Гулъытэ хуащI

Илъэс куэд хъуащи, хабзэ­фIым тету, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм ирихьэлIэу, Къэрэшей-Шэрджэс Респуб­ликэм и Адыгэ Хасэм Iуэху дахэхэр къызэрегъэпэщ зи адэжь щIыналъэм къихьэжа ди лъэпкъэгъухэр къыхашэу. Абы и щапхъэу, иджыблагъэ Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм щызэхуэсащ Али-Бэрдыкъуэ, Хьэбэз къуажэхэр, Черкесск къалэр псэупIэ зыхуэхъуа, Урысейм и цIыху хъужу ягурэ я щхьэрэ адэжь щIыналъэм щызыгъэ­тIылъыжа унагъуэ­хэр. 

ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIат Хьэбэз къуажэм щып­-сэу зэIыхьлыхэу Гусокъуэхэрэ ­Мэ­хъу­шхэрэ я унагъуэхэр, Али-Бэрдыкъуэ псэупIэ щызыщIа Бэ­лыкъуэхэ, илъэс куэд дыдэ ­хъуауэ Черкесск къалэм щып­-сэу Лаш Джэлал сымэ…
Ди лъэпкъэгъухэм ягу къаIэ­тыну, ахэр зыгъэгуфIэ-зыгъэ­пIей­тейхэм щIэдэIуну пшыхьым къекIуэлIащ республикэм къы­щыдэкI «Черкес хэку» газетым и журналистхэр, редактор Аби­докъуэ Люсанэ я пашэу: Туаршы Ирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, Гъу­кIэкъул Иринэ, хэгъуэгум адыгэ­бзэмкIэ и телевиденэм и лэ­жьа­кIуэ Мамхэгъ Белэ сымэ.
Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий фIэхъус гуапэ ярихащ зэIущIэм кърагъэблэгъахэм икIи псоми ягу къигъэкIыжащ шыщхьэIум и 1-м адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
- Хуабжьу ди гуапэщ фи адэжь Хэку зэрывгъуэтыжар, фыгуфIэу, фыгушхуэу фыкъызэрытхыхьэр. Ди лъэпкъым щыщ дэтхэнэми хузэфIэкI ещIэ фи щыIэкIэ-псэукIэр ефIэкIуэным, фызыхуей вгъуэтыным теухуа­уэ. Дызэкъуэтщ, дызэдоIэпы­къужри, Iуэхухэми лъэпощхьэпохэми даполъэщ. Пэжщ, а лъэ­ныкъуэхэмкIэ Адыгэ Хасэм и пщэ­рылъыр нэхъыбэщи, зэдмыгъэтIылъэкIыу, IэщIыб ды­мы­щIу къытхуэкIуэжахэм я Iуэху­хэр ди нэIэм щIэдгъэтщ, дытолажьэ, догъэкIуатэ. ФыкъыздекIуэлIэжа адэжь жьэгум фыщытыншыным дэтхэнэри гу зэIухакIэ дыхущIокъу, - къыхигъэщащ Алий.
КъинэмыщIауэ, Хасэм и тхьэмадэр къытеувыIащ Къэрэшей-Шэрджэсыр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм, зэман зэхуэ­мыдэхэм Щамым къикIыжа уна­гъуэ къэс зэралъыкъуэкIым, зыхуей зэрыхуагъазэм, зэра­дэ­Iэпыкъум, цIыху къэс зытегу­зэ­выхь елъытауэ гулъытэ зэры­хуащIым. И гуапэу къыхигъэщащ нобэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щетIысэха ди лъэпкъэгъуу хъуам, ахэр цIыху 35-м зэрынохьэсри, Урысейм и цIыху зэрыхъуам щыхьэт техъуэ дэфтэр зэраIэр, я бынхэри зыщеджэнухэмкIэ къызэрызэрагъэпэщыр. 
Хасэм и тхьэмадэм гу лъитащ гъэ псом и кIыхьагъкIэ ди лъэп­къэгъухэр я нэIэм щIамыгъэкIми, Хэкум къэзыгъэзэжам и ­махуэм нэхъри нэхъ гулъытэ хэха абыхэм зэрырагъэгъуэтым. АтIэ, ахэр къызэхуашэс, я щы­Iэ­кIэ-псэукIэм зыщагъэгъуазэ, зытегузэвыхьхэм щIоупщIэ, ягу зэIухауэ зэдоуэршэрхэ. 
- Хэкум къэзыгъэзэжауэ нобэ мы зэIущIэм къеблэгъахэми къэ­мыкIуэфа адрей ди къуэш-шыпхъухэми яхуэдгъэхьэзыра саугъэт гуапэ диIэщ. Пщы­хьэщ­хьэ Черкесск къалэм и амфи­театрым концерт щызытыну, адыгэм къытхэкIа музыкант цIэрыIуэ ЛIыбзу Аслъэн Хасэм фызэрыщызэхуэтшэсынур къыщищIэм, цIыху къэс билет тыгъэ къыфхуищIащ, - и гуапэу къыщIигъуащ Алий.
Къапщтэмэ, пшыхьым кърагъэблэгъа ди лъэпкъэгъухэм фIыщIэ хуащIащ Хасэм и Советым хэтхэм ящыщу АфIэунэ Исмэхьил, Лъыс Розэ, Жэгуэтэн Руслан, Абидокъуэ Люсанэ сы­мэ, къищынэмыщIауэ адыгэ, абазэ лъэпкъхэм я къуэ щып­къэхэу Жумай Анзоррэ Пщы­махуэ Алийрэ, нэгъуэщIхэми. 
ЩОХЪУЖЬ  Люсанэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.