АДЫГЭ ХАБЗЭМ ЩЫЩЩ

Баш зыIыгъ лIыжьыр уэрамым здрикIуэм ижьрабгъумкIэ цIыхубз гуэр щыту елъагъу. Сыту пIэрэ ищIэнур? ЛIыжьым и Iэ ижьымкIэ иIыгъ башыр Iэ сэмэгум ихьынурэ, блэкIынущ, жеIэ Адыгэ Хабзэм: бзылъхугъэм пщIэ хуэщIын хуейщ, баш хуэбгъэдалъэу ублэкIыныр емыкIушхуэщ.
Гъунэгъум деж IуэхукIэ уекIуэкIауэ, хьэщIэ щIэсу урохьэлIэ. ФIэхъус сэламри Iуэху ущIэкIуари зэфIэкIауэ укъыщIэкIыжынущ. Сыт жыпIэнур? ХьэщIэм зыхуэбгъэзэнурэ «ХьэщIэгъуэфI Тхьэм уригъахуэ!» жепIэнщ, уехъуэхъунщи, уи щIыб хуумыгъазэу, уикIуэтурэ укъыщIэкIыжынщ. Япэрауэ, узытекIухьам нэгъуэщI Iуэху къыхэбгъэкIыныр къезэгъыркъым, етIуанэрауэ, узыхыхьахэм езыхэм Iуэху блэкI яIэнкIи мэхъу, уетIысэхыныр щытыкIэм къекIуркъым – щысын хьэщIэтэмэ, къыпкIэлъыджэнт.
ЦIыхубз гуэр гъуэгу тету здэкIуэм и щIалэ цIыкIум IэфIыкIэ, е мыIэрысэ, е нэмыщI гуэр иритыну хуейщ. ЗанщIэу ириткIэ зэфIэкIрэ? Хьэуэ. ЯпэщIыкIэ зеплъыхьри, нэгъуэщI сабий гъунэгъуу щытмэ, абы хуеший. Ар гулъытэр цIыхум хэзыпщэ Iуэхугъуэщ.
ЗэкъуэшитIым я быну лIитI зы гуп хохуэ. Зыр нэхъыжьщ, адрейр нэхъыщIэщ. НэхъыщIэр тIысащ, нэхъыжьыр щхьэгъэрыту уващ. Сыт къэхъуар? Хабзэм ипкъ иткIэ, нэхъыщIэм и адэр нэхъыжьти, ныбжькIэ нэхъыщIэми, абы и къуэм нэхъыжьыгъэр лъысащ. ЗэрышхыкI IэфIщи, зэфIэIэфI лъэщщ, жыхуиIэращи, нэхъыжьыгъэм и IэфIагъыр лIэужьищкIэ кIуасэркъым.
Апхуэдэ защIэу зэхэлъщ Адыгэ Хабзэр – зылъэмыIэс щыIэкъым. Абы къызэщIеубыдэ унэр зэрыбгъэпсынури, нэхъыжьыр зэрыбгъэлъэпIэнури, сабийм гулъытэ зэрыхуэпщIынури… Адыгэ хабзэм тету нысэ къашэ, ирагъашэ, ирагъэкIыж, унагъуэм унафэр щызэрахьэ, ныбжьэгъур ягъэныбжьэгъу, зэбийр зэрагъэкIуж, утыку йохьэ, къокIыж… Адыгэ Хабзэращ пыухыкIауэ фIэхъус-сэлам ехыкIэми, тIысыкIэми, зекIуэкIэми, IэбэкIэми унафэ хуэзыщIыр.
КIэщIу жыпIэмэ, дунейм гъунэ зэримыIэм ещхьыркъабзэу, хабзэми гъунэ иIэкъым – псори къеубыд, псори зэпелъыт, зэманым зыдрегъэкIу, сыт хуэдэ Iуэхуми Iэмал къыхуегъуэт.
Пэжщ, пасэрей хабзэхэми иджы кърагъажьэхэми ди гъащIэм къемызэгъ, лъэпкъыр гугъу езыгъэхь гуэрхэри хэтщ. Ауэ сэ абыхэм иджыпсту я гугъу сщIыркъым. Зи гугъу сщIыр узыфIэмыкIыжыну хабзэхэращ. Ахэр куэдкIэ нэхъыбэщ, нэхъ лъэщщ. Ауэ щыхъукIэ, ди Адыгэ Хабзэм девмыгъэлъэпауэ. Ар ди псэщ, ди фащэщ, ди адэжь щIэинщ. Арыншауэ хъужынукъым: ди лъэпкъ напэри, дызыхэт хэгъэгум и напэри токI. ЦIыхум и хуитыныгъэхэр щагъэнэхъапэ къэралыгъуэ дывгъэухуэ жаIэу, ауэ сытми къыщрахьэжьакъым ди Парламентым: Адыгэ Хабзэр зыуи къизымыдзэ, щыхуейм и деж абы хуиту ебакъуэ къэралщ дэ иджыри къэс диIар. Абы кърикIуар псоми долъагъу. Хабзэр щымытепщэм, Iуэхури, цIыхури, лъэпкъри щопуд.
Хабзэр щапхъэщ.
Хабзэр гъуазэщ.
Хабзэр къалэнщ.
Хабзэр пцIыху къудейкIэ зэфIэкIрэ, жыпIэрэ ущIэупщIэмэ, - зэфIэкIыркъым. Хабзэр ищIэу, ауэ и мыхьэнэр дахэ-дахэу къагурымыIуэу е имыгъэзащIэу, Iумпэм ищIу дапщэ адыгэхэм къытхэт? Хабзэри бзэри зымыщIэжыххэр абы хэплъхьэжмэ-щэ? КIуэ пэтми апхуэдэхэр нэхъыбэ мэхъу.
