СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

Тхэквондо

Бразилием и пIэкIэ - Башкирием

Бадзэуэгъуэм 23-м щыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 2 пщIондэ, Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэрал спортсменхэри хэту, Башкирием щекIуэкIынущ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я сурдолимпиадэ.

«Спортым дызэкъуегъэувэ». Аращ абы и къыхуеджэныгъэу щытынур. Абы хэтынущ тхэквондомкIэ зэфIэкI зиIэу зыкъэзыгъэлъэгъуа ди адыгэ хъыджэбз цIыкIуитI. Ахэр Сатушы Мадинэрэ (килограмм 49-рэ) Жылэ Татьянэрэщ (килограмм 67-рэ). Бразилием щекIуэкIыну дунейпсо Сурдолимпиадэрт здэкIуэну щытар. Ар Мадинэрэ Татьянэрэ хуэдэ спортсменкэхэми я хъуэпсапIэщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, политикэмрэ спортымрэ зэхэзыпщэхэм я зэранкIэ Урысейм щыщхэр абы хагъэтынукъым. Апхуэдэу щыхъум, ди къэралым езым и джэгухэр къызэрегъэпэщыж. Дохъуэхъу ди хъыджэбз цIыкIухэм абы ехъулэныгъэ щаIэну.

 

Бокс

Ди щIалэхэм я ехъулIэныгъэхэр

Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грознэм боксымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ, спортым и мастеру щыта Турпал-Али Кукаевым и фэеплъу, щрагъэкIуэкIащ. Мыбы хэтащ илъэс 19-м щыщIэдзауэ 40 хъу спортсмену 100-м нэс.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалитху а зэхьэзэхуэм хэтати, килограмм 80 зи хьэлъагъ гупым текIуэныгъитху зэкIэлъыпыту къихьри, япэ увыпIэр ХъуэкIуэн Алим къихьащ. Килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэм я деж Гъуэтыж Темыркъан ещанэ увыпIэр щиубыдащ.

Ди спортсменхэм я гъэсакIуэр Занилов Муратщ.

 

Бгым псынщIэу дэкIын

Зэпеуэ нэхъыщхьэхэр яублэнущ

ЦIыху миным щIигъу зыхэтыну гъэмахуэ зэпеуэ нэхъыщхьэр Iуащхьэмахуэ лъапэ шыщхьэуIум и 4-м щыщIэдзауэ и 6 пщIондэ щекIуэкIынущ. Абы хэтыну хуейхэм бадзэуэгъуэм и 30 пщIондэ «Эльбрус» курортым зыщрагъэтх хъунущ.

Зэхьэзэхуэм хэтынухэм блэнейрэ псори зэхэту километр 360-рэ зэпачынущ, Iуащхьэмахуэ лъапэ, Бахъсэн, Джылы Су, мымащIэу мы щIыналъэм щыIэ нэхъ щIыпIэ дахэхэм километр 60-кIэ, 100-кIэ къыщызэдэжэнущ. Зи лъэкIыныгъэм шэч къытезымыхьэ спортсменхэр километр 35-кIэ къызэдэжэу, метр 3100-рэ зи лъагагъ бгым дэкIынущ.

Мыбы щхьэхуэу щызэпеуэнущ зи ныбжьыр илъэсих иримыкъуахэр. Ахэр Азау губгъуэм метр 500-кIэ къыщызэдэжэнущ, абыхэм нэхърэ нэхъыжьхэр метр 1000-м щызэпеуэнущ. Зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщхэр зыхущIэкъур псори арэзы ящIу махуэшхуэхэр нэгузыужьу егъэкIуэкIынырщ

ШАФИЙ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.