ЖЫГЫЩIЭХЭР УЭГЪУ ЗЭТЕIЫГЪЭЩ

Мэкъуауэгъуэм и 17-р Губгъуэшэкъракъхэм (къумхэм) земыгъэубгъунымрэ уэгъухэм япэщIэтынымкIэ (World Day to Combat Desertification and Drought) я махуэу къыщызэдалъытащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и 49-нэ сессиеу 1994 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж щекIуэкIам. ГъэлъэпIэн ар щыщIадзар къыкIэлъыкIуа илъэсым къыщегъэжьауэщ. 
ООН-м зи гугъу тщIа и зэхуэсым зэрыщагъэувамкIэ, къэрал псоми а махуэм теухуа Iуэхугъуэ пыухыкIахэр (зэIущIэхэр, дерс щхьэхуэхэр, къинэмыщIхэри) щрагъэкIуэкIыпхъэщ, губгъуэшэкъракъхэм земыгъэубгъунымрэ уэгъухэм япэщIэтынымкIэ зэрызыщIагъэкъуапхъэм щытепсэлъыхьу. 
Уэгъухэр зыхуэмылъэ щIыналъэхэм щыпсэухэр егупсысынкIэри хэлъщ губгъуэшэкъракъхэм къыщыхъу тхьэмыщкIагъэхэм хуэдэхэр къалъэIэсын папщIэ иджыри зэман куэд дэкIын хуейуэ. Ауэ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр, иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэнэIуамкIэ, щхьэгъэпцIэжщ. 
Губгъуэшэкъракъхэмрэ уэгъу зыхуэлъэ щIыпIэхэмрэ ди планетэм мы зэманым щымащIэкъым. Абыхэм къызэщIаубыдэ ЩIы Хъурейм и щIы щхьэфэм щыщу процент 46-р, псори зэхэту, цIыху мелардищым щIигъу щыпсэур. А псом я гущIыIужкIи, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, 2100 гъэм ирихьэлIэу, ди планетэм уэгъур щыятэ и щIыпIэхэр куэдкIэ нэхъыбэж щыхъунущ. 
И зы щапхъэу къэдгъэлъэгъуэнщи, Сахарэ къум абрагъуэм Африкэм кIуэ пэтми нэхъри зэрызыщиубгъум къыхэкIыу, ипщэкIэ щыIэ къэрал цIыкIухэр, 2022 гъэм къызэрабжамкIэ, цIыху мелуан 62-м нэблагъэм ябгынащ. Iэпхъуэшапхъуэхэм, дызэрыщыгъуазэщи, егъэзыпIэу къыхахар а континентым ищхъэрэкIэ щиIэ и щIыналъэхэмрэ Европэмрэщ. Ауэ щыхъукIи, Iэпхъуэшапхъуэ ямылейм къишэнкIэ хъуну зэщымыщхъуныгъэхэр зыхуэдэри иужьрей илъэсхэм ди нэгу щIокI.
Гъавэ щIапIэхэр, зыри щыхэпщIэ мыхъужу, зэрызэщIэгъущхьэм, хъупIэхэр удзыншэу нэщI зэрыхъум хэщIыныгъэу цIыхухэми къэралхэми къахуихьыр къыпхуэмылъытэн хуэдизщ. Уэгъухэм щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм ижькIэрэ къадекIуэкIа я хадэ зехьэкIэ-Iэщ зехуэкIэхэм зрагъэхъуэж, дунейпсо экономикэри, зэпIэзэрыт щытыкIэм ирамыгъэтыжу, гугъуехь Iэджэм хадзэ, псом нэхъыщхьэжращи, ерыскъыхэкIхэм я уасэхэр, уапэмылъэщын хуэдизу драгъэуей.
Псалъэм папщIэ, ди къэралым и щIы щхьэфэм щыщу гектар 50-м къыщыщIэдзауэ гектари 100-м нэблагъэм уэгъур щIэх-щIэхыурэ ялъоIэс. Апхуэдэщ, Индыл псышхуэм къедза языныкъуэ щIыпIэхэр, Кавказым и пэIущIэр, Байкал хыжьей абрагъуэм къуэкIыпIэмкIэ къедза щIыгур, Къалмыкъыр, Астрэхъан щIыналъэр. КъызэрабжамкIэ, нэхъыбэ дыдэрэ щIыр щызэщIэгъущхьэ щIыпIэщ Урал псым и Iэгъуэблагъэр, Индыл псым и курыхымрэ ар Каспий хым щыхэлъэдэжым деж щыIэмрэ. Уэгъухэм я зэранкIэ, а Iуэхум телажьэ щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Урысей Федерацэм хьэцэпэцэу къыхуехьэлIэжынум гъэ къэс тонн мелуан 24-м нэблагъэ, ику иту, щыкIэроху. 
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, апхуэдэ гуныкъуэгъуэхэм нэхъ япэIэщIэ дыхъун папщIэ, Iэмал нэхъыфIу къэгъэсэбэпыпхъэр щIыгулъыр щыгъущ щIыпIэхэм жыгыщIэхэр нэхъыбэу щигъэтIысыкIынырщ. КъызэрекIуэкIыр аращи, абыхэм я лъабжьэм удзыщIэхэми зыкъыщызэщIаIэтэ, псыIагъэми нэхъ зыщызэтраIыгъэ. Дауи, зэрыгурыIуэгъуэщи, уэгъухэр зыхуэлъэ дэнэ щIыгуи апхуэдэ лэжьыгъэ къызэрымыкIуэхэр щебгъэкIуэкIын щхьэкIэ, къарууи мылъкууи текIуэдэнур мащIэкъым. Мис а псоми цIыхухэри жылагъуэри ирагъэгупсысын щхьэкIэщ зи гугъу тщIы махуэр щIагъэбелджылар. 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.