми пэлъэщри, щIэныгъэ яригъэгъуэтащ. Быным я нэхъыжь Александр Iэщ дохутыру илъэс куэдкIэ колхозым, Хъымсад къуажэ школым щылэжьащ, Юрэ зымыцIыху ди куейм искъым – къуажэ колхозым и унафэщIу щытащ. 
Бахъуэ Баблинэ (Бехъулхэ япхъущ) и щхьэгъусэ Алихъан щхьэщыкIащ бынитху къыхуэнэри. И къуэ нэхъыжь Къанщобий колхозым илъэс куэдкIэ хьэлэлу хуэлэжьащ. 
Щоджэн Мэрьян (Мэрзейхэ япхъущ) и щхьэгъусэ Хьэмадэ быниплI къигъанэри зауэм дэкIащ икIи къигъэзэжакъым. Зауэр екIуэкIыу, I942 гъэм Мэрьян игъуэта бын етхуанэм Мышэ фIищащ икIи а зыращ бынитхум ящыщу нобэ псэужыр. Гулъытэрэ гущIэгъурэ хуэныкъуэу, дэIэпыкъуэгъуншэу тхури ипIащ фызым. 
Ди къуажэ фызабэхэм дэтхэнэми щхьэхуэу утепсэлъыхь хъунут, икIи яхуэфащэт. Сэри сащыщщ фызабэкъуэхэм… Апхуэдэр зи нэгу щIэкIам сыкъыгурыIуэнущ. Сыхуейт сыкъытеувыIэну си анэ Джэдгъэф Тамарэ (КIэфохэ япхъущ) Исмел и пхъум. 
Ди анэр Старэ Шэрэдж къуажэм (Дохъушыкъуей) къыщалъхуат. Тамарэ хъыджэбз дэсу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм яхэту Владикавказ къалэ дэт, бгырыс цIыхубзхэм щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэм щIэсащ I93I-I932 гъэхэм. Ар яхэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубз пэрытхэм», Псыхуабэ къалэм I936 гъэм щIышылэ мазэм щыIа пщащэхэм, щалъхуа къуажэм къуажэдэсхэр тхэкIэ, еджэкIэ щезыгъэщIахэм. 
Си адэ Залымджэрийрэ Тамарэрэ I939 гъэм зэрышащ. Залымджэрий жыджэру колхозым хэлэжьыхьахэм ящыщт. Абы и щыхьэтщ I93I гъэм накъыгъэм и 24-м комсомолым зэрыхагъэхьар. Си анэр Шэрэдж Ищхъэрэ къаша нэужь, къуажэ, колхоз джэд фермэм и унафэщIыу лэжьащ, правленэми хэтащ. Зауэ нэужьми, нэмыцэм зэтракъутар и къару емыблэжу зэфIэзыгъэувэжахэми яхэтащ. 
Си адэр I942 гъэм зауэм ираджат. Ар хэхуат Сталинград ебгъэрыкIуэ нэмыцэдзэм пэщIэт 6I9-нэ фочауэ полкым. А гъэм хъыбарыншэуи кIуэдащ. Зауэ нэужьым а хъыбарегъащIэ хьэлъэр, гукъутэр си анэм ди район военкоматым къритыжащ. Мис абдеж щыщIидзащ си анэм и фызабэ гъащIэ хьэлъэр. Къыхэгъэщыпхъэщи, ди адэм къигъэзэжыну и фIэщ хъууэ дунейм тетащ. Пэплъащ хуэпэжу, лъагъуныгъэр фэеплъ хуэхъуауэ. Зэи дэкIуэжакъым. 
Гузэвэгъуэ псом и щIыIужкIэ, дызыщIэс унэр I944 гъэм Шэрэдж псыр къиури, ихьат. ДызыщIэсын димыIэу дыкъыщынэм, си анэм хуэдэу фызабэу къэна ГъуэплъащIэ Хъанизэт (БищIохэ япхъущ) детIысылIащ. Абы дыбгъэдэсащ Тамарэ и адэ Исмел чыбжэгъу-бгъэныщхьэ егъэзыпIэ тIэкIу тхуищIыху. Ауэрэ фызабэ къарукIэ дыкъэпсэуащ. Пэжщ, ди фи ди ныби ныкъуэт, ауэ дэ тхуэдэр куэдти, утхъэусыхэкIи мыхьэнэ иIэтэкъым. 
