МЭШЫКЪУЭ И ЩЭХУХЭР

Псыхуабэ къалэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщытщ Iуащхьэ дахэшхуэ, МэшыкъуэкIэ зэджэр. Абы метр 993,7-рэ и лъагагъщ, къызэрахутамкIи, а щIыпIэм деж лъэхъэнэ жыжьэм къэбэкъауэ къыщикIыну къеIэурэ, Iуащхьэр къыдрихуеяуэ аращ. НобэкIэ Мэшыкъуэ зыгъэпсэхупIэ, узыншагъэр щызэтрагъэувэж, нэгузыужь IуэхущIапIэ куэд тращIыхьами, нэхъапэIуэкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэу щытащ, тхыдэшхуи и щIыбагъ къыдэлъщ.
Iуащхьэм Мэшыкъуэ цIэр щIыфIащам тхыдэ зыбжанэ иIэщ. Я нэгу зрагъэужьыну Кавказым къакIуэхэм хуаIуатэ хъыбарым тепщIыхьмэ, Мэшыкъуэ и цIэу пщащэ тхьэIухуд псэуащ, фIыщэу илъэгъуа Тау щауэр Iуащхьэмахуэ зэрыIэщIэкIуэдам тепыхьэу. Абы и фэеплъу Iуащхьэм пщащэм и цIэр къыхуэнащ. НэгъуэщI хъыбаркIэ, адыгэхэм Iуащхьэр зыдэт къуэм мэш щащIэу щытащ, хугу щыхасэу, абы папщIэ Мэшыкъуэ фIащащ. А къуэм дэсу щыта унагъуэхэми Iуащхьэм и цIэр унагъуэцIэу къащтэжауэ. Тхыдэр нэхъ куууIуэу зыджхэм жаIэ нэрыбгейхэр Кавказым щыщыпсэуа лъэхъэнэм Мэшыкъуэм Уд IуащхьэкIэ еджэу, илъэсым зэ абдеж щызэхуэсрэ зэпеуэшхуэхэр щрагъэкIуэкIыу щытауэ. 
Дауэ мыхъуами, Мэшыкъуэр а щIыпIэм деж къыщыунэхун щыщIидзагъащIэм, щIы лъабжьэм куууэ щызекIуэ къэкъуалъэр къызэпхивым тежыхьыжурэ къэхъуа Iуащхьэщ, абы и джабэхэм щIы трищIэу, удз къытекIэжами. Уеблэмэ иджыри къэс мыупщIыIужауэ хуэзыгъэфащэ щIэныгъэлIхэри щыIэщ. 
Мэшыкъуэ и щхьэфэм телъ зэгуэтхъыпIэхэм хэжыхьауэ къыщагъуэтыж пасэрей зэманым Псыхуабэ и Iэхэлъахэм щыкIыу щыта жыгхэм, удзхэм я лъэужь, пылым, щыхьым, бланэм я къупщхьэхэр. 
Iуащхьэм и ипщэ джабэм кумбышхуэ иIэщ, бгъуэнщIагъым ехыу. А бгъунщIагъым и щIэм гуэл итщ, Мэшыкъуэ къыщыунэхуа лъэхъэнэм щIым къыщIэжурэ инауэ. ЗэрыжаIэмкIэ, а псыр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэщ. Уеблэмэ 1837 гъэм зыгъэпскIыпIэхэр къызэрагъэпэщри, цIыхухэр абы ехыурэ гуэлым хэсу щытащ. 
НобэкIэ Мэшыкъуэ къэрал археологием и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыуэпс фэеплъщ. Абы къыхэкIыу экологхэм жаIэ зэпымычу Iуащхьэм тращIыхь нэгузыужь ухуэныгъэхэр абы къыщIэж псым зэран зэрыхуэхъур. Тхылъ Плъыжьым иратха къэкIыгъэхэр, псэущхьэхэр, бзу лIэужьыгъуэхэр зэи пхузэтемыгъэувэжыну кIуэдыжыгъуэ ихуащ. Абы и закъуэкъым, езы Iуащхьэм и теплъэми зехъуэж. КъищынэмыщIауэ, Мэшыкъуэ Iыхьэ-Iыхьэу зэпаудурэ, щIыр зэращэр хабзэм къезэгърэ къемызэгърэ кIэлъыплъыпхъэщ. 
Апхуэдэу, 2011 гъэм и фокIадэ мазэм экологхэм Псыхуабэ къалэм и унафэщIхэм зэрызэхуагъазэ тхыгъэ ягъэхьэзырауэ щытащ, цIыхуи 100-м я Iэ щIэлъу. Абыхэм властыр къыхураджэрт Мэшыкъуэ щрагъэкIуэкI ухуэныгъэхэр икIэщIыпIэкIэ щагъэтыну. Нэмыплъ къыщыхуащIым цIыху 600-м я Iэ зыщIэлъ тхыгъэ прокуратурэм ирагъэхьащ, а Iуэхур Ставрополь экологхэми къыдаIыгъащ. ЦIыхубэр абдежи къыщыувыIакъым, ахэр къалэ администрацэм и бжэIупэм деж щэ бжыгъэкIэ щызэхуэсырт, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр кърашалIэрт. Уеблэмэ Путиным Медведевым, Хлопониным деж тхащ. ИкIэм-икIэжым, 2012 гъэм мазаем и 20-м Псыхуабэ къалэм и прокуратурэм и унафэкIэ къызэтрагъэувыIауэ щытащ Мэшыкъуэ тращIыхь пансионатым и ухуэныгъэхэр, абы щыгъуэ къыщIагъэщат Урысейм къалэ ухуэнымкIэ и кодексым къигъэув хабзэхэр къалэ администрацэр зэребэкъуар. 
ЩIыуэпсым и закъуэ мыхъуу, тхыдэм и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуащхьэщ Мэшыкъуэ. Пасэрей зэманым мы щIыпIэхэм щыпсэуа лъэпкъыжьхэм япщхэр щыщIалъхьэжауэ, кхъэлэгъунэ бжыгъэншэхэмрэ Iуащхьэ цIыкIухэмрэ щыкуэдщ. Апхуэдэу, 19 лIэщIыгъуэм къатIэщIауэ щыта кхъэлэгъунэхэм къыщIахащ хьэдэ къупщхьэхэр, Iэщэхэр, кхъуэщыным къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр. Ахэр нобэми щIэлъщ Псыхуабэ, Ставрополь, Москва, Санкт-Петербург я лъахэхутэ музейхэм. 
Шэч хэмылъу, ухуэныгъэу тращIыхьахэр техыжауэ, щIыуэпсым и хъумакIуэхэм я нэIэ щIэту, хуэсакъыпэу джын хуей щIыпIэхэм ящыщщ Мэшыкъуэ. Хэт ищIэрэ, ди тхыдэр нэхъри къэзыгъэбэтэн щIэщыгъуэ гуэрхэр къыщIахыжынри хэлъщ. 
Сурэтыр Арестов Андрей трихащ. 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.