1828 ГЪЭМ - АДЫГЭХЭР ЗЭКЪУАЧ

Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зы Iыхьэщ пащтыхь къэралыгъуэм адыгэ щIыналъэхэр зэкъуичын щыщIидза лъэхъэнэр. А Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъуауэ тхыдэджхэм къалъытэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кучук-Кайнаджир мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэращ.
Абдежым къыщегъэжьауэ, Псыжь (Кубань) и ижьырабгъу лъэныкъуэр Урысейм, адрыщIымкIэ щыIэ щIы Iыхьэхэр (КIахэ Адыгэр, Абазэр, Убыхыр), хы ФIыцIэм нэсыху, Тыркум IэщIэлъу къызэдалъытэным хуэгъэза дэфтэрым къэралитIым я лIыкIуэхэм Iэ зэдыщIадзащ, абыкIэ езы адыгэхэм зэремыупщIыххауэ.
Мыдрейуи, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пащтыхь администрацэм Къэбэрдейм лэжьэн щыщIидзар 1825 гъэрщ. А лъэхъэнэм абы и хэщIапIэр здэщыIар Константиногорскэ быдапIэрщ (иджырей Горячеводск пэмыжыжьэу).
ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм Мэшыкъуэ Iуащхьэм и Iэхэлъахэм, иджы «Кавминводы» зыхужаIэм, иса адыгэ-абазэ къуажэхэр щIэгъэхуэбжьауэ кърагъэIэпхъукIыу хуежьат.1816 гъэм и закъуэ къэтщтэнщи, мы щIыпIэм, япэщIыкIэ Теккели, иужькIэ Ермолов генералхэм я унафэкIэ щрагъэкIуэкIа теуэхэм къарикIуэу, къуажэ18 зэуэ кърагъэIэпхъукIащ. Абыхэм ящыщу иныкъуэр Балъкъ псыхъуэ дагъэтIысхьащ, мыдрейхэм Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэр хуагъэлъэгъуащ.
Я Iэмалыр гущIэгъуншэ теуэт
Бгырысхэм закъыпигъэщхьэхукIыу, урыс пащтыхьыдзэм къригъэувэкIа «Кавказ линием» и тепщэу 1828 - 1829 гъэхэм щытар генерал Эммануэль Георгийщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, I828 илъэсым Тыркумрэ Урысеймрэ аргуэру зэпэщIэуващ икIи зауэм зэрыхэшащ. А Iуэхугъуэм аргуэрыжьу хьэзаб тIуащIэм хидзащ Псыхуабэ пэмыжыжьэу къэбэрдеищIым а лъэхъэнэми иса адыгэхэмрэ абазэхэмрэ, «шэми сес, шхуми сес» зэрыжаIэу, я щхьэр зыхуагъэщхъынур, е, нэгъуэщI мыхъуми, зызыдрагъэкIунур къахуэмыщIэу утыку къызэринам къыхэкIыу. Абыхэм Псыжь адрыщIкIэ къыщыхута я лъэпкъэгъухэми пыщIэныгъэ хуаIэн хуей хъурт, Къэбэрдейм и тепщэу къэува урысхэми зыдамыгъэшу хъуртэкъым.
Къэдгъэлъагъуэмэ, а лъэхъэнэхэращ, тIэкIу нэхъапэIуэкIэ дызэIэбэкIыжми, Къэбэрдейм къинауэ щыта адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ящыщу Псыжь адрыщIкIэ щыIа я лъэпкъэгъухэм я деж нэхъыбэ дыдэ щыIэпхъуар.
Урыс-Тырку зауэм зэрыщIидзэу, генерал Эммануэль Псыжь адрыщIкIэ щыпсэу бгырысхэм ярищIылIащ зи гущIэгъуншагъэкIэ хуэдэ уигъэлъыхъуэн лъыкIпсыкI теуэхэр. Iэтащхьэм и унафэр зыгъэзащIэ пащтыхьыдзэр ебгъэрыкIуащ абы ипэкIэ Урысейм мамырыгъэкIэ къеувэлIауэ щыта жылэхэми, алъандэрэ я Iуэху зыхалъхьэ мыхъуу къекIуэкIа адыгэ-абазэ лIакъуэхэми.
КъэралыгъуэжьитIым я зэпэщIэувэныгъэм щыщIидзэжа илъэсырщ Тебэрды, Уарп, Лабэ псыхъуэхэм дэса къуажэхэм хьэщхьэрыIуэ теуэхэр щращIылIар. АдэкIэ зи гугъу щытщIынур апхуэдэхэм ящыщ зыщ.
 Хьэлэ хьэлъэт
Полковник Канивальский Михаил и IэмыщIэ иралъхьа дзэр 1828 гъэм фокIадэм и 10-м пшапэ зэхэуэгъуэм иришажьэри, Тебэрды псыхъуэм дэс абазэ жылэшхуитIым я деж нэхущым нишэсащ. Жьанэ къыдэкIыпIэм ищхъэрэкIэ къыщылъ губгъуэм гъатхасэу траса хур къезыхьэлIэжыну къежьа бгырысхэм зэуэзэпсэу яхэлъадэри, къапэувахэм ящыщ куэд яукIащ, гъавэу зыщыгугъ тIэкIури Iисраф зэтращIащ.
А зэхэуэ гуащIэм абазэ къуажитIым я тепщэхэу Ло Нэгъуейрэ Биберд Хьэтэжьыкъуэрэ хэтати, «япэр, бгырыс тIощI дэщIыгъуу, яукIащ, етIуанэр уIэгъэ хьэлъэ ящIащ», - итщ «Кавказский сборник» журналым и 15-нэ тедзэгъуэу XIX лIэщIыгъуэм икухэм къыдэкIам зи тхыгъэ къытехуа дзэлIым и IэдакъэщIэкIым.
«Мы зекIуэ цIыкIум нэгъуэщI зы ехъулIэныгъи къытхудэкIуащ, - щитхыжыгъащ Потто Василий «Кавказская война» и тхылъышхуэм. – Ар, дэ, урысхэм, иджыри къыздэсым здынэсыгъуейуэ къэтлъытэу щыта Къэрэшейм гъуэгу нэхъ кIэщI дыдэ къызэрыхуэдгъуэтарщ. ИкIи ар мазэ нэхъ дэмыкIыу генерал Эммануэль къигъэсэбэпащ, къэрэшейхэр къигъэсабырын мурадыр иIэу, и дзэхэр щришажьэм».
Iуащхьэмахуэ лъапэ пэгъунэгъубзэу, Псыжь и тIуащIащхьэхэм дэса къэрэшейхэм я бжыгъэр I828 гъэм зэрыхъуу щытар, а лъэхъэнэм къызэрабжамкIэ, цIыху мини 8-м нызэрыхьэсщ. Эммануэль къилъытэрт, Европэм щынэхъ ин дыдэ бгым и лъабжьэм урысыдзэр щIишэмэ, адыгэбзэм ирипсалъэ бгырысхэр нэхъ тыншу зэщхьэщичыфыну. Апхуэдэуи хъуащ: къэбэрдейхэмрэ кIахэ адыгэхэмрэ а гъэм къыщыщIэдзауэ тхыдэм и кIыхьагъкIэ зэи къахудэмычыжа «хьэлэ» я зэхуаку къыдэхутащ.

СОКЪУР Щауэмахуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.