1998 гъэм къыщыщIэдзауэ шыщхьэIум и 1-м адыгэхэм догъэлъапIэ зи Хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэр. А илъэсрат Косовэ къыщыхъея зауэм зэхэзехуэн ищIа ди лъэпкъэгъухэр Адыгэ Республикэм, я адэжь Хэкум, къыщашэжауэ щытар.
Нобэ хамэщI къиIэпхъукIыжу зи хэку-анэр зыгъуэтыжа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щопсэу.
Махуэшхуэм и къежьапIэр гуфIэгъуэкIэ мыгъэнщIами, лъэпкъыр зэрыубыдыжыным, зэхыхьэжыным ар япэ лъэбакъуэ хуэхъуащ.
Ди щIэджыкIакIуэхэм мызэ-мытIэу я гугъу фхуэтщIащ ди хэгъуэгум къэзыгъэзэжауэ щыпсэу унагъуэ зыбжанэм. Арами, зэманыр макIуэ, куэдым зехъуэж. Абы къыхэкIыу, ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм зэхъуэкIыныгъэу яIэм фыщыдгъэгъуазэмэ, тфIэигъуэт. Хэт ищIэрэ, хэкурысу къэхъуахэм ящыщ гуэрым и гур къэкIуэжахэм нэхъри ехуэбылIэн е абыхэм къащхьэпэн мурадыфI гуэр игу къыхуэкIынри хэлъщ…
Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну унагъуэм Щам (Сирие) ибгына нэужь, гъуэгуанэ кIыхь къызэринэкIащ, ди щIыналъэм къыщетIысэхыжын ипэ. Псом япэ ахэр Ставрополь (Шэткъалэ) къэIэпхъуат. Иужьым АбхъазымкIэ яунэтIри, абдеж къэралым и паспорти къыщратат, арщхьэкIэ унагъуэр абы щемытIысэхыу Черкесск къэкIуэжащ. Бэджэнду къащта унэм щIат уасэр къатехьэлъэ щыхъум, Хьэгъундыкъуей къуажэм Iэпхъуащ. Зи гугъу тщIыр Бэлыкъуэхэ я унагъуэращ, ахэр хьэтыкъуей лIакъуэщ.
- Къалэ е къуажэ иIэкъым, дэнэ дыдэсами, мыр ди Хэкужьщ. Мыбдеж дызыщIэс хъуну унэ зэрыщыIэр Аргун Олег къыджиIэри, дыкъригъэблэгъащ. Ди гум къыдыхьащ Хьэгъундыкъуей жылагъуэр, - жеIэ унагъуэм я нэхъыщIэ Бусейнэ.
Мы унагъуэм щыщу псэлъэгъу тщIа Бусейнэ илъэс 23-рэ зи ныбжь пщащэ нэфIэгуфIэщ. ЗанщIэу гу зылъыптэращи, ар зэпIэзэрытщ. Пщащэм и Iыхьлыхэм ящIыгъуу, Хьэлэб (Алеппэ) къалэр щабгы-нам, и ныбжьыр илъэс 16 хъуа къудейт. Ахэр ди щIыналъэм къыщыхутэн ипэкIэ нэщIэбжьэ куэд я нэгу щIэкIащ.
- Пэжщ, абдеж псори щыхыфIэбдзэу гъуэгу утехьэныр гугъут. Ауэ дыкъыздэщыхутар жэнэтщ, мыр ди хэкущ, мыбдеж мамырщ, - жеIэ Бусейнэ.
Сирием щызэхаубла зауэм адыгэхэм ящыщ куэди хэкIуэдащ. Ауэ, Бэлыкъуэхэ Тхьэм къихъумэри, узыншэу мафIэ лыгъэм я щхьэр къыхахыфащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, хьэрып унэцIэкIэ щатхым, Бэлыкъуэхэ я адэшхуэ Мустэфа и цIэр къызэращтар.
