Япэ гъэлъэгъуэныгъэ

Тэрч щIыналъэм щыщ сурэтыщI ­Къандрокъуэ Хъусен и Iэдакъэ­щIэкI­хэм я гъэлъэгъуэныгъэ иджы­благъэ щекIуэкIащ Нарткъалэ Сабий гъуаз­джэ­хэмкIэ и «Радуга» школым.

СурэтыщI щIалэщIэм дежкIэ япэ гъэ­лъэгъуэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Зэ­рыжаIэщи, Iуэхур зэребгъажьэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ школым и унафэщI Къардэн Равидэ. Ар ­Къандрокъуэ Хъусен и лэжьыгъэхэм щытхъуа, езым къызэрилъытэмкIэ абыхэм яхэлъ фIагъым, щIагъыбзэм я гугъу ищIа иужькIэ, апхуэдэ лъэбакъуэ дахэкIэ гъуазджэм и дунейм хэбэкъуа щIалэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэрэ зыу­жьыныгъэрэ щымы­щIэну. СурэтыщIым и анэ Альбинэ (выс­тавкэм кърагъэблэгъат) и къуэм и зэ­фIэкIым зэрызригъэужьам, зэ­радэIэпыкъуам папщIэ фIы­щIэ хуищIащ къэпсалъэм.
Хъусен и IэдакъэщIэкIхэм ятеухуауэ а зэхыхьэм къыщыпсэлъащ усакIуэ, драматург «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ.
Къандрокъуэм и лэжьыгъэхэр нэ­гъуэщIхэм къахэзыгъэщщ плъыфэ зэ­хэлъхьэкIэр, абыхэм ящIэлъ гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр. Зэ еплъыгъуэкIи нэ­рылъагъущ яхэлъ псэ хуабагъыр, лъа­гъуныгъэр, гурыфIыгъуэр.
Хъусен къыщыпсалъэм фIыщIэ ­хуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр щигъэ­хьэзырым къыдэIэпыкъуа егъэджа­кIуэхэм, школакIуэхэм, Аруан щIыналъэм и цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Хьэпэ Залинэ сымэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърагъэхьэлIат сурэтыщIым и благъэхэм, Iыхьлыхэм, абы къыдеджахэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ. ЩIалэм и зэфIэкI хигъахъуэу ипэкIэ кIуэтэну ехъуэхъуащ ахэр.
Тэрчокъуэ  Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.