МЫХЪУМЫЩIИТI НЭХЪРЭ ЗЫ ХЪУА-ЩIА

Къуэн Исмел и ныбжьэгъу гуэрым деж лъагъунлъагъу кIуауэ здэщыIэм, и гъусахэри езыри губгъуэ ихьахэу мэкъумэшыщIэхэм я лэжьэкIэм кIэлъыплъхэрт.
ЛIитI я IэбэкIэрэ витI я екъукIэрэ хуабжьу игу ирихьащ Исмелым. КъехьэкI-нехьэкI хэмылъу, лIиплIрэ витIрэкIэ кърихъуэжыну хуегъэув. «Ахьэ, ар си дежкIэ хъуэжыгъуафIэмэ, ауэ уэ ухелъафэмэ!» - къыпедзыжыр зейм.
«Ар сэ си Iуэхужщ!» - иритыжащ жэуап.
ИужькIэ, ХьэтIохъущокъуэмрэ Къуэнымрэ (тIури пщыт) зэхуэзауэ щызэдэуэршэрым, плIырыплI лIырэ вырэ ириту, тIурытI вырэ-лIыуэ къихъуэжауэ щыхуиIуатэм, «Уэрей, делагъэмэ а уэ пщIар! А, зи унагъуэрэ, апэсыкIэ къызощэху, щаитIкIэ узощэжщ уи Iуэхур!»
Гъатхае гуэрым Исмел мэкъуншэ хъуат. «Зы гув из мэкъу сиIамэ, чэт тригъэкIынут си хъушэр», - псалъэм къыдэкIуэу, ХьэтIохъущокъуэм щриIуэкIым, мо лIы Iущым къипхъуэтэжщ къыжриIауэ щытари, «пщэдей нэгъакIуэ, сэ сыдэмысми, къратыну яжесIэнщ!» - къыпидзыжащ.
ХьэтIохъущокъуэр щыдэкIым, и гуащэм унафэ хуищIащ: «Исмел мэкъушэ къигъэкIуэнущи, гъэхьэщIэ. Мо мэкъу Iэтэ инри къегъэуныкъуи, яхуилъхьэр ирегъалъхьэ. Абы и ныкъуи яхуилъхьэнукъым, къанэр быдэу зэщIегъэуфэж».
Мэкъушэхэр къыщысым, гъэлъэхъу дзажэбгъуэр яхуигъэхыщIэри, хуэфащэ мырэмысэрэ махъсымэ кхъуэщынрэ къахутригъэуващ…
ЛIитIыр тIысщ, дзажэри мырамысэри, къанэ щымыIэу яшхщ, махъсымэ кхъуэщынри Iубыгъуэ къэмынэу трафыхьыжащ. Мэкъу Iэтэшхуэм гувыр ирахулIэри, зэрыщыту иралъхьащ. Мэкъугур фэ кIапсэшхуэкIэ зэщIакъузэжщ, вытIощыщIэр зым иубыдри, къыщыдэкIыжым, мэкъуэщ куэбжэм дэмыхуэу дэнащ. 
Ауэ щыхъум, мыдрейм гупхэм плIэкIэ зыщIигъакъуэщ, «гъуэшкIэ» выхэм щегуоум, щыри зэдекъури, куэбжэ сэххэр хащIыкIри, екъури ежьэжахэщ. 
Пщыр пщыхьэщхьэм къыщыдыхьэжым, Iуэхур къызэрекIуэкIар гуащэм къыщиIуатэм: «Уэлэхьэ, Исмел делагъэ имыщIат, ауэ зи акъыл хунэмысар сэрат!» - и щхьэм хужиIэжащ. 
Ей-й! Апхуэдэ зыгуэрщ, адыгэм «щэ уэстын, хьэмэрэ щэ и уасэу зы уэстын» щIыжиIэгъар. 

 

БАБЫГУЕЙ Сосрыкъуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.