ДИ ХЪУРЕЯГЪЫР - ГЪУЩIЩ

ГъущI лъэхъэнэр тхыдэм жыжьэу хэкIуэтащ. Ауэ ар къагъэунэхуу, елэжьу зрагъэса нэужьщ, цIыхухэм иджырей дуней яухуэу щыщIадзар. ГъущIыр дэнэкIи щыдолъагъу, промышленностым куэду къыщосэбэп. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ Урысейм гъущI нэхъыбэ дыдэу къыщыщIахыу щытащ Екатеринбург. Абы къыщIаха гъущIщ Британие парламентым унащхьэу тралъхьар.

ГъущIыр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ, щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм иту урихьэлIэнущ, дуней псом дыкъыщеухъуреихь. Девгъэплъ абы и щхьэхуэныгъэхэм:

- ГъущIыр егъэткIу градуси 1538-кIэ къэбгъэплъмэ, градус 2862-м егъэкIуэд (испаряется).

- ЦIыхум гъущIыр къыщигъэунэхуагъащIэм щыгъуэ, ар дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэт.

- Иджыри гъущIым елэжьу зыщрамыгъэса зэманым, къыщагъуэт щыIэт метеорит къэхъукIэ зиIэ гъущIхэр. Абыхэм зэрылажьэ Iэмэпсымэ е Iэщэ къыхащIыкIырт.

- Ди лъыр плъыжьщ, абы гъущI зэрыхэлъым къыхэкIыу. Лъым гъущI хэмылъатэмэ, абы лъышэр (кислородыр) щызекIуэфынутэкъым - дыпсэуфынутэкъым.

- Зи Iэпкълъэпкъым гъущI хуримыкъу цIыхум и жеин къэкIуэрейщ, и Iэбжьанэ-лъэбжьанэхэр зэпощIыкI, и щхьэцыр къокI.

- ЩIым и хьэлъагъым щыщу проценти 4, 65-р гъущIщ.

-Космосым гъущI метеоритхэр щынэхъыбэщ мывэ метеоритхэм нэхърэ.

- ЦIыху балигъым и Iэпкълъэпкъым хэлъщ гъущIу грамми 5 хуэдиз.

-ГъущI куэду хэлъщ гранатым, мыIэрысэм, шоколадым, джэш лIэужьыгъуэхэм ящыщхэм.

- Ику ит лIэщIыгъуэхэм Европэм гъущIым къыхэщIыкIа лэрыпсхэмрэ Iэпщэхъухэмрэ зэрылъыну хуитыр къулыкъу зиIэхэрт.

- ГъущI пцIийм езы гъущI къабзэм нэмыщI минерал 300 нэс къыхэбгъуэтэнущ.

- НэгъуэщI минерал хэмылъу къагъуэта гъущI къабзэ нэхъ ин дыдэр тонн 66-рэ хъурт. Ар Африкэм, Намибием, къыщехуэхауэ щыта метеоритым къыхэнарщ.

- ГъущIыр хоткIухь тхъуэбзащхъуэмрэ азотымрэ.

- ЩIы хъурейм дакъикъэ 45 - 47 къэс гъущIу къыщыщIах дунейр къызэрыунэхурэ дыщэу къыщIахам япэбжын.

- Улъия хъужыр кислородым жьэхэуа гъущIым и оксидырщ.

- ГъущIрэ углеродрэ зэхагъавэурэ къыхащIыкI жыр, шыгун. ГъущIым къыхащIыкI малъхъэдисхэри.

- Дунейм гъущIыкIэу тетым ящыщу нэхъыбэ дыдэу узрихьэлIэр бзэхущ. ГъущIыр етIуанэ увыпIэм щытщ.

- ГъущI къабзэ нэхъыбэ дыдэ къыщыщIах щIыпIэу къалъытэ Гренландиер.

- Псыежэхым гъущIу хэлъыр хуэди 100 - 1000-кIэ нэхъыбэщ тенджызым хэлъым нэхърэ.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.