Зауэр текIуэныгъэкIэ иухащ. Дэтхэнэ унагъуэри зэхуэхмыдэу ирихьэлIащ а текIуэныгъэм. Хэти гуIэрт, хэти гуфIэрт. Ауэ псори иригушхуэрт текIуэныгъэр ди дзэм къызэрахьам, Хэкур хуит зэрыхъужам. Абы гугъэщIэ къаритырт. 
Унагъуэ куэдым хъыбарегъащIэ щхьэкIуэ-гузэвэгъуэр къахуэкIуащ. Къуэ щырыщ яфIэкIуэдащ ГъуэплIащIэ Мэд, Къэгъэзэжхэ Къанщауэрэ КъэщIейрэ, Тэн Адэм, Тхьэзэплъ Хьисэ, Хьэкъун ПIытIэ сымэ. Къуэ тIурытI яфIэкIуэдащ унагъуэ 24-м. Зауэм и кIэр хьэдагъэщ, жызыIам пэжу жиIат.
Зауэм къикIыжар цIыху 89-рэт. Мис ахэр я пашэу фызабэхэр колхозым IэнатIэ зэхуэмыдэхэр къыщратри, лэжьащ. Зауэм къикIыжахэр я унагъуэм теубгъуауэ я бынхэр мыпIыщIэу, мымэжалIэу, мышынэу, мыщыгъыныншэу къагъэпсэуахэщ. Ахэращ къуажэми, колхозми, бригадэми, Iэщ фермэми унафэщIыу лэжьар. 
Зауэ нэужьыр зэрыхьэлъар фIыуэ ящIэжыр ар зи нэкIэ зылъэгъуахэм. А зэман хьэлъэм къэралыр фызабэ къарукIэщ къызэрикIар. А псом ищIыIужкIэ, зауэ нэужьым къэралыр зэфIэувэжын щхьэкIэ къыдигъэкIа заем-облигацэр унагъуэм тралъхьэу щытащ, а тхылъымпIэхэм щхьэкIэ дэнэ къипхами, ахъшэ ептын хуейт. ХэкIыпIэу щыIэр къагъэсэбэпащ цIыхухэм. Унагъуэр зыщыгугъ ерыскъыпхъэхэр я бынхэм, лIыжь-фызыжьхэм къыIурачыурэ бэзэрым щащащ, абы къыщIэкIар заем-облигацэ уасэу къэралым иратыжащ. Къуажэдэсхэр абы нэхъри нэхъ къулейсыз ищIырт. Зэрылажьэр «трудодент», зыри къыпэмыкIуэу. МэхъумэшыщIэхэр пщIэншэрылажьэт. Ауэ фызабэхэм я бынхэр къэхъуащ бэшэчу, лэжьыгъэм щымышынэу, цIыхугъэрэ нэмысрэ яхэлъу. Абы щыгъуэ а фызабэхэм я фэм дэкIар нобэрей щIалэгъуалэм, щIэблэм яжепIэкIэ, я фIэщ хъунукъым. 
А зэманым мэжэщIалэм дыкъригъэлащ ГъуэплъащIэхэ я Iэрыщхьэл, хьэблэм зэIэпахыу яIам. 
Мыхъуапсэ псэ щыIэкъым. Сэ си сабиигъуэм нэхъ хъуэпсапIэу сиIар сымылъэгъуа си адэм и теплъэрат. Емрэ фIымрэ къыщызгурыIуэм плъапIэу сиIар зи мэкъуэщым Iэщым ишхын щIэлъырт, зи пщIантIэм пхъэ гъэсын дэлъырт. Щыгъыныджэхэм, щIымахуэ уаем пхъэ дамэрыхьыр зи къалэну щытахэм сащыщщ. 
Псэуащ си анэр и къуэ закъуэм – сэ – папщIэ. Сригъэджащ. Кострома къалэм дэт мэкъумэш институтыр къызигъэухащ. Тамарэ I980 гъэм щэкIуэгъуэм и 2I-м дунейм ехыжащ. 
Бын гъэсэным теухуауэ а фызабэхэм зэфIэкIрэ Iущыгъэу ягъэлъэгъуам щIупIыкI хъунущ нобэрей ди щIэблэр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зауэм хэкIуэдахэр, къэзыгъэзэжахэр, фызабэхэр, зауэм и бынхэр, зеиншэу къэнахэр хэт сымэми ди егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми я нэхъыбэм ящIэркъым. БлэкIар пщыгъупщэ хъунукъым, ар ди гъуэгу гъэлъагъуэу щытын хуейщ.

 

Джэдгъэф Мухьэрбий, Лэжьыгъэм и ветеран.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.