ТЭНАЩ ЛЪЭПКЪЫМ И КЪЕЖЬАПIЭР

ЦIыхур зыщыщ лъэпкъым и тхыдэр ищIэну и къалэнщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэхэм я блэкIар политикэ IуэхукIэ е нэгъуэщI щхьэусыгъуэ гуэркIэ щIахъумэурэ, я щIэблэм ящыгъупщэжащ я нэхъыжьхэм зэгуэр «уей-уей» жрагъэIэу, къэрал Iуэху зэрахьэу, къулыкъушхуэхэр яIыгъыу зэрыщытар.

Лъэпкъ щхьэхуэхэм ятеухуауэ тхылъ купщIафIэхэм ящыщщ «Род Танашевых» фIэщыгъэцIэм щIэту Тэнащ зэщхьэгъусэхэу Хьэжымырзэрэ Тэмарэрэ ягъэхьэзырар. Хьэжымырзэ и IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ тхыдэм пэжыжьэми, и лIакъуэм къежьапIэ хуэхъуар къитIэщIын папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ. Абы илъэс куэд щIауэ кърихьэкI гупсысэр нэхуапIэ хуэхъун папщIэ хузэфIэкI къигъэнакъым и щхьэгъусэ Тэмарэ. Ар бзэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ КъБКъУ-м щылэжьащ.

Совет зэманым гугъуехь куэд зрагъэлъэгъуахэм, зрагъэшэчахэм Тэнащ  лъэпкъыр ящыщми, ахэр властым зэи щышынакъым икIи ябзыщIакъым  къызыхэкIа лъэпкъыр зыхуэдэр. Ауэ адыгэ лъэпкъым и закъуэ мыхъуу, Урысей тхыдэм IупщIу къыхощыж лIэщIыгъуэжьхэм къыщыщIэдзауэ Тэнащхэ гъуэгуанэшхуэ къызэрызэпачар.

Дэфтэрхэм хэлъщ «Никоновская летопись» тхыгъэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ 1552 гъэм Мэзкуу лIыкIуэу ягъэкIуауэ щыта къэбэрдей  уэркъхэм я цIэр: Къаныкъуэ, Елбэздыкъуэ, Тэнащыкъуэ.  Дызэрыщыгъуазэщи, абы щыгъуэ адыгэхэр урысей Пащтыхь Грозный Иван елъэIуат дамэгъу къахуэхъуну, Кърым хъаным езэуэнымкIэ закъыщIигъэкъуэну. «Адыги. Вехи истории» жыхуиIэ тхылъым Дзэмыхь Къасболэт щытопсэлъыхь а Iуэхугъуэм. КъищынэмыщIауэ, а зекIуэм теухуауэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид итха сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ къэбэрдей лIыкIуэхэм ящыщ зым Тэнащхэ я лъэпкъ дамыгъэр тедзауэ нып зэрыIэщIэлъыр. Нобэр къыздэсым а дамыгъэр къадокIуэкI Тэнащхэ.

Дэнэ къыщежьэжрэ-тIэ, Тэнащхэ я тхыдэр?

Алтай крайм щыIэ Шебалкинскэ  куейм къыщагъуэта дэфтэрхэм ятепщIыхьмэ, а щIыпIэм щежэх псым Тэнащ цIэр зэрихьэу щытащ иджыри IX-XII лIэщIыгъуэхэм. Нобэр къыздэсми зэреджэр аращ псым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а щIыпIэм щыпсэуащ Тэнащхэ икIи я унагъуэцIэр псым фIащыжащ. Абы щыхьэт тохъуэ Тэнащхэ я Iуащхьэ 15 а щIыпIэм къызэрыщагъуэтар, кхъэ папщIэу яIауэ.

ТэнащыцIэр нэгъуэщI къэралхэми я тхыдэм къыхощ. Псалъэм папщIэ, Мысырым щыIащ Нилым тета «Тэнаш» кхъухь тедзапIэр. Ар 2009 гъэм зыхуей хуагъэзэжри, ирагъэжьэжауэ мэлажьэ, километр 20-кIэ Каир пэжыжьэщ.

Тэнащхэ зэрыжаIэмкIэ, Кавказым щыпсэуа я адэжьхэм ящыщ гуп Къэбэрдейм икIри, абазэхэм яхэтIысхьауэ щытащ зэгуэр. ИужькIэ ахэр Абазэм иIэпхъукIри,  Тыркум кIуащ. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ, Тыркум нобэ щыпсэу Тэнащхэм я лъэпкъ дамыгъэр зэрахъумэжар, хэкурысхэмрэ хы щIыбым щыпсэу Тэнащ унагъуэ 40-мрэ зэрахьэ дамыгъэр зытехуэу зэрыщытар. Ауэ XX лIэщIыгъуэм и пэхэм, Тэнащхэ я лъэпкъ дамыгъэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьэри, ар я шы гуартэм традзэу щытащ.

Къыхэгъэщыпхъэщ  шы гъэхъункIэ а лъэхъэнэм Тэнащхэ къатекIуэ зэрыщымыIари. Псалъэм папщIэ, 1914 - 1915 гъэхэм Тэнащ Мэжид иIащ шы миным щигъу. Абы щыхьэт тохъуэ 1915 гъэм ирихьэлIэу Тэрч областым щыщу шы нэхъыбэ дыдэ зыгъэхъухэм Мэжид я унафэщIу зэрыщытар – абы шы 1070-рэ иIэт. Осетие Ищхъэрэ – Алание Республикэм и къэрал архивым хэлъщ абы щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр.

