ДЫКЪЭЗЫУХЪУРЕИХЬ ДУНЕЙМРЭ ДЭРЭ

Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ цIыхумрэ я зэпыщIэныгъэм спортым зиужьынымкIэ сэбэпынагъышхуэ иIэщ. Къэтщтэнщ ди къуршхэмрэ бгырысхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм кърикIуэу тлъагъухэр. Къуршхэм, бгы лъапэхэм щыпсэу цIыхухэр а щIыпIэхэм йосэ, щIыIэхэми жьапщэхэми япсыхьри, бэшэч мэхъухэр. Ахэр хуэм-хуэмурэ тогушхуэ къыр задэхэм, къуршыщхьэхэм я лъэр нахусыным. Губгъуэрысхэр IэмалкIи къарукIи зыпэмылъэщыну гъуэгуанэ хьэлъэхэм зрапщыту щIадзэри, я мурадым я Iэр трагъэхуэф мэхъу.

Абы и щапхъэу фигу къэдгъэкIыжынщ 1829 гъэм и бадзэуэгъуэм ди деж къыщыхъуауэ щыта Iуэхушхуэр, дуней псом цIэрыIуэ щыхъугъар. Абы ипэкIэ зэи къэхъуатэкъым апхуэдэ: Европэм щынэхъ къурш лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ цIыху дэкIащ а мазэм. Тхьэхэм я хэщIапIэу къалъытэ а бгы щыгум удэкIыныр щыгъэтауэ, ар уигу къэкIын къудейр щхьэпсыншагъыу ябжырт. А тхьэ IэщIагъэм зупщытыныр къемызэгъыу къащыхъурт. Абы гугъуехьу пыщIахэри къилъытащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием а Iуэхум зрипщытын мурад щищIам. Быдэуи зыхуагъэхьэзырат а гъуэгуанэ хьэлъэм.
Гъуэгуанэм пыщIа Iуэхугъуэхэр зэхигъэкIыну, иубзыхуну, гупым хэту ежьэнухэр къызэригъэпэщыну и пщэ далъхьэ Кавказым щыIэ урыс зауэлIхэм я дзэпщ генерал Эмануэль. Iуащхьэмахуэ щыгу дэкIыным пыщIа Iуэхухэм лъэныкъуэ куэдкIэ егупсысахэт: ахэр ехьэлIат экономикэми, щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэми, альпинизмэми; Iуащхьэмахуэ къедза щIыпIэхэм къыщыкIхэр, узыщрихьэлIэ псэущхьэхэр зыхуэдэр убзыхуным, Балъкъ, Псыжь я къыщIэжыпIэхэр, бгы лъапэхэм щIэлъынкIэ хъуну зыхуагъэфащэ хъугъуэфIыгъуэхэр къэхутэным, нэгъуэщI къинэмыщIхэми. Арат а гупым щIыхагъэхьар щIэныгъэлI, IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр. ЗекIуэр къызэзыгъэпэщахэр щымыуауэ къыщIокI: абыхэм Къэбэрдейми Къэрэшейми къыщагъуэтащ мывэ фIамыщI, дыжьын, бдзапцIэ, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэри зыщIэлъ щIыпIэ куэд.
Ауэ ящIа псом ящхьэу къыщIэкIар игъащIэм цIыхум и лъэ зытемыува Iуащхьэмахуэ щыгур къызэращтаращ. Ар къызэхъулIари хэт? АдыгэлI Хьэшыр Чыларщ. 1829 гъэм бадзэугъуэм и 21-м, сыхьэтыр 10-м Хьэшырым и гъусэу гъуэгу техьат щIэныгъэлIхэу Купфер, Ленц, Майер, Къэрэшейм щыщ Дудов Магомет сымэ, къэзакъ лIы тIощIи ящIыгъуу. Метр 4270-рэ якIуа нэужь, гъуэгур къатохьэлъэри, цIыху 23-м кърагъэзыхыж. АдэкIэ кIуэфыр Хьэшыр Чылар, Дудов Магомет, Ленц, къэзакъ Лысенков сымэщ. АрщхьэкIэ Iуащхьэмахуэ щыгум нэмысыфу абыхэми къагъэзэж. А насыпыр къызэхъулIар апхуэдэ гугъуехьхэм япсыхьа, къэзылъхуа щIыналъэм и бын пэж, лIыгъэшхуэ къызылъыкъуэкIа ди лъэпкъэгъу, къэзылъхуахэм я пщIэр Iуащхьэмахуэ елъэгэкIыу дуней псом щызыIэтыфа адыгэлI нэс Хьэшыр Чыларщ. Ар 1829 гъэм бадзэугъуэм и 22-м сыхьэтыр 10-м Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ щыгум нэсыфауэ щытащ.
