Тхыдэм дерс хахыпхъэт…

Курск деж къыщахьа текIуэныгъэр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу

Иужь зэманым куэдрэ зэхыдох зауэ­ Iуэху хэхам хэтхэм къебгъэрыкIуэну зы­зыгъэхьэзыр украин нацистхэм Гитлер IэщIэкIа щыуагъэм къытрамыгъэзэжыну КъухьэпIэм щыщхэм чэнджэщ къы­зэрыратыр. Дауи, мыбы фэрыщIыгъэ хэлъщ. Япэрауэ, ебгъэрыкIуэныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи зыгъэхьэзырыр США-р зи унафэщI езы НАТО-рщ. ЕтIуанэрауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи,  абы апхуэдэу зыхуа­гъэхьэзыр ар зыхуэгъэзахэми. Аращи, а «чэнджэщхэр» нэхъыбэу зэхьэлIар, я му­радыр къаймыхъулIэмэ, езыхэр хейуэ хэкIыу, къуаншагъэ псори зытралъхьэн къагъуэтынырщ. Дауи, ар Украинэм  и президент Зеленскэрщ.
Ауэ сыт хуэдэ щыуагъэ ди жагъуэгъу­ ­политикхэм зи гугъу ящIыр икIи ар етIощIанэ лIэщIыгъуэм и цIыху нэхъ бзаджэнаджэ дыдэу къалъыта Гитлер щхьэ хуэгъэза? А упщIэм и жэуапым дэ дыхуе­шэж илъэс 80 ипэкIэ, 1943 гъэм и гъэмахуэм, «Курская дуга» фIэщыгъэмкIэ тхыдэм хыхьа зауэшхуэм Дзэ Плъы­жьым къыщихьа текIуэныгъэм.
... Сталинград деж хьэлэчу щыхагъэщIа иужь, нэмыцэ зауэлIхэм я лъэр щIэ­хуат, ягухэр иуда хъуат. Абыхэм гушхуэныгъэ халъхьэжын папщIэ фашистхэм абы ещхь текIуэныгъэ гуэр къахьын хуейт. Ари фIэкIыпIэ имыIэу СССР-м и щIыналъэм хуэзэу. ЩIыпIэр къыщыхахащ Орёл, Курск­, Белгород областхэм я зэхуакум. 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м Гитлер ит­­хыгъащ: «Зэхэуэр псынщIэу иухын ­хуейщ дэ дытекIуауэ. Курск  деж къыщытхьыну текIуэныгъэр ди лъэщагъым и дамыгъэу дуней псом щыувынущ». Ар псом хуэмыдэу зыщыгугъыр вермахтым ярита «Тигр» танкыщIэ дыдэрт, абы къилъытэрт а Iэщэ лIэужьыгъуэр къэзыгъэувыIэфын къару а зэманым щымыIэу.
ЛъэныкъуитIри гъэмахуэм пэплъэрт. Зэ­хэуэхэр мащIэ хъуат. Фашистхэм я мурадт Дзэ Плъыжьыр къаухъуреихьу танкхэмкIэ зэхапIытIэну, иужькIи Москва къеIэну. Гитлер унафэ ищIащ ебгъэрыкIуэным замыгъэгувэу щIадзэну. Генерал-фельд­маршалхэу Манштеин Эрихрэ Модель­ Вальтеррэ ар яфIэпасэт: зауэшхуэр зыт­раухуа щIыпIэм  деж нэмыцэхэм къарур къащемэщIэкIырт, ауэ совет зауэлI­хэм къратыну жэуапыр узижагъуэну къы­щIэкIынут. Модель, уеблэмэ фюрерым иригъэлъэгъуащ Дзэ Плъыжьым игъэ­быда щIыпIэхэм траха сурэтхэр. АрщхьэкIэ Гитлер IэубыдыпIэншэт: ар щыгугъырт ищхьэкIэ щыIэ къару гуэрым, ар къыдэIэпыкъуным. Мис аращ и щыуа­гъэу иджы ираудэкIыжри. Пэжу, щебгъэрыкIуэну пIалъэр ягъэIэпхъуащ, арщхьэкIэ мурадым къыпыкIакъым. Генерал Гот къыхилъ­хьэри, танкыдзэр Про­хоровкэ щIыпIэм ягъэIэпхъуащ, ­абдеж щытафэти, ­СССР-м и къарухэм ­у­­дынышхуэ къыщра­дзыфынут.
Фашистхэм я штаб нэхъыщхьэм хуаб­жьу егугъуу зигъэхьэзырырт, псори зэпилъыт хуэдэт. Къащыгъупщар зы за­къуэт: абы ич дэтхэнэ лъэбакъуэми сакъыу кIэ­лъыплъырт совет дзэзешэхэр. Дыдейхэр щыгъуазэт Курск деж къыщезэуэну нэ­мыцэхэм зэрамурадым.  Абы щыхьэт техъуащ тIасхъэщIэххэри, къалэм и гъунэгъуу бийм къаруушхуэ зэрызэщIигъэуIуэм теухуауэ партизанхэм  къат хъыбархэри. Хэб­гъэзыхьмэ, сыхьэтыр къэгъэнауэ, къы­­щеуэну дакъикъэри къащIат. Арати, псори екIуэкIащ вермахтым и штабым зэримыгугъам хуэдэу. 
