Сыт Шэджэм къырхэр «щIэгъыр»?!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэджэм къалэр зи фIэщыгъэр къызытекIыжа псыежэхым и Iуфэм Iутщ, республикэм и щыхьэрым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километри 3-кIэ пэжыжьэу. Къалэм кIуэцIрокI «Кавказ» (Р-217) федеральнэ гъуэгур.

«Шэджэм» фIэщыгъэр къызытекIар гурыIуэгъуэ дыдэу щыткъым, ауэ Абхъазми апхуэдэ цIэр зэрихьэу къуажэ зэрыщыIар (XX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм хэкIуэдэжащ) Искандер Фазиль щитхыжауэ щытащ езым и сабиигъуэр щигъэкIуа жылэм теухуа «Сандро из Чегема» романым. Тхыгъэм зыщытепсэлъыхь Шэджэм жылэр зэ еплъыгъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ейм къыщхьэщыкIыркъым: абдежи унагъуэм хуепсыха хьэщIэм кавказ хабзэ кIэлъызэрахьэ, хьэщIэхэм, нэхъыжьхэм пщIэ щыхуащI. Къапщтэмэ, а тхыгъэм Абхъазым и Шэджэм къуажэр дуней псом цIэрыIуэ щищIат.

 Дэ зи гугъу тщIыну Шэджэмыр ар зи фIэщыгъэ псыхъуэм щытIыса жылэращ. Тафэм тесыр Шэджэм къалэрщ (район центрщ), абы пэжыжьэкъым Шэджэм ЕтIуанэр. Псыежэхым и ищхьэIуэкIэ Шэджэм Ищхъэрэр щыIэщ, метр 1500-кIэ нэхъ лъагэу, Кавказ Иным и бгыпэхэм,  Эльтюбю къуажэр щысщ. Иужьрейм нэхъ и пэкIэ зэреджэу щытар Шэджэм Ипщэщ.

Мы щIыпIэм цIыхухэр пасэу щытIысауэ щытащ. Абдеж къыщагъуэтыжащ XIV – XVI лIэщIыгъуэхэм хиубыдэ кхъащхьэхэмрэ Iуащхьэжьхэмрэ. Къуажэр зыгъэтIысар пщылIу щыта Мамбэт Ислъамт. Абы  хуитыныгъэ къритыжат мы щIыпIэм быдапIэ куэд щызыухуа (Налшык быдапIэри хэту), Кавказым щыIа урысыдзэхэм я пашэу щыта Ермолов Алексей. Мамбэтыр щIы зыIыгъа пщы Къундетхэм я дэIэпыкъуэгъу хъуат. Ар ягъэгушхуэн папщIэ, Шэджэмыпсым и ижьырабгъу лъэныкъуэм иIэ щIы Iыхьэр тыгъэ къыхуащIауэ щытащ. Абдеж Мамбэтым унэ щищIри, унагъуэу тIысыжат. 1822 гъэм къэунэхуа жылэращ иджырей Шэджэм къалэм щIэдзапIэ хуэхъуар.

Зэрыхабзэти, къуажэм щIыр зейм и цIэр фIащыжырт. Арати,  а жылагъуэм Къундетей фIащащ. Шэджэм Езанэ цIэр мы щIыпIэм щигъуэтар революцэ нэужьырщ. Дызэрыщыгъуазэщи, 1920 гъэм совет властыр яухуа нэужь, Къэбэрдейм унафэ къыщыдагъэкIат пщы унэцIэ зезыхьэ къуажэхэм я цIэр зэрахъуэкIыну иту.

Хэку зауэшхуэм и зэманым Шэджэм Езанэр мазищкIэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яIыгъащ икIи, Налшык щхьэхуит къыщащIыжа дыдэм техуэу, 1943 гъэм и щIышылэм, ари хуит хъужат. Абы щыгъуэм жылагъуэм хэщIыныгъэшхуэ иIат икIи зауэ нэужьым щIэрыщIэу зэфIагъэувэжын хуей хъуащ. Шэджэм къалэ ар щыхъуар 2000 гъэрщ, «езанэ» фIэщыгъэр имыIэжу. Мы зэманым абы щопсэу цIыху мин 18-м нэблагъэ.

Къалэм зыщеужь хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, я бжыгъэм хохъуэ хуабэщхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэ жыг хадэхэмрэ. Иджыпсту ефIакIуэу мэлажьэ Кавказ Ищхъэрэ псом хуабэщ нэхъ ин дыдэу къыщалъытэ «Шэджэм» IуэхущIапIэр, «Чегемвинпищепром» IэнатIэр, «Астерра», «Камад», «Кариста» ООО-хэр.

