АМКIЫЩ

АмкIыщыр (синица) зыщыпсэу щIыпIэр зымыхъуэж бзухэм ящыщщ. ЩIымахуэм я нэхъ щIыIэм абыхэм цIыхухэм я псэупIэхэм гъунэгъу нэхъ зыхуащI, апхуэдэу яшхын нэхъ ягъуэтри. Зы махуэм къриубыдэу амкIыщым ешхыф къэкIыгъэхэм зэран яхуэхъу хьэпщхупщ цIыкIу куэд - езы бзум и хьэлъагъам и нехьэкъехуэ. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ, зы амкIыщ унагъуэм жыг 40 хуэдиз хьэпщхупщ зэранхэм щахъумэу. Мэзым и дохутыркIэ йоджэ амкIыщхэм.  Языныкъуэ къэралыгъуэхэм нэхъ пасэхэм унафэ ткIий щыIащ амкIыщхэр букIыну ухуимыту. XIV лIэщIыгъуэм Баварский Людовик къуэдышхуэ япшыныну ятрилъхьауэ щытащ амкIыщ зыукIыу къаубыдхэм.

АмкIыщхэр егъэлеяуэ псэемыблэжщ. Шыр къраша нэужь, ахэр сыхьэтым къриубыдэу 30-40 - рэ шхыныхьэ IуолъэтыкI. Абыхэм я гум фIы дыдэу ираубыдэ ерыскъы къыщагъуэт щIыпIэхэр.

АмкIыщхэм куэдрэ псэупIэ ящI цIыхухэм япэгъунэгъуу. ЩIымахуэ кIыхьыр нэхъ тыншу бзухэм ирахын папщIэ, жыгхэм хуфIадзэ шхын зракIутэ унэ цIыкIухэр. Ауэ псоми ящIэркъым а бзу лIэужьыгъуэм щIакхъуэ фIыцIэ хуэбущыкъуейуэ ебгъэшх зэрымыхъунур. Абы кIытэ (дрожь) куэд хэлъщи, и хулъэр егъэбэг, куэдри егъалIэ. Псом нэхъыфIщ бзухэм тхъуий, сэхуран хьэдзэхэр яхуэппхъымэ.

Урысейм щагъэлъапIэу щытащ АмкIыщым и махуэр. Ар жэпуэгъуэм и 30-м техуэрт. Унагъуэхэм я жыгхэм бзу унэ цIыкIухэр фIащIэрт, абдеж зэуэ амкIыщ куэд къэлъэтамэ, унагъуэм берычэт къызэрихьэнум и нэщэнэуи къалъытэрт. АмкIыщхэм я зыщIыкIэмкIэ, дунейм и щытыкIэнури хуэгъэфэщауэ къащIэу щытащ. Я макъым щIэфийе щIэтмэ, дунейм зиукъэбзынути, хуабэу щытынут, бзухэр цIумэ (пищать), дунейм щIыIэ зыкъищIу жаIэрт.

АмкIыщхэм езыхэм абгъуэ яухуэ нэхърэ, нэгъуэщI бзухэм ябгынэжа абгъуэхэр е дурэш- плIэрэшхэр псэупIэ ящIмэ нэхъ къащтэ. АмкIыщхэр мэпсэу илъэсищ хуэдизкIэ, ауэ цIыхухэм хъаркIэ яIыгъмэ, нэхъыбэрэ псэуфынущ.

АмкIыщым и гур псынщIэ дыдэу къоуэ - дакъикъэм къриубыдэу 50-рэ. ЩыпIейтейм деж, къеуэгъуэхэр нэхъ псынщIэж мэхъу. Къыщалъэтэхьым деж амкIыщхэм я дамэхэр куэдрэ яшэщIыркъым, я къарур яхъумэри. Сыхьэтым къриубыдэу километр 35-рэ хуэдиз лъэтэфу аращ.

АмкIыщыр Европэм нэхъ щыкуэд дыдэ бзухэм ящыщщ. Ахэр щопсэу Азие Курытми КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми. Бзухэр Кавказым и мэзхэми щопсэу. Брат Хьэсин и «Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» тхылъым ар цIыжьдадэ унэбзу лIэужьыгъуэхэм ящыщу къыщокIуэ, езыхэр зыбжанэу зэщхьэщокIыж.

«Нэхъыщхьэу абгъуэ здищIыр псей, уэздыгъей жыг гъуанэхэрщ. Адрей цIыжьдадэ бзу лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу, и пщэм кусэ фIыцIэхэр хэлъщ, хулъэ щIагъым гъуэжьыфэ къыщIоуэ. И Iусым хохьэ псей, уэздыгъей жыг жылэхэр, хьэпщхупщхэр», - дыкъыщоджэ Хьэсин тхылъым.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