Нэмыцэхэм къебгъэрыкIуэу  щIадзащ­ 1943 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м. Абы сы­хьэтитIкIэ ипэ къихуэу советыдзэм и топышэхэм щIыр ягъэзджызджу хуежьащ. Ахэр апхуэдизкIэ зэщIэгъэуIуат, икIи, лъэщ­ти, фашистхэр зыпэмыплъауэ къы­щIэкIащ. Вермахтым и генералхэм зэуэ къагурыIуащ я мурадыр къызэрызэпаудар. Абыхэм къахуэнэжыр ебгъэры­кIуэ­ныр ягъэувыIэу захъумэжыным яужь ихьэ­нырт. Апхуэдэ дыдэ къыщыхъуащ­ Белгород-Обоянь унэтIыныгъэми. Манштеин и корпусым унафэ хуищIащ ПрохоровкэкIэ кIуэцIрыкIыу Курск хуэкIуэну. Абдеж щызэIущIащ дыдейхэмрэ бийхэмрэ я танкхэр. Фашистхэр ди щIытIхэм къахуэ­кIуэрт, «Тигр» шынагъуэхэр япэ иту. Абыхэм къакIэлъыкIуэрт «Пантера»-хэмрэ  нэхъ техникэ псынщIэмрэ. «Тигр»-хэм япкъ­хэр апхуэдизкIэ Iувти, ди топышэхэм пхраудыфыртэкъым, метри­щэкIэ гъунэгъу­ къэхъуми. Мис ар ефIэкIыныгъэт! АрщхьэкIэ гъэщIэ­гъуэнщ - абыхэм япимыкIуэту къы­щIэкIащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и танк нэхъыфIу иужькIэ къалъыта ди «Т-34»-хэр.­ Абыхэм зэ­уапIэ губгъуэм тыншу зыща­гъазэрт, зегъэкIуэгъуафIэт, къутами, псын­щIэу пхузэгъэ­пэщыжырт. ИкIи, дауи, «Тигр»-хэмрэ «Пантера»-хэмрэ лъэпощхьэпо бзаджэу къахущIэкIащ лагъымхэр куэду зыщIатIа губгъуэр, совет бомбэзехьэ­хэм тра­дзэ удынхэр. Ахэр апхуэдизкIэ гуащIэти, уазэрыпэлъэщын  щыIэтэкъым. Зыри жамыIами, Дзэ Плъыжьым куэдкIэ нэхъыфIу зигъэхьэзырауэ къыщIэкIащ. Зэ­хэуэхэр нэхъ гуащIэу щыщыта бадзэуэ­гъуэм и 12-м и закъуэ бийхэм яфIэкIуэдащ танк 300-м щIигъу. Иджы ебгъэрыкIуэр ди ­къарухэрт, фашистхэм захъумэжырт. Совет фронтитхури жыджэру Iуэхум хэтт. Абыхэм ­хуит къащIыжащ Орёл, Белгород, Харьков ­къалэхэр. А ехъулIэныгъэшхуэм  и ­саулыкъукIэ, Хэку зауэшхуэм зэрыщIи­­дзэ­рэ ­япэ салютыр Москва щатауэ щытащ.
Фашистхэм Прохоровкэ яубыдыфакъым, советыдзэхэм я къарухэр пхатхъыфакъым. КIэщIу жыпIэмэ, я мурадам щыщу зыри къайхъулIакъым.
Сталинград хуэдэуи, совет зауэлI­хэм мыбдежми къыщагъэлъэгъуащ псэ­емыблэж хахуагъэ. Абы и щапхъэхэр ­гъунэжщ. Топым и унафэщI Борисов Михаил къихутащ «Тигр» шынагъуэм и щIагъымкIэ гъущIыр зэрыщынэхъ пIащIэр икIи нэхъ зэрыпхыудыгъуафIэр. Абы хузэ­фIэкIащ апхуэдэ танки 7 икъутэн. Борисовым и бгъэм ЛIыхъужьым и Дыщэ Вагъуэр къыхалъхьащ икIи щымыгугъауэ, Сталиныр, Черчилль, Жуковыр, Молотовыр, Левитан сымэ, нэгъуэщIхэри я ­гъусэу ихуащ­ Гитлер езым и бий нэхъ кIэуфIыцIхэр зритхэ тхылъым. Борисовым хуэдэхэр къикIуэтынутэкъым. Лейтенант нэхъыщIэ Деревянкэ Алексей, танки 4 зыкъутам, и Iыхьлыхэм яхуитхырт: «Ди бийхэр бзаджэщ, зауэр гущIэгъуншэщ. ЗэвгъащIэ, саукI хъужыкъуэмэ, сэ лIыхъужьу фIэкIа си псэр стынукъым!?»
Курск къэухъуреихьыныгъэ ныкъуэм иужь­кIэ зыми шэч къытрихьэжакъым къа­ру бзаджэнаджэм - фашизмэм - и бгыр зэрызэпаудынум.
АрщхьэкIэ нацизмэм и къуэпсхэр гъущакъым. Апхуэдиз илъэс дэкIа иужь ахэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къыщыдэжыжащ  ди гъунэгъу Украинэм. Дауи, КъухьэпIэ зэкъуэткIэ зэджэжыр дэмыIэпыкъуамэ, ар къызэфIэувэнутэкъым. Иджы нэгъуэ­щIым и жыIэм щIэувэну хуэмей Урысейм къыпэщIэтщ къару зэхэдзэкIэ. Вашингтонщ иужь зэманым мыувыIэу зи гугъу ящI ебгъэрыкIуэныгъэр зи унафэ щIэту ягъэ­хьэзырри, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа чэнджэщхэр къызыбгъэдэкIри. АрщхьэкIэ, зэрытлъагъущи, тхыдэр щыхьэт тохъуэ апхуэдэ бзаджэнаджагъэхэм гъуэгу зэрамыгъуэтым. Курск и щапхъэм и за­къуэ ирикъунщ.

«Махуэкум» и къыдэкIыгъуэр зыгъэхьэзырар Шал Мухьэмэдщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.