ЖЬЫ ЗЫЩIЕВГЪЭХУ

Жьыхур ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщыIэм щыхьэт тохъуэ тхыгъэ пасэрей дыдэхэм абы теухуауэ зыгуэрхэр къазэрыхэщыр, абы и сурэт зытет пасэрей скульптурэхэр. Жьыхур лIэужьыгъуитIу щыIэщ: зэкIуэцIыплъхьэж хъухэмрэ мыхъухэмрэ. Япэращ нэхъапэу къэунэхуар. Абыхэм тхьэмпэ, нып е хъурей теплъэ яIэ хабзэт.

Жьыхум и хэкуу къалъытэ Китайр. Абы япэ жьыху абрагъуэр къыщыунэхуащ ди эрэм ипэкIэ XI лIэщIыгъуэм. Илъэс щэ бжыгъэхэр дэкIри, къу зэрыт жьыху цIыкIухэри къежьащ. VI лIэщIыгъуэм Японием и пащтыхьым тыгъэ къыхуащIауэ щытащ Китайм къраша жьыху. Японием жьыхур къыщагъэсэбэпырт фIэхъус щызэрахкIэ - ар ягъэсысти, пщIэ зэрызэхуащIыр къагъэлъагъуэрт. Генералхэм унафэ щаткIэ яIыгът дыгъэ къыкъуэкIым и сурэт зытещIыхьа жьыху. Пасэрей Мысырым жьыхум къигъэлъагъуэрт фараоным и щIыхь. Махуэшхуэхэм деж жьыхур яIыгъыну пщIэ къызылъысыр пащтыхь унагъуэм щыщхэрт. Уеблэмэ щыIэт «сэмэгурабгъумкIэ жьыхур щызыIыгъ» цIэ лъапIэ. Абы жьыхур насыпым и дамыгъэуи къыщалъытэрт. Пасэрей Алыджым, Урымым, Критым тхьэмпэм е дыщэджэдым (павлин) и къауцым къыхэщIыкIа жьыхухэр къыщагъэсэбэпу щытащ. Урымым абы «флабелеферкIэ» щеджэрт, Византием япэу щыIа жьыхухэм щхьэкIэ «рипидкIэ» жаIэрт. Индием пасэрей жьыху абрагъуэхэр къулейхэм щIезыгъэху лIыщIэхэр щыIэт.

XVI лIэщIыгъуэм Европэм къыщыунэхуащ зэрыбгъэлъэдэж хъу жьыхухэр. КъыкIэлъыкIуэ лIэщIыгъуэм абы жьыхум нэхъри зыщиужьащ, куэду къагъэсэбэп хъуащ. XVII-XVIII лIэщIыгъуэхэм жьыхур къыхащIыкI хъуащ данэм, фэм, пергаментым, тхылъымпIэ Iувым. Языныкъуэхэм уеблэмэ гъуджэ хащIыхьырт. А зэманым Москва иджыри къыщагъэсэбэпыр зэрыбгъэлъэдэж мыхъу жьыхухэрт. Ар езыр хъурейт, махъшэджэдым и къауцым къыхэщIыкIат, пхъэм, къупщхьэм, мывэ лъапIэхэм, дыжьыным е дыщэм къыхэщIыкIа къу иIэт. Апхуэдэ жьыху иIащ Петра I и анэм. Ар махъшэджэд фIыцIэм и къауцкIэ ящIат, и къур дыщэт, налкъуткIэ гъэщIэрэщIауэ. Жьыхухэр Тыркум кърашырт а зэманым. Ауэ ар ящIыфу щытащ Москва и Iэщэ палатэм и IэпщIэлъапщIэхэми.

Урысейм жьыху гъэщIэрэщIахэр къулейхэм яIыгъыу щытащ Екатеринэ II и пащтыхьыгъуэм щыгъуэ. Бзылъхугъэхэр балл кIуэртэкъым арыншэу. Зрагъэдахэу, зрагъэщIагъуэу арат и мыхьэнэр.

XIX - XX лIэщIыгъуэхэм жьыхум и мыхьэнэ дыдэр игъуэтыжащ - хуабэм зыкърагъэлу, зырагъэщIыIэтыIэу къагъэсэбэп хъужащ. Ди зэманым жьыху нэхъ къызэрыгуэкIхэри гъэщIэрэщIахэри щыIэщ.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.