А гъуэгуанэ хьэлъэр зэрызэпачам теухуауэ Купфер итхыжащ: «Чылар, - арат и цIэр а адыгэлIым, - дэ псоми нэхърэ а Iуэхум нэхъ хуэIэзэу къыщIэкIащ: пщэдджыжь щIыIэтыIэр къигъэсэбэпри, зи дунейр уэсылъэу зыхь гъунапкъэр дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ пасэу къызэринэкIащ. Ленц и иужьрей дыдэ къэувыIэпIэм щынэсам, Чылар къригъэзыхыжауэ щыгум къехыжырт. Абдеж уэсым ткIун щIидзакIэт. Мор уэс щтам тету къурш щыгу дыдэм нэсат… Ар зы сыхьэт псокIэ нэхъ щIэхыуи къэсыжащ ди гупым и хэщIапIэм. ЛIыгъэшхуэ зыхэлъ щакIуэжьти, абы а щIыпIэхэр фIыуэ ицIыхурт, лъагапIэхэм и щыпэдэкIтэкъым…»
Чылар зэрихьа лIыгъэр езым игъэщIэгъуэжу къыщIэкIынтэкъым: зи гъащIэр Iэхъуэу бгылъэхэм щезыхьэкI адыгэлIым апхуэдэ лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэхэр Iэджэрэ игъэунэхуакIэт. Абыхэм уесауэ, укъэзыухъуреихь дунейм и хьэрискхъуэрисхэм фIыуэ ущыгъуазэу щымытмэ, минрэ ущIэныгъэлIми, зыбгъэспортсменышхуэми, Брамтэ къуажэм (Вольнэ Аул) къыщалъхуа Хьэшыр Чылар ищIэфар къызэромыхъулIэныр белджылы къэхъуат дунейпсо альпинизмэм и ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэу къэплъытапхъэ Iуэхур къыщыхъуа 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 22 махуэм. А махуэр дунейпсо тхыдэм дыщэпскIэ хэзытха адыгэлIыр, ар къызыхэкIа лъэпкъыр ягъэлъапIэурэ, фэеплъ мыкIуэдыжынхэри хуащIащ, усэхэр, уэрэдхэр хузэхалъхьащ. Ди щIэныгъэлI Iэзэ, тхакIуэшхуэ Шортэн Аскэрбий и «Бгырысхэр» роман цIэрыIуэми хигъэхьащ Хьэшыр Чылар теухуа IыхьэфI.
Чылар иужькIэ а лIыгъэзэхэгъэкIыпIэ дыдэм текIуэныгъэ къыщызыхьауэ щытари ди хэкуэгъу Соттаев Ахъиящ. Ауэ балъкъэр щIалэм ар къыщехъулIар 1868 гъэращ. Пэжщ, абы етIуанэуи зрепщыт Iуащхьэмахуэ и къухьэпIэ щыгум икIи и мурадыр къохъулIэ 1874 гъэм. Ари, Чылар ещхьу, щакIуэшхуэт. Соттаевым и лъэр зытемыува къурш щхьэдэхыпIи, лъагъуи, гъуэгуи щыбгъуэтынтэкъым а щIыпIэхэм, ауэ щыхъукIэ, ари хуэIэзэт къэзыухъуреихь дунейм и хьэлхэм, абыхэм уазэрыфIэкIыфыну Iэмалхэм. 
Хьэшыр Чыларрэ Соттаев Ахъиярэ ядэплъейуэрэ, абыхэм зэрахьа лIыгъэр щапхъэ яхуэхъуурэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм спортсменыфI Iэджэ къахэкIащ. Абыхэм яхэтщ дуней псом, Европэм бжьыпэр щызыубыда спортсмен лъэщхэр. Псалъэм папщIэ, Чыларрэ Ахъиярэ зэрахьауэ щыта лIыгъэр гъуазэ яхуэмыхъуамэ, Iуащхьэмахуэ щыгум мызэ-мытIэу къихутэу, итIанэ дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэ Джомолунгмэ (Эверест) къуршым зрапщытыфыну пIэрэт илъэс 55-рэ зи ныбжь балъкъэр спортсмен лъэщ Ольмезов Абдул-Хьэлимрэ илъэс 28-рэ фIэкIа мыхъуа адыгэ бзылъхугъэ хахуэ Мэз Каринэрэ? ДяпэкIи къытщIэхъуэну щIэблэм къыпащэн ухъу апхуэдэ текIуэныгъэхэм. АбыкIэ къигъэхъуапIэ, хъуэпсапIэ хъарзынэщ дыкъэзыухъуреихь ди дуней телъыджэр.
 

 

Тхьэгъэпсэу Анатолэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.