Абы, дауи, щхьэусыгъуэ куэд иIэщ. Ауэ мы зым шэч лъэпкъ хэлъкъыми, жыIэпхъэу къызолъытэ. Хабзэр цIыхум и псэм дыхьэмэ, и гур игъэпIейтеймэ, кIэщIу жыпIэмэ, хьэл-щэну зэрыубыдмэ, мис итIанэщ а цIыхур гъэса щыхъунур, адыгагъэм и IэфIыр щызыхищIэнур.
Апхуэдэ хьэл-щэн дахэхэм ящыщщ гуапагъэр, лIыгъэр, пэжыгъэр, Iэдэбагъыр, тэмакъкIыхьагъыр, укIытэр, хьэтырыр… Ахэр куэд мэхъу, кIыубжэкI къудейкIи зэфIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ: щхьэж сыт хуэдэ мыхьэнэ ептынуми, сыт хуэдэ купщIэ иIэми къыбгурыIуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, адыгэ гуапагъэмрэ нэгъуэщI лъэпкъ гуапагъэхэмрэ я купщIэкIэ зэрагъэхь щымыIэми, я фащэкIэ зэщхьэщокI. Гуапагъэм къыхэкIыу, франджым цIыхубзым и Iэм ба хуещI, японхэм цIыхухъуи цIыхубзи щызэхуэзэкIэ, щхьэщэ зэхуащI. Адыгэхэм апхуэдэ хабзэ зэрахэмылъыр псоми дощIэ. Адыгэхэм хьэщIэ къахуэкIуамэ, я Iуэхуу хъуар къагъанэри, абы гугъу зыдрагъэхь, хьэщIэр хэхауэ ягъэлъапIэ, ар Тхьэм и лIыкIуэщ, жаIэри щIыхьышхуэ хуащI. Ауэ лъэпкъ щыIэщ, псалъэм папщIэ, нэмыцэхэр е урысхэр, хьэщIэм апхуэдизу зрамыгъэлIалIэу.
Иджыри зы щапхъэ: адыгэхэм «щыгъуэ» мыхьэнэр иIэу фащэуи псалъэуи къагъэсэбэпыр фIыцIэщ. Аракъым корейхэм е чыртхэм я хабзэр: абыхэм я деж щыгъуэм и фащэр сыт щыгъуи хужьщ.
Дэтхэнэ зы хабзэр къащти - апхуэдэщ. Лъэпкъ къэскIэ езым и гупсысэкIэ, и дуней еплъыкIэ химылъхьэу къанэркъым. Химылъхьэмэ, ар лъэпкъ хъужыркъым, лъэпкъыу къэнэнкIи Iэмал иIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъыщхьэр къэзыхъумэ къалэныр игъэзэщIэжыркъым.
Шэч хэмылъу, адыгэхэм куэд щIауэ гу лъатащ лъэпкъ хабзэхэр зэрызэщхьэщыкIым. Аращ, дэ къызэрыдгурыIуэмкIэ, «адыгагъэ» жыхуиIэ псалъэр къэзыгъэщIар. Ар ди лъэпкъым ижь лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр адрей лъэпкъ хабзэхэм къазэрыхигъэщхьэхукI Iэмэпсымэу къэунэхуа псалъэщ. Абы Адыгэ Хабзэри, адыгэ хьэл-щэнри къызэщIеубыдэ.
Адыгагъэм хабзэр гъэзащIэ, жеIэри, урехулIэ, фIым ухуреджэ, Iейм ущехъумэ. «Адыгагъэ хэлъщ мо щIалэм», – жаIэ. Сыт абы къикIыр? Абы къокI, япэрауэ, а зи гугъу ящIым Адыгэ Хабзэр фIыуэ ицIыхуу, етIуанэрауэ, хьэл-щэн хуэхъуарэ игъэзащIэ зэпыту. Аращ, хабзэр ищIэ къудей мыхъуу, гукIэ зэрешэ, жыхуаIэжар.
Аращи, япэкIэ ди хабзэм и пщIэр нэхъри нэхъ лъагэу къэзыIэтын, дунейпсо щэнхабзэм фIыкIэ къыщыхэщын лъэпкъ дищI, ди хъугъуэфIыгъуэхэр къыдгурыIуэу, якIуэцIылъ купщIэшхуэр зыхэтщIэу. Къэзанокъуэ Жэбагъы зы Iущыгъэ къыщIэнащ: дифI дымыгъэпуду, ди Iей щIэдмыхъумэу дывгъэпсэу!
Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и Iэрытх щIэиным къыхэзыхыжу
тедзэным хуэзыгъэхьэзырар
 

 

ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.