ЛЪЭПКЪ ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЗЫГЪЭКIУАТЭХЭР

«Лазурная волна - Сочи 2023» гъуазджэхэмкIэ VIII дунейпсо зэпеуэмрэ «Со­чэ 2023» VII дунейпсо пленэр-зэпеуэмрэ зэхэту мэ­къуауэ­гъуэм и 17-м щегъэжьауэ махуиплIкIэ Лазаревскэ щIыналъэм щекIуэкIащ.

Урысейм и щIыпIэ куэ­-дым къикIа, зэфIэкI зиIэ ­гуп­хэр, уэрэджыIакIуэхэр зэ­хуэ­­зышэсар Дунейпсо ­Арт комитетращ. А зэ­пеуэхэм я къэп­щы­такIуэ­-хэм  хэтащ цIыху цIэ­ры­Iуэхэу Бейтыгъуэн ­Iэуес, Дзугутовэ Лидие, Дзэгъэл Iэуес, Даур Иринэ, Погосян Вартан, Ало Алан сымэ, нэ­гъуэщIхэри.
Зэпеуэм и кIэух Iыхьэр, еп­лIанэ махуэр, абы хэтахэм я концерт инкIэ зэхуа­щIыжащ. Къызэгъэ­пэща­кIуэ­хэм жаIащ а зэхы­хьэр лъэпкъхэм яку дэлъ зэ­ныбжьэгъугъэр зыгъэ­быдэ Iуэхугъуэу зэ­ры­щы­тыр. Гухэ­хъуэт икIи нэгу­зыужьт а концертыр.  Зэ­пеуэм  хэта псоми щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр иратащ, нэхъыфI­хэм дыщэ ме­дал­хэр хуагъэ­фэ­щащ.
«Лазурная волна - Сочи 2023» зэпеуэм и Гран-прир хуагъэ­фэщащ: къафэмкIэ - Урысейм щIыхь зиIэ и къэфакIуэ гуп, цIыхубэ къафэмкIэ «Псыгуэнсу» гу­пым  (я унафэщIыр Мыз ­Хьэж­муратщ), Дагъыстэ­ным я «Горцы» къэфакIуэ школымрэ «Ак-Таш» къа­фэмкIэ теат­рымрэ (уна­фэ­щIыр Сол­тан­гишев Магомедрасулщ), Кожлаев М. и цIэр зэрихьэу, зэфIэкI ­лъагэ зиIэ сабийхэм ­зы­ща­гъасэу, Дагъыс­тэ­ным щы­лажьэ «Килиан» гъуазджэхэмкIэ школым (уна­фэщIыр Магомедтагировэ Клав­диещ), ­Вла­дикавказ ­къалэм ­щы­ла­жьэ «АРИОН» ­ныб­­жьы­щIэ ­къэфакIуэ гу-пым ­(уна­­­фэщIыр Бо­латаев­ ­Эрикщ), Владикавказ дэт Гъуазджэ­хэмкIэ ­ли­цейм и лэжьакIуэ гупым (уна­фэ­-щIыр Ца­га­раевэ Джи­нэщ), уэрэд жыIэнымкIэ - Шэ­шэн Республикэм я «Ихьсан» сабий студием ( уна­фэщIыр Муцаевэ Седэщ), «BELKANTO» щапхъэ зыт­рах ансамблым и уэрэ­джы­IакIуэ Погосян Гар- ри (егъэджакIуэр Феоктис­товэ  ­Дианэщ).
КъызэгъэпэщакIуэ гу­пым я унафэщI, Дунейпсо Арт ко­митетым и вице-президент Бей­тыгъуэн Iэуес жиIащ мы ­зэпеуэм хэта псоми зэфIэкI ин ябгъэдэлъу къызэри­лъы­тэр, я гуащIэ щымысхьу абы­хэм ядэлэжьа егъэджа­кIуэхэм фIы­щIи щытхъуи зэрахуэфащэр.
 
Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