ПШАХЪУЭ БЫДАПIЭ АБРАГЪУЭХЭР

Пшахъуэ быдапIэхэр яухуэну яфIэфIщ цIыкIухэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар балигъ куэди зыдихьэх Iуэхугъуэщ. Пшыхъуэм ухуэныгъэшхуэхэр къыхэпщIыкIыным зэмани, шыIэныгъи, къаруи токIуадэ. Дуней псом пшахъуэ быдапIэу щащIахэм я нэхъ абрагъуэхэм девгъэплъыт. 
Иужьрейуэ дуней псом щынэхъ ин дыдэу къалъытащ 2015 гъэм метри 13,7-рэ и лъагагъыу Майами щаухуар. Абы елэжьащ IэпщIэлъапщIэ 20, Зиберт Тед яхэту. Ухуэныгъэм папщIэ къагъэсэбэпащ пшахъуэ тон 1,8-рэ. Ухуэныгъэшхуэр тращIыкIащ Урымым и колизейм, Хуитыныгъэм и Статуем, Пизан чэщанэм, Тадж-Махал я теплъэхэм. 
Майами щаухуам япэкIэ Гиннесс и рекордхэмкIэ тхылъым иратхауэ щытащ Рио-де Жанейрэ 2014 гъэм дащIыхьа, метр 12 зи лъагагъ пшахъуэ чэщанэр. Абы цIыху 15 елэжьащ, проектыр къигупсысащ сурэтыщI Iэзэ Крофт Расти. КъулыкъущIэхэм ар къагъэщэщэжащ рекордхэм я тхылъым иратха нэужь – зыгъэпсэхуакIуэхэр ухуэныгъэм гъунэгъуIуэу бгъэдыхьэурэ сурэт зэтрахырти, пшахъуэ унэр къатещэщэнкIэ шынагъуэ щыIэу къалъытащ.
2013 гъэм американ скульптор Джарретт Эд метр 11,63-рэ зи лъагагъ пшахъуэ унэ дрищIеящ. Ар мазэ иримыкъум нигъэсащ, ухуэныгъэр зыфIэгъэщIэгъуэн цIыхухэр зыдигъэIэпыкъури. Пшахъуэ быдапIэр яухуат псапэ IуэхукIэ - Сэнди къыщыхъуа жьапщэ шынагъуэм тхьэмыщкIагъэ хэзыхахэм гулъытэ хурагъэщIыну. Аращ абы «Сэнди и быдапIэ» щIыфIащари. Къыхэгъэщыпхъэщ, Джарретт Эд и пшахъуэ быдапIэу плIы нэхъапэIуэкIи Гиннес и рекордхэм я тхылъым зэритар. Япэ дыдэу 2003 гъэм иухуэу тхылъым иратхар метр 0,88 хъууэ арат.
Пшахъуэ быдапIэхэм яхэтщ лъагагъкIэ мыхъуу, кIыхьагъкIэ рекорд зыгъэуваи. Ар Германием щаухуа, километр 27,5-рэ зи кIыхьагъырщ.
ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.