Бусейнэ Хьэгъундыкъуей къуажэм и курыт еджапIэм и ебгъуанэ классыр къызэрыщиухрэ, Хьэбэз дэт цехым щолажьэ. Пщащэм и гъусэщ и анэ Хьудэ, и дэлъху Мэхьмуд, я нысэ Iэят. Ахэр къуажэм къызэрыкIуэжрэ зыщIэс унэм пщIэ щIамыту щагъэпсэу. Ар зи фIыщIэри, ищхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, зи цIыхугъэрэ псапэ щIэнкIэ куэдым яцIыху Аргун Олегщ.
Бусейнэ и адэ Мухьэмэд Сирием зауэр къыщымыхъей щIыкIэ дунейм ехыжауэ щытащ. И дэлъху Нихьэдрэ и щхьэгъусэмрэ Голландием щыIэщ, и шыпхъу Захие унагъуэ исщ, ахэр Швецием щопсэу.
- Мэхьмудрэ Iэятрэ къызэрытхыхьэжрэ мазэ зытIущщ зэрыхъур. Ахэр иджыри къэс Хьэлэб щыпсэуащ. Си анэм «къегъэблагъэ тхылъ» яхуищIри, къэкIуэжащ, - пещэ Бусейнэ.
Гугъуехь здалъагъумкIэ уеупщIмэ, пщащэм жеIэ дэфтэр зэгъэпэщыным лъэпощхьэпо зэрыпылъыр.
- УщыпсэукIэ, ущыцIыхукIэ, дауи, гугъуехь куэдым ухуозэ. Ари гъащIэм къыдэгъуэгурыкIуэ Iыхьэщ. Ауэ дэфтэрхэр зэдгъэпэщыныр хуабжьу къыттохьэлъэ. Езыхэри зэращI хабзэхэри гугъущ, икIи ахъ-шэ куэд токIуадэ, - жеIэ абы.
УкъытемыувыIэу хъунукъым Бусейнэ мызэ-мытIэу къызэрыхигъэщам, къыздэкIуэжа хэкум щыпсэухэр цIыхуфI дыдэу жиIэу.
- ЦIыхухэр хуабжьу къытхуэгуапэщ, гулъытэкIэ къытпыкъуокI. СыткIи зыкъытщIагъакъуэ: мылъку, хьэпшып, шхын жыпIэми. Хуабжьу дахуэарэзыщ. ФIыщIэ яхудощI, - жеIэ абы.
Адыгэ къуажэхэм хабзэрэ гулъытэрэ зэрыдэлъым уегъэгуфIэ, ар сыт хуэдэ зауэми, гуауэми яхуэмыгъэкIуэда щытыкIэщ…
Зыми и дежкIи щэхукъым къэзыгъэзэжахэр лэжьыгъэ IуэхукIи гугъу зэрехьыр. Псоми хуэмыдэу, абыкIэ зэран мэхъу урысыбзэр зэрамыщIэр. Ауэ Бусейнэ урысыбзэкIэ зыхуейр тыншу къыбгурегъэIуэф. Пщащэ гумызагъэр къыхуахьым щыгугъыу щысынутэкъыми, аращ пасэу лэжьэн щIыщIидзар. Цы япхынымрэ абы пыIэ, щыгъын къыхэщIыкIынымрэ унагъуэр иропсэу.
КъэкIуэжа и дэлъхумрэ и нысэмрэ лэжьыгъэкIэ я Iуэху зэрыхъунум дыщыщIэупщIэм, къыджиIащ:
- Ахэр зэкIэ зыщIыпIи щылэжьэфынукъым, къэрал хабзэкIи хъунукъым. Ауэ си дэлъхур Аргун Олег и жыпс заводым щылэжьэну къащтэну къагъэгугъащи, хуабжьу абы дыщогуфIыкI. Си дэлъхур Сирием и дзэм илъэс 13-кIэ хэтащ. Ди нысэ Iэят, абы щыпсэу бзылъхугъэхэм я нэхъыбэм хуэдэу, унэгуащэ къалэнщ игъэзэщIар. Ауэ абы инджылызыбзэр фIы дыдэу ещIэри, абы ехьэлIа лэжьыгъэ гуэр къигъуэтыну мэгугъэ, - жеIэ пщащэм.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ.