Зы къэралщ, и цIыхухэри зэхуэдэщ

Дунейм къыдэгъуэгурыкIуэ ­нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъапIэныгъэхэм ящыщщ гугъуехь е гъэу­нэхуныгъэ хэхуахэм ядэIэпы­къуныр. Дэ, адыгэхэр, абы и лъэныкъуэкIэ адрей лъэпкъхэм япэ димытмэ, дакъыкIэрыхуркъым. Дигу къэдгъэкIыжыну ири­къунщ дэхуэха е щтапIэ къы­зэрехьэжьа цIыхухэм Къэбэрдейм сыт щыгъуи хэщIапIэ ща­гъуэту къызэрекIуэкIар. Мыбы апхуэдэхэр щызыхашэрт, уна­гъуэу щагъэтIысырт, зэман дэ­кIырти, адрейхэм къахэмыщыж щыхъурт. Ар хъыбархэм я мызакъуэу литературэми къыхощ.

А Iуэхум дезыгъэгупсысар Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху ­хэхарщ. Абы къигъэлъэгъуащ ди къэралым и цIыхухэр зэрызэ­къуэтыр, гуауэри гуфIэгъуэри зэрызэдагуэшыр. Урысейм хуит ­къищIыжа щIыналъэхэр плъагъуу къызэфIоувэж. ИкIи дэтхэнэри щогуфIыкI абы езым къыбгъэдэкI и гуащIэ гуэр зэрыхэлъым. Апхуэдэ зэдэIэпыкъуныгъэм и къуэпсхэр жыжьэ къыщожьэ, аращ езы къэралым и къарур къызыхэкIри.
Псалъэм папщIэ, Урысейр иджы япэукъым мыбы ещхь щытыкIэ ­щихуар. ИкIи къыхэкIыфащ зэхэгъэкIыныгъэхэм деж псоми - тепщэ гупхэми ищIагъкIэ щыIэхэми цIыхубэр къегъэлыныр икIи хъумэ­ныр япэ зэрырагъэщым къыхэкIыу. Мис щапхъэхэр.
Илъэс щищ хуэдизкIэ монгол тэтэрхэм я бжьым щIэта урыс пщыгъуэхэр къулейсыз дыдэ хъуат: абыхэм лъапсэрыхыр къыхуа­гъакIуэрт зэпымыууэ къатеуэ япэрейхэм. Ауэ Москва щIыналъэм зыри къеIусэртэкъым абы ипщ Калита Иван и Iущагъым и фIыгъэкIэ - абы хъанхэр IупэфIэгъу къищIат. Джыназыр къызыщхьэщыжыр езым и цIыхухэм я закъуэтэкъым: абы зришалIэрт зыщыпсэу щIы­пIэхэм хьэзаб зыщытелъхэр. А псоми илъэси 5-кIэ, 10-кIэ, языны­къуэхэм деж илъэс 20-кIэ налогхэр ящхьэщихырт, езым и мылъкуу щыт мэзхэм унэ-лъапсэ зэраухуэну пхъэхэр къыхах хъурт.
Пэжщ, ар бюджетым и дежкIэ хэщIыныгъэт. Ауэ Москва еувэлIат зэрагъэшхэнур, зэрамыгъэпудынур, къазэрыдэIэпыкъунур къызыгурыIуа цIыху куэд. Абы и фIыгъэкIэ щIы IэнэщIхэр яващ, гъавэу кърахьэлIэм хуэдитIкIэ хэхъуащ. И адэм и щапхъэм ирикIуащ и къуэ Симеон Пагэри. Ар Москва и мызакъуэу, Новгороди ипщ хъуащ. Ясакыр ­(дань) Симеон къанэ щымыIэу ящхьэщихыфакъым, ауэ ар апхуэдизкIэ мащIэ иригъэщIыфати, зыми зыхищIэртэкъым. ИкIэм-икIэ­жым, мис апхуэдэ цIыху­хэрщ 1380 гъэм Куликовэ губгъуэм щытекIуар.
1382 гъэм хъан Тохъутэмыщ Моск­ва иубыдауэ икIи игъэсауэ зэрыщытар тхыдэмкIэ тхылъхэм итщ, ауэ хэкIуэдахэр зыхуэдизыр къыщыгъэлъэгъуакъым. Джыназ Донской Дмитрий хьэдэхэр щIаригъэлъхьащ, абыхэм ящыщу пщIей къэс уасэу зы сом хуигъэуври. Псори зэхэту хьэдэщIэлъхьэм сом 300 хуэдиз тригъэкIуэдащ. Есэп къы­зэрыгуэкIым къегъэлъагъуэ псори зэхэту цIыху мин 25-рэ - къалэм щыпсэухэм я Iыхьэ щанэр - хэкIуэдауэ зэрыщытар. Къелахэм езыхэм я къару закъуэкIэ щIалъхьэжыфынутэкъым хэкIуэдахэр. Абы и фIыгъэкIэ лъэрыщIыкI емынэ узыр къэхъеякъым.
Пщы унагъуэм апхуэдэу и пщэ дилъхьэжащ уIэгъэхэм, зыщыпсэун зимыIэу къэнахэм ядэIэпыкъунри. Донской Дмитрий и щхьэгъусэ ­Евдокие езым и дыщэхэкIхэр хамэ къэралхэм къикIа къулеижьхэм ярищащ. КъыщIиха сом мини 3,5-р къанэ щымыIэу ятригъэкIуэдащ хуэныкъуэхэм.