Къалэм дэтщ районым и тхыдэ-лъахэхутэ музейр, балъкъэр  усакIуэ цIэрыIуэ, а щIыпIэм щыпсэуа Кулиев Къайсын и унэ-музейр. Абы уэсят ищIат зыщIэса унэм пэгъунэгъуу щыщIалъхьэжыну. УсакIуэм и лъэIур хуагъэзащIэри, и кхъащхьэр унэ-музейм деж щыIэу ящIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Шэджэм къыдэкIащ цIыху цIэрыIуэ куэд. Абыхэм ящыщщ РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ, адыгэ композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист Къардэн Хьэсэн, нэгъуэщIхэри.

ЗыгъэпсэхуакIуэхэм Шэджэм щIыналъэр нэхъыбэу зэрацIыхур и псыкъелъэ хьэлэмэтхэмкIэщ. Шэджэм аузыр цIэрыIуэщ Гуэл щхъуантIэхэмкIи щIыпIэм къыщызэрагъэпэща парадромымкIи (Эльтюбю жылэм нэхъ пэгъунэгъущ). Иужьрейм деж зыгъэпсэхуакIуэхэм парапланхэмкIэ аузым къыщрагъэлъэтыхь.

Шэджэм Ищхъэрэм и Iэхэлъахэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зыр щыIэщ. Шэджэм псыкъелъэхэр Кавказ Ищхъэрэм щызымыцIыху щыIэкъым. ЦIыхухэм «Къырхэр гъы хуэдэщ» щыжаIэ щыIэщ, псыр къызэрелъэм щеплъкIэ. Абы и щхьэусыгъуэращи, Шэджэм псыкъелъэхэм хъыбар къадокIуэкI, абдеж хъыджэбз зыбжанэ щыхэкIуэдауэ къыхэщу икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ щIыуэпсым нэпс щIигъэкIыу арауэ.

Шэджэм аузым дэт псыкъелъэхэр 3 мэхъу,  я уэрагъкIэ зэхуэмыдэу. Шэджэм псыкъелъэ ЦIыкIумрэ Инымрэ  зэпэжыжьэщ километр зыбжанэкIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэу зэрыщытыр зыгъэпсэхуакIуэхэм дежкIэ нэхъыфIу къыщIэкIынщ, щIыуэпсым зэрызихъуэж щIыкIэхэм  еплъурэ я нэгу зиужьынущи. АдэкIэ хуэмурэ аузыр нэхъ бгъузэу макIуэ, псым и къелъэ макъри нэхъ ин мэхъу.  Псыкъелъэ нэхъыщхьэ дыдэу къалъытэр метр 60-кIэ къох. Ар Каяарты псыежэхым деж щыIэращ икIи ар ищхьэмкIэ къызэрыщелъэм ущеплъ хъунущ, ауэ пщIэ щIэптын хуейщ.  

Абы къыкIэлъыкIуэ псыкъелъэр, зэрыжытIауэ, япэм пэжыжьэкъым. Псыкъелъэ ЦIыкIукIэ зэджэр Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм нэхъ пэгъунэгъущ. И фIэщыгъэм емылъытауэ, ар уэрщ икIи метр 30-кIэ къохуэх. ЩIымахуэм къырым къежэх псыхэр мыл тыкъырышхуэурэ мэщтри, щIыуэпс телъыджэу уIуоплъэ. Аращ а зэманми зыплъыхьакIуэхэр мымащIэу абы щIэкIуэр.

ЗыгъэпсэхуакIуэхэм яфIэхьэлэмэтщ зи гугъу тщIа Эльтюбю жылэри абы и Iэгъуэблагъэхэри. Къуажэр ику ит лIэщIыгъуэм и иужьрей лъэхъэнэхэм къыщыщIэдзауэ щытщ икIи тхыдэ фэеплъхэр зэрикуэдым и фIыгъэкIэ музей хуэдэу къалъытэ. Къуажэкум итщ XVII лIэщIыгъуэм яухуа чэщанэ. КъатиплIу зэтет ухуэныгъэм и щхьэм пхъэшыкъу иIэу ящIат, ар пщы Малкаруковым ейуэ щытауэ жаIэ. НэгъуэщIу абы иджыри «лъагъуныгъэм и чэщанэкIэ» йоджэ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, пщым чэщанэр дрищIеят, Дагъыстэным къыщидыгъуа Кериме тхьэIухудым и Iыхьлыхэм защихъумэн папщIэ.

Мыпхуэдэ хъыбаррэ щIыпIэ телъыджэхэмкIэ ди щIыналъэр зэрыбейм шэч хэлъкъым. Ахэр хъумэн, абыхэм ятеухуауэ нэхъыбэ зэгъэщIэн, зегъэужьын - мыхэр гулъытэ  зыхуэтщIыпхъэхэм ящыщу къыщIэкIынщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.