Мэл бзаджэ

Меринос жыхуаIэ мэл лъэпкъым я цыр илъэсым зэ ящу аращ. Новэ Зеландием щыщ мэлыхъуэм IэщIэкIыу къуршым илъэсихкIэ ита мэлыр дыгъужьхэм яхуэмышхыу бгым кърахухыжауэ зэрыщытам и хъыбарыр дуней псом щаIуэтэж нобэр къыздэсым.

Шрек зыфIаща мэлыр меринос лъэпкът. Хъушэр щащыну махуэм яIэщIэкIри, мэзым щIыхьэжат ар. Хъушэр зейр щыгугъыжыххэтэкъым ар къигъуэтыжыну, дыгъужьхэм зэраIэщIэмыкIынум шэм къытрихьэртэкъыми. Аращ щIэмылъыхъуари. Ауэрэ илъэсих дэкIауэ цIыхухэм гу лъатащ къуршым псэущхьэ шынагъуэ гуэр къехауэ псыIуфэм зэрыIутым. КъызэрыщIэкIамкIэ, цыщым IэщIэкIыу ежьэжа мэлыр арат ар.

Шрек къаубыдри, хъушэр зейм иратыжащ. А хъыбарыр апхуэдизкIэ телъыджэ ящыхъуат цIыхухэми, къэралым и канал нэхъыщхьэмкIэ къатауэ щытащ Шрек зэращыр. Абы къытрахат цы килограмм 30-м нэс! КъищынэмыщIауэ, цыр аукционым щащэри, къыщIаха ахъшэр сабий сымаджэхэм щеIэзэ медицинэ IуэхущIапIэхэм иратат. Новэ Зеландием и премьер-министрым хуэза мэлщ Шрек! Уеблэмэ а зэIущIэр лъабжьэ хуэхъуауэ щытащ сабий псысэ тхылъ зыбжанэм.

Абы иужькIэ Шрек тIуэнейрэ ящащ телевиденэр къыкIэлъыплъу. Чэт щхьэхуэ хуащIри, псэуху абы щIэтащ, зыхуей псори хуащIэу.

Мэлыр къуршым къехыжын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэри телъыджащэщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар дыгъужьхэм яшхыну куэдрэ къещэкIуащ. Ауэ абы и цыр апхуэдизкIэ Iувт, кIыхьти, пхамыдзэкъыкIыфурэ, щхъуэжьхэр игъэбампIэрт. «Ди гурыIупсыр къэбгъажэу ди пащхьэ уимыт, дауэ дымыщIами утшхыфыркъым» - жыхуаIэу, дыгъужьхэм Шрек бгыщхьэ кърахухыжауэ арат.

Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа мэлыр 2011 гъэм лIауэ щытащ илъэс 16 ирикъуауэ. Къапщтэмэ, мэлхэр илъэси 6 псэууэ аращ. Ар къэплъытэмэ, Шрек рекорд игъэувауэ жыпIэ хъунущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.