Захуагъэмрэ пэжымрэ я гъуазэу

Краснодар крайм хыхьэ Сочэ къалэм ­тхьэмахуэ блэкIам щекIуэкIащ «Урысейр зэрыщыту-2023» иджырей журналистикэмкIэ 27-нэ зэхуэс ин. Я Iуэху зехьэкIэхэмкIэ, лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп мардэщIэхэмрэ еплъыкIэщIэхэмкIэ зэдэгуэшэну абы кърихьэлIат Урысей Федерацэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм къызэщIиубыдэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэ 1000-м щIигъу. Форумым и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч я пашэу.
Сочэ къалэм и ЩIымахуэ театр иным къыщызэIуахащ форумыр, гуфIэгъуэ щы­тыкIэм иту. Абы кърихьэлIа къулыкъущIэхэм яхэтт УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм (СЖР) и унафэщI Соловьёв Владимир, абы и къуэдзэхэр, зэгухьэныгъэм и секретарь Шафир Тимур, тележурналист цIэрыIуэ, «Урысейр нобэ» агентствэм и унафэщI Кисилёв Дмитрий, УФ-м и Президентым и нэIэм щIэт, Граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и советым хэт Коц Александр, СЖР-м и щIэныгъэ журналистхэм я ­гильдием и пашэ Резниченкэ Андрей, «Медиатех» онлайн-школым и къызэгъэпэщакIуэ, Езанэ телеканалым и лэжьакIуэ Левандовский Андрей, Сочэ къалэм и администрацэм и Iэтащхьэ Копайгородский Алексей, нэгъуэщIхэри.
- Иджырей журналистхэр пэщIэтщ пэжри пцIыри Iэзэу щызэхаухуанэ хъыбарегъащIэ ебгъэрыкIуэныгъэ ткIийм, - къыхигъэщащ Соловьёвым, форумыр къыщызэIуихым. - Абы и лъэныкъуэкIэ ди къэралым и хъыбарегъащIэ IэнатIэм пэрыт IэщIагъэлIхэр мэлажьэ, за­хуагъэмрэ тхыдэм и пэжымрэ я тегъэщIапIэу, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми щIэныгъэ лъабжьэ быдэ зэрырагъэгъуэтыным хущIэкъуу. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэфIым папщIэ фIыщIэ фхузощI фэ, си лэжьэгъу лъапIэхэ. Сыхуейщ фызыхэт зэхуэ­сым лэжьыгъэм къыщыфхуэщхьэпэжын Iуэху­гъуэ хьэлэмэт куэд ифхыну, фи нэгу щIэкIыну псори гукъинэ дахэ фхуэхъуну. 
Зэхуэсышхуэм кърихьэлIа журналистхэм, редакторхэм, блогерхэм папщIэ Iуэхугъуэ куэд къыщызэрагъэпэщащ абы. Лектор цIэрыIуэ­хэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэмкIэ эксперт лъэ­рызехьэхэр, политикэ, щэнхабзэ лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ хэтащ абы и лэжьыгъэм. Ахэр журналистхэм лекцэ хьэлэмэтхэм къахуеджащ, проектыщIэхэмрэ мастер-классхэмрэ щагъэлъэгъуащ, «стIол хъурей» зэхуэсхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэ зэмы­лIэужьыгъуэхэмрэ щрагъэкIуэкIащ. 
Форумым щекIуэкIа егъэджэныгъэхэм къы­зэщIаубыда Iуэхугъуэхэр 50-м щIигъурт. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, журналистхэр нейросетхэм щылэжьэным хуегъэсэныр, медиа къэхутэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкIым щыгъуазэ хуэщIыныр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным епхахэр, «Дамыгъэ пэж» лъэпкъ хъыбарегъащIэ IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIахэр, нэ­гъуэщIхэри. ЗэIущIэм къекIуэлIахэм папщIэ «Жемчужина» хьэщIэщым и щIыхьэпIэ хуитым къыщызэрагъэпэщат «ЛIыхъужьхэм я анэхэр» проектыр зи лъабжьэ сурэт гъэлъэ­гъуэныгъэ хьэлэмэт. Апхуэдэу ЩIымахуэ театрми махуэ бжыгъэкIэ щылэжьащ «ЩIыпIэр хуит къызэращIыжар. Зауэмрэ мамыр гъащIэмрэ зэрыслъэгъуар» выставкэ купщIа­фIэри. Абы щагъэлъэгъуащ «ЛIыхъужьыгъэм и орденыр» зыхуагъэфэща урысей журналист цIэрыIуэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Малькевич Александр гъунэгъу щIыналъэм ще­кIуэкI дзэ Iуэху хэхам щытриха сурэтхэр. «Вечерняя Москва» газетым къызэIуиха «Ди лIэщIыгъуэр» гъэлъэгъуэныгъэри куэдым гунэс ящыхъуащ. 
КъинэмыщIауэ, «Жемчужина» хьэщIэщым УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкI фIыщIэ, щытхъу тхылъхэмкIэ щагъэлъэпIащ илъэс блэкIам къриубыдэу утыку кърахьа журналист лэжьыгъэхэм я нэхъыфIхэр зи IэдакъэщIэкIхэр. А лэжьыгъэхэр унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэщхьэщыхат. Ап­хуэдэхэт, псалъэм папщIэ, «Журналист тхыгъэ нэхъыфIыр», «Журналист проект нэхъы­фIыр», «ХъыбарегъащIэ IэнатIэм Интернетым щиIэ напэкIуэцI нэхъыфIыр» унэтIыныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. гулъытэ лъагэ зыгъуэ­тахэм яхэхуащ ди республикэм къыщыдэкI «Прохладненские известия» район газетыр (редактор нэхъыщхъэр Даврановэ Светла­нэщ), «Гъа­щIэм и пшыхь» проект хьэлэмэтым папщIэ. 
- Зэхуэсым икъукIэ лэжьыгъэ купщIафIэ къы­щетхьэлIащ. Ар хъуащ Iуэху зехьэкIэ­щIэ­хэмкIэ щызэдэгуашэ, журналистхэр щызэ­рыцIыхуа, щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэр, егъэ­джэ­ныгъэхэр щызэфIаха, апхуэдэуи къэралым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъри зыгъэбыда форум, - жиIащ ар щызэхуа­щIыжым Соловьёв Владимир. - ФIыщIэшхуэ яхузощI зэхыхьэ иныр къызэгъэпэщынымрэ ар къызыхуэтыншэу, хьэлэмэту, Iуэхугъуэ зэ­мылIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIауэ егъэ­кIуэ­кIынымкIэ сэбэпышхуэ къытхуэхъуахэу Краснодар щIыналъэмрэ Сочэ къалэмрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм. 
Соловьёвым зэрыжиIамкIэ, мы илъэсым и щэкIуэгъуэ мазэм и кIэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щызэхуишэсынущ УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къэралым хыхьэ субъектхэм щиIэ къудамэхэм я унафэщIхэр.
«Урысейр зэрыщыту-2023» иджырей журналистикэмкIэ 27-нэ къэралпсо форумым и лэжьыгъэр къызэрагъэпэщащ Президент саугъэтхэмкIэ фондыр къадэIэпыкъуу. Къэралым и журналистхэм я зэхуэс иным щызрагъэгъуэта зэфIэкIыщIэхэр, щIэныгъэщIэхэр абы хэта журналистхэм, шэч хэмылъу, къыщагъэсэбэпынущ зи лIыкIуэ хъуа хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щызэфIах лэжьыгъэхэм. 
КЪАРДЭН  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.