Къуэгъулъкъуейдэсхэм жаIэж мыпхуэдэ хъыбар: «Шэгуолэ адрыщI, Тэнащхэ я щIалэ бланэ гуэрым къыщилъыхъуэрт и адэм иш кIуэдар. Абы елъагъу ищхъэрэкIэ къикI шу гуп. Гъуэгум дидзыхыу, щIалэр мэзым щыщIыхьэм илъэгъуащ я лъэпкъ дамыгъэр зытет шым тесу зыгуэр зэреущэхыр. Тэнащыр абы кIэлъоущри, аркъэнкIэ шым тесыр къытреч, ирелъэфажьэри, хьэмкIэу мэзыкумкIэ кIуцIрелъэф. Иджырей Къэзанлъэфыкъуэм нэсауэ къэувыIэмэ, илъэфыр хьэдэ хъуагъэххэт. Шыр зыдыгъуар тэтэру къыщIэкIащ. А зэманым тэтэрхэм къэзанкIэ еджэрти, абы къытекIауэ аращ «Къэзанлъэфыкъуэр». Хъыбарыр Жэмбей Нартшу жиIэжу  1943 гъэм ятхыгъащ.

IуэрыIуатэми ущрохьэлIэ Тэнащхэ я лъагъуэ. Дызэрыщыгъуазэщи, пасэм къэбэрдей пщыжьхэм я бынхэр къану ятырти, атэлыкъым ирагъэпIырт. Ар къану зыхьа уэркъым езым ипIыртэкъым, дауи, атIэ унэIут цIыхубзрат гугъуехь псори зи пщэ къыдэхуэр. ЗалымыгъэкIэ хамэ быныр зрагъэпI унэIутыр лажьэ зимыIэ сабийм ебгырт мыпхуэдэу, гущэкъу уэрэд къришу:

Лай щIы, залымым и къуэ!

Лай щIы, бзаджэжьым и къуэ!

Алыхьым укъимыгъэхъукIэ!

Укъэхъумэ, жылэр уи шхыгъуэщ.

Тэнащейр зытегъуэгэн!

Лай щIы, бзаджэжьым и къуэ!

Уи адэжьым и фоч фIыцIэжьыр

КърымкIэ къыщегъэгъуагъуэ.

Тэнащейр зытегъуэгэн!

Лай щIы, бзаджэжьым и къуэ.

IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ я закъуэ мыхъуу, литературэми къыхощыж Тэнащхэ я лъагъуэ. Псалъэм папщIэ, Нало Ахьмэдхъан и «Псыхьэ нанэр» зытеухуар Тэнащхэ ящыщ фызыжьщ. ГъэщIэгъуэну икIи гущIэгъуншэу къекIуэкIащ Бышэ и гъащIэр. Рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Бышэ цIыхубзышхуэт, жьы хъуами, лъэрытетт, щIалэ дыдэу фызабэу къэнами, IукIэ ипIа и къуитIыр хэкум щхьэузыхь хуэхъуами (зыр Хэку зауэшхуэм хъыбарыншэу хэкIуэдат, адрейр яукIат), и  гур игъэбыдауэ и унагъуэ Iуэхухэр ищIэжу, губгъуэми щылажьэу, зыгуэрхэми защIигъэкъуэфу псэурт. Зы махуэ гуэрым Бышэ къыхуокIуэ кIуэдауэ жыхуаIа и къуэм къыбгъэдэкI тхыгъэ, узыншэу, унагъуэ хъуауэ, зы къуи игъуэтыжауэ жиIэу. Абдеж фызыжьыр и къуэм ежьэн щIедзэ, къигъэзэжу ипIыжыным пэплъэу. Рассказым пытщэнкъым, ар адыгэ литературэм щыгъуазэ псоми ящIэри.

XVII-XVIII лIэщIыгъуэхэм Тэнащхэ я къуажитI щыIащ Къэбэрдейм. Зыр лIакъуэлIэш Тэнащ Къарэмырзэ, адрейр лIакъуэлIэш Тэнащ Пщымахуэ ейуэ. Гу лъытапхъэщ урысей пащтыхь Александр II Куржым щрагъэблэгъам, абы прагъэжьэну, бгъэдагъэсыну Тэнащ Къарэмырзэ ираджауэ зэрыщытами.

Къыхэгъэщыпхъэщ Архангельск щIыналъэм Танашовщинэ къуажэ зэрыщыIэри. XVI лIэщIыгъуэм Москва ягъэкIуа лIыкIуэхэм яхэта Тэнащыкъуэр е абы и щIэблэм ящыщ гуэр абы къыщынэу, иужькIэ Архангельск Iэпхъуауэ аращ, зэрыхуагъэфащэмкIэ. Къэзахъстанми ущрохьэлIэ Тэнащ унагъуэцIэм. Тэнащ Вали-Хъан зэритхамкIэ, ахэр Къэбэрдейращ здиIэпхъукIар.

КъищынэмыщIауэ, Тэнащхэр куэду щопсэу Ингуш Республикэми. Пэжщ, абыхэм я унагъуэцIэм «Тэ» приставкэр къыпагъэувэри, Тэтэнащ хъуащ, ауэ шэч хэлъкъым ди гъунэгъу щIыналъэм къыщыхута  Тэнащхэр къэбэрдей адыгэхэм зэращыщым. Сыту жыпIэмэ, дэнэ щымыпсэуами, Тэнащ лъэпкъым щыщу зэрыгъуэтыжа, зэрыцIыхуахэр теплъэкIэ зэщхьщ, лъэпкъ нэщэнэ гуэрхэр зэхуэдэу яхэлъщ.  Къыхэгъэщыпхъэщ  Тэнащхэ Краснодар крайми, Украинэми, Беларус Республикэми, Молдовэми, США-ми, Урысейм и къалэ зыбжанэми зэрыщыпсэур, къэралым хуэлажьэ цIыху цIэрыIуэ куэд къазэрыхэкIар.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