ЕпщыкIубланэ лIэщIыгъуэр къэ­сыхукIэ Урысейр гузэвэгъуэшхуэ хэмыту псэуащ. Ауэ илъэси 3-кIэ зэкIэлъыкIуэу 1601 - 1603 гъэхэм - Урысейм гъавэ щIагъуэ къыщрахьэлIакъым. Москва и закъуэ цIыху мини 120-рэ щылIащ. Iуэхум щы­гъуазэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, псори зэхэту Москва къэралыгъуэм щыпсэухэм я Iыхьэ щанэр гъаблэм Iуихащ. А бжыгъэр процент 75-м нэсынут, пащтыхь Годунов Борис мыхъуамэ.
Псом япэу Годунов езым и гуэнхэр къызэIуихащ икIи гъэр щынэхъыфIхэм щыIа уасэмкIэ гъавэр ищэу щIидзащ. Гуэдзым ирисондэджэрхэм я щхьэхэр пилъэрт, утыкум щызэхуэса цIыхухэм ялъагъуу. Борис и ахъшэхэри ягуэшу щIа­дзащ: Смоленск сом мин 20, Москва сом мин 200 ялъысащ. Абы къы­дэкIуэу мы пащтыхьым ипэ­жыпIэкIэ пщылIыр IуигъэкIат: апхуэдэр хуитт зейр къигъанэу илъэс зыбжанэкIэ и Iуэху зэрихуэжыну. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: тетым и унафэкIэ, къэралым и щIыхуэ псори цIыхухэм яхуигъэгъуат, уней щIыхуэ яхуэ­мытыжу ягъэтIысахэм езы Годунов ахъшэр яхуипшынырт. 
Пащтыхьыгъуэр 1613 гъэм зыIэ­щIыхьа Романовхэ ящыщу япэ итахэри мэжэщIалIагъэм ерыщу пэщIэтащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Алексей Щэху дыдэм процент щхьэщамытыкIыу къэралым гъавэ цIыхухэм ярищэн хуейуэ игъэуващ. Мурадыр зыхуэгъэзар мэкъумэ­шыщIэхэм щIыхуэу ар кулакхэмрэ сондэджэрхэмрэ къыIамыхынырт. Абы къыдэкIуэу гъейхэр къэхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIхэм пащтыхьым и хьэкъкIэ налог псори щхьэщахырт.
Къэралым шынагъуэ къыщы­щхьэщыхьэхэм деж цIыхухэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ IэмалыщIэхэр къагупсысырт. 1672 - 1681 гъэхэм Украинэм и щIыналъэм щекIуэкIа Урыс-Тырку зауэм и зэманым пащтыхь Федор налогым щыщ Iыхьэ ямытыну игъэувауэ щытащ. Пэжщ, щIэ къигупсысащ: «Унагъуэ къэс зы сом тралъхьэ, яхуэтыну щытмэ». Налог лIэужьыгъуэщIэ хуэдэт, ауэ ипэжыпIэкIэ ар заемым и япэ лIэужьыгъуэт. ГъэщIэгъуэнт зэрыхах щIыкIэри: «КъемыхьэлъэкIыу къэзытыфынухэм къеIыхын икIи абы папщIэ налогкIэ, нэгъуэщIкIэ ятелъ щIыхуэ псори яхуэгъэгъун». Фейдэр апхуэдизкIэ белджылыти, ахъшэр уэру къэкIуащ. ИлъэситIым къриубыдэу а ахъшэмкIэ дзэр IэщэщIэкIэ зэщIаузэдащ. Ар апхуэдизу лъэщ хъуати, зауэр зэрытемыгъэкIуауэ яухмэ, тыркухэм нэхъ ­къащтащ. 
Екатеринэ ЕтIуанэм и тетыгъуэм биидзэхэр Урысейм и щIыналъэм къизэрыгуакъым, арщхьэкIэ щIэх-щIэхыурэ къэралым къебгъэры­кIуащ уз зэрыцIалэ шынагъуэхэр, мафIэсхэр, псыдзэхэр, н.къ. Пащ­тыхь гуащэм апхуэдэхэм деж цIыхубэм защIигъэкъуэныр хабзэу зыхуигъэувыжат. КъыдигъэкI уна­фэхэм мыпхуэдэ псалъэухахэр сыт щыгъуи хэтт: «Таможнэм къыхиххэмрэ налогхэмрэ гъэмэщIэн», «Бдзэжьей къаубыдыным, щэкIуэ­ным, мэзхэм пхъэ къыхахыным зэран хуэхъу лъэпощхьэпо псори Iухын», «Я гуэнхэр къызэIуахыным къулейхэр ехулIауэ гъавэр нэхъ пуду цIыхухэм ещэн»», «Тепщэ гупхэм тыгъэхэр хуащIу мыдэн, гуфIэ­гъуэхэр гъэлъэпIэным трагъэкIуа­дэхэр гъэмэщIэн». Уеблэмэ, мы­п­хуэди: «Мурад бзаджэм къыхамыхыу факъырагъэм ирихулIэу ялэжьа щIэпхъаджагъэхэр яхуэгъэгъун».
Зэрытлъагъущи, иджы куэдрэ ­къагъэсэбэп хъуа «Хэкум ухыфIи­дзэнукъым» псэлъафэм ныбжьышхуэ иIэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.