ГИПОФИЗЫМ ЕЛЪЫТАР

ЦIыхухэм лъагагъкIэ къахэщхьэхукIхэм щхьэкIэ «иныжь» е «цIыкIужьей» жаIэ. Дэ тщIэркъым IуэрыIуатэм къыхэщыж иныжьхэмрэ цIыху цIыкIухэмрэ медицинэм къитIэщIа узыфэм  зыгуэркIэ къепхами, ауэ нобэкIэ пыл узымрэ (гигантизм) цIыкIужьеймрэ (нанизм) къэхутэныгъэ щхьэхуэу медицинэм хэтщ.

ЛъхугъэмкIэ, цIыхур зэрыхэхъуэмкIэ, Iэпкълъэпкъыр зэрылажьэмкIэ жэуап зыхьыр гипофиз жыхуаIэу,  щхьэкуцIым пкърылъ пкъыгъуэрщ. Мис а гипофизыр егъэлеяуэ лажьэмэ, пыл узыр къызэщIоушэ, тэмэму мылажьэмэ цIыхур - цIыкIуу къонэ. ЦIыхухъур сантиметр 210-м, цIыхубзыр сантиметри 195-м нэхърэ нэхъ лъагэмэ, балигъыпIэ иуварэ сантиметри 147-м нэхърэ нэхъ лъахъшэмэ, апхуэдэхэр сымаджэу къалъытэ дохутырхэм. Гигантизмым цIыхур зэрылъагэм нэхъ дагъуэ къримытми, гипофизым и гуащIэгъуэр къызэтомыгъэувыIэмэ, актомегалием хуокIуэж. Ар нэхъ шынагъуэщ, сыту жыпIэмэ, цIыхум и щхьэр, и Iэхэр, и лъакъуэхэр нэхъ иныж мэхъу, сымаджэр «къуабэбжьабэ» ещI.

Пыл узым къыщыщIидзэр ныбжьыщIэр балигъыпIэ щиувэм дежщ. Ар къызэфыкIхэр зэ IуплъэгъуэкIэ шынагъуэми, абыхэм я узыншагъэр щIагъуэкъым, къаруушхуи яхэлъкъым, уеблэмэ гупсысэкIэкIэ я ныбжьым къыкIэрыхуу, гъащIэ мащIэу, лъхуэн-пIэн гукъыдэж ямыIэу апхуэдэщ. ЩыIэщ гигантизмыр Iэпкълъэпкъ псоми зэхуэдэу къыщемыфыкI. Псалъэм папщIэ, е и Iэ, е и лъакъуэ, е и щхьэ ин хъууэ, мыдрей пкъыгъуэхэм щылъэмыIэс.

Мы узыфэ шынагъуэр нэхъыбэу къызэузыр и къупщхьэхэр зэрымубыдауэ къалъху сабийхэращ. ЗэрыжытIащи, абы зыкъыуегъащIэ илъэси 9-13 къыщыщIэдзауэ икIи и хьэхъуэныр къызэтемыувыIауэ дунейм ехыж щыIэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ къызэрыгуэкI адэ-анэхэм апхуэдэ бын къащIэхъуэнкIэ зэрыхъунур, икIи баскетболым хэт спортсмен лъагэхэр пыл уз зиIэхэм хэбгъэгъуащэ зэрымыхъунур.

Дауэ мыхъуами, гипофизыр тэмэму щымылажьэм деж цIыхум и щхьэр узырейщ, и лъэр щIоху, я нэпкъыр, жьэгъур нэхъ ин, щхьэфэр Iув, макъыр лъахъшэ, тхьэкIумэшхуэ, пэшхуэ, щыгъупщэх мэхъу, и нэм кIэроху, и теплъэм зехъуэж, и дзэпэфIанэ зэхуакур зэкIэщIокIуэт, лъакъуэр хохъуэ. Абы къыдэкIуэу сымаджэм и лъхуадэхэм, жьэжьейтесхэр, кIэщIу жыпIэмэ, гормон къызыпкърыкI пкъыгъуэхэм я лэжьыгъэри къызэтоувыIэ, псы хуолIэрей, и къупщхьэ-лъапщхьэр къоуз, и лъэр хузэблэхыркъым.

Псэущхьэхэм (дзыгъуэм, хьэм) тещIыхьауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, гипофизыр къибгъэжмэ, хэхъуэныр къызэтоувыIэ. Хэмыхъуэхэм а гормоныр мастэкIэ хэплъхьэмэ, зэуэ заужьын щIадзэри, къыпхузэтемыгъэувыIэжу иныIуэ мэхъу. Абы и закъуэкъым, илъэс зыбжанэкIэ хущхъуэ зылъыса Iэпкълъэпкъыр абы йосэжри, сэбэп хуэмыхъужу къонэ.

Гормонхэм къищынэмыщIауэ, цIыхум и лъагагъэр елъытащ зыхэпсэукI щIыуэпсым и къабзагъэми.

Дунейм цIыху нэхъ лъагэ дыдэу тетауэ тхыдэм ищIэжыр Першинг Уодлоу Робертщ. Абы и гопофизым хищIа шыкъырым и зэранкIэ сымаджэт, пыл уз къефыкIырт икIи сантиметр 272-рэ и лъагагът, килограмми 199 хъурт. Нэхъ цIыкIу дыдэу Гиннесым и тхылъым ихуар Ираным щыщ Гадерзаде Афшинщ. Ар илъэс 22-рэ щыхъум сантиметр 64,7-рэ и лъагагъыу арат. Афшин зэрыжиIэмкIэ, и цIэ-унэцIэр итхыжу иджы дыдэщ зыщригъэсар, курыт еджапIэм къащтэххакъым. АкъылкIэ и ныбжьым фIыуэ къыкIэрыхуми, Гадерзадер мэхъуапсэ машинэ кърихуэкIыу  зригъэсэну, дохутыру еджэну. А псори зэлъытэжар Iэбжьанэ ныкъуэ хуэдиз хъу пкъыгъуэрщ